7-НЭ ІЫХЬЭР
Сабийхэр зэрыгъэсэн хуей щІыкІэр
«БгъэзэщІэн хуейуэ нобэ бжесІэ псалъэхэр уи гум илъын хуейщ. Ахэр уи бынхэм яхэпщэ» (Второзаконие 6:6, 7).
Унагъуэр къэзыгъэщІа Иеговэ сабий гъэсэныр адэ-анэм я пщэ дилъхьащ (Колоссэ 3:20). Абыхэм я къалэным хохьэ сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу ягъэсэныр (2 Тимофей 1:5; 3:15). Фэ иджыри фыхущІэкъун хуейщ фи сабийхэм я гум илъыр къэфщІэну. Фэ абыхэм евгъэлъагъу щапхъэми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ и Псалъэр фигу илъу щытмэ, фи сабийхэри нэхъ тыншу абы хуевгъэсэфынущ (Псалом 40:8).
1 САБИЙМ ФЕДЭІУЭНУ ФЫХЬЭЗЫРУ СЫТ ЩЫГЪУИ ФЫЩЫТ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр, ауэ щІэх иремыпсалъэ» (Екъуб 1:19). Фэ фыхуейуэ къыщІэкІынщ фи сабийр хуиту сыт хуэдэ Іуэхуми теухуауэ къывэпсэлъэфыну. Сабийхэм зыхащІэн хуейщ фэ абыхэм федэІуэну сыт щыгъуи фызэрыхьэзырыр. Фи унагъуэм мамырыгъэ илъын хуейщ, сабийхэм я гум илъыр, я гупсысэхэр къывжаІэфын щхьэкІэ (Екъуб 3:18). Ахэр вгъэкъуэншэну шынэмэ е пхъашэу фахущытмэ, я гум илъыр къыфхузэІуахыфынукъым. Фи сабийхэр фІыуэ зэрыфлъагъур щІэх-щІэхыурэ яжефІэным икІи тэмакъкІыхьу фыщытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Маттэ 3:17; 1 Коринф 8:1).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Сабийр къывэпсэлъэну щыхуейм деж абы жиІэм федаІуэ
-
Зыгуэр къыщыхъуам деж и мызакъуэу, щІэх-щІэхыурэ фи сабийхэм фепсалъэ
2 АБЫХЭМ ЖАІЭМ КЪИКІЫР КЪЫВГУРЫІУЭНУ ФЫХУЩІЭКЪУ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЗэхэщІыкІ хэлъу Іуэхум бгъэдэтым ехъулІэныгъэ иІэнущ» (Притчи 16:20). Иныкъуэхэм деж сабийр щыпсалъэкІэ иІэ гурыщІэхэр занщІэу къыбгурыІуэну тыншкъым. НыбжьыщІэхэм егъэлеиныгъэ хэлъу псэлъэну е зэмыгупсыса жаІэну я хьэлщ. «УемыдэІуауэ икІэм нэс жэуап птыжыныр — акъылыншагъэщ» (Притчи 18:13, Гъэсэпэтхыдэхэр). Фи сабийм и псалъэхэр занщІэу фи гум евмыгъэжалІэ (Притчи 19:11).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Фи сабийхэм сыт жамыІами, ахэр зэпывмыудыну икІи жаІэр фигу иримыхьми, фыкъэмыгубжьыну мурад быдэ фщІы
-
Абыхэм я ныбжь фыщитам фэ фызэрыгупсысэу щытар икІи фи дежкІэ сытым мыхьэнэ иІэу щытами фигу къэвгъэкІыж
3 ЗЭАКЪЫЛЭГЪУУ ФЫЩЫТ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЕдаІуэ, си щІалэ, уи адэ и ущие, уи анэ и псалъи иригъуазэ» (Притчи 1:8, Гъэс.). Сабий гъэсэныр Иеговэ адэми анэми я пщэ дилъхьащ. Фи сабийхэр жыІэдаІуэу щытыну икІи пщІэ къыфхуащІыну вгъасэ (Ефес 6:1—3). Адэ-анэр зэакъылэгъуу щымытмэ, сабийхэм ар занщІэу зыхащІэнущ (1 Коринф 1:10). Адэ-анэм и пщІэр ффІэмыкІуэдын щхьэкІэ, зэгурымыІуэныгъэ къыщыхъейм деж сабийхэм зэхамыхыу фызэпсалъэмэ нэхъыфІщ.
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Фи сабийхэр зэрывгъэсэну икІи тезыр зэрытефлъхьэну щІыкІэм теухуауэ фызэгурыІуэ
-
Уэрэ уи щхьэгъусэмрэ гъэсэныгъэм теухуауэ еплъыкІэ зырыз фиІэмэ, зым и еплъыкІэр адрейм зэрызэхэфщІыкІыным фыхущІэкъу
4 ГЪЭСЭНЫГЪЭМ АКЪЫЛ ХЭЛЪУ БГЪЭДЫХЬЭН ХУЕЙЩ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Сабийр гъуэгу захуэм хуэущий» (Притчи 22:6, Гъэс.). Сабийхэр езыр-езыру гъэса икІи жыІэдаІуэ хъунукъым. Адэ-анэхэм Іущагъ яхэлъу гъэсэныгъэм бгъэдыхьэн хуейщ икІи сабийм щыуагъэ ищІамэ, ар гъуэгу захуэм зэрытрагъэувэжын хуейри ягу ирагъэлъын хуейщ (Псалом 127:4; Притчи 29:17, Гъэс.). Ауэ гъуэгу захуэм тегъэувэжыным къикІкъым сабийм Іэмал имыІэу тезыр телъхьэн хуейуэ. Абы къыгурыгъэІуэн хуейщ зыгуэр щІищІэн е щІимыщІэн хуейм и щхьэусыгъуэр (Притчи 28:7, Гъэс.). Абы нэмыщІ фи сабийхэм Алыхьым и Псалъэр фІыуэ ялъагъуну икІи абы ит принципхэр къагурыІуэну вгъасэ (Псалом 1:2). Ар абыхэм къадэІэпыкъунущ я напэр тэмэму ягъэсэну (Еврейхэм 5:14).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Фи сабийхэм фадэІэпыкъу я ныбжьэгъум хуэдэу Алыхьым дзыхь хуащІыну икІи щыгугъыну
-
Интернетым, социальнэ сетьхэм е нэгъуэщІ зыгуэрхэм шынагъуэ хэлъыр ялъэгъуну икІи абыхэм зыщахъумэну фи сабийхэр вгъасэ. Абыхэм лей къезыхыфыну балигъхэм дауэ зыщахъумэфынуми къагурывгъаІуэ