Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

9-НЭ УРОКЫР

Сурэтхэмрэ видеохэмрэ къэгъэсэбэп

Сурэтхэмрэ видеохэмрэ къэгъэсэбэп

ЩІэдзапІэ 15:5

ПЩІЭН ХУЕЙР: Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къодаІуэхэм я гум ираубыдэн щхьэкІэ сурэт, видео е нэгъуэщІ гуэр къэгъэсэбэп.

АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:

  • Узытепсэлъыхьыр нэхъ гурыІуэгъуэ зыщІын Іэмэпсымэхэр къыхэх. Сурэтхэр, диаграммэхэр, картэхэр, зэманыр къэзыгъэлъагъуэ шкалахэр е нэгъуэщІ Іэмэпсымэ гуэрхэр къэбгъэсэбэпурэ, гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ. КъодаІуэхэм къэбгъэсэбэпа Іэмэпсымэм и мызакъуэу, абы къыхигъэщ гупсысэри ягу ираубыдэн хуейщ.

  • Къэбгъэсэбэп Іэмэпсымэр цІыхухэм тэмэму ялъэгъун хуэдэу щІы.