Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10-НЭ УРОКЫР

Уи макъым зегъэхъуэж

Уи макъым зегъэхъуэж

Притчи 8:4, 7

ПЩІЭН ХУЕЙР: Гупсысэхэр къодаІуэхэм гурыІуэгъуэу ябгъэдэплъхьэн икІи я гум унэсын щхьэкІэ уи макъыр хъуэж.

АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:

  • Уи макъым и инагъыр хъуэж. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыщыхэбгъэщын е къодаІуэхэр зы Іуэхугъуэ гуэрым щыхуэбгъэушын хуейм деж нэхъ ину псалъэ. Библием зи гугъу ищІ хьэкумхэм укъыщеджэм деж а Іэмалыр къэбгъэсэбэп хъунущ.Уи макъыр ешэх, жыпІэнур къодаІуэхэм гъэщІэгъуэн ящыпщІын щхьэкІэ, е шынэр е гузэвэныр бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ.

  • Узэрыпсалъэм и псынщІагъыр хъуэж. ГуфІэгъуэ гуэрым ущытепсэлъыхьым деж нэхъ жыджэру псалъэ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэм ущытепсэлъыхьым деж нэхъ хуэму псалъэ.