Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

16-НЭ УРОКЫР

ЦІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь

ЦІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь

Иов 16:5

ПЩІЭН ХУЕЙР: Нэхъыбэу узытепсэлъыхьын хуейр гугъуехьыракъым, атІэ абы и хэкІыпІэращ; цІыхухэм я гур хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь.

АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:

  • КъодаІуэхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ зэралъагъум шэч лъэпкъ къытомыхьэ. КъодаІуэхэм чэнджэщ гуэр ептыну ухуеймэ, абы ипэ Іэмал зэриІэкІэ ящытхъу.

  • Узымыгъэгушхуэ Іуэхугъуэхэм нэхъ мащІэу тепсэлъыхь. Іей гуэрым утепсэлъыхьын хуей хъумэ, нэхъыбэу узытепсэлъыхьын хуейр езы Іуэхугъуэракъым, атІэ ар къыщІэпхьым и щхьэусыгъуэмрэ абы хэкІыпІэ иІэмрэщ. Уи псалъэм гур хигъахъуэу щытын хуейщ.

  • Библиер къэбгъэсэбэпурэ, къодаІуэхэр гъэгушхуэ. Иеговэ цІыхубэм къытхуищІам, иджыпсту къытхуищІэм, къэкІуэну зэманым къытхуищІэнум гу лъегъатэ. КъодаІуэхэм я гур хэгъахъуэ.