87-НЭ ХЪЫБАР
ЩІалэщІэ Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІэсщ
ЕПЛЪЫТ, балигъхэм епсалъэ мы щІалэ цІыкІум. Мыхэр Иерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэм и егъэджакІуэхэращ. ЩІалэ цІыкІур Хьисэщ. Ар нэхъ ин къэхъуащ. Иджы ар илъэс пщыкІутІ мэхъу.
ЕгъэджакІуэхэм ягъэщІагъуэ Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ Хьисэ апхуэдиз щищІэр дэнэми. Ауэ мыбдеж Исуфрэ Мэремрэ щхьэ щымыІэрэ? Дэнэ иджыпсту ахэр здэщыІэр? ИІэт къэтщІэнти.
Гъэ къэс Исуф и унагъуэр и гъусэу Иерусалим къокІуэр, ІутІыжкІэ зэджэ махуэшхуэр ягъэлъэпІэну. Назарет къалэр Иерусалим пэжыжьэщ. Зыми машини, мафІэгуи яІэкъым. А зэманым ахэр щыІакъым. ЦІыхум и нэхъыбапІэр абы лъэсу кІуэт. Иерусалим нэс махуищ гъуэгуанэ дэлът.
А зэманым Исуф сабий унагъуэшхуэ хъуакІэт. Абы къыхэкІкІэ ар кІэлъыплъын хуейт Хьисэ и къуэш и шыпхъу нэхъыщІэ цІыкІухэм. Арати, Исуфрэ Мэремрэ я бынхэр я гъусэу Назарет кІуэ гъуэгуанэ жыжьэм тоувэж. Хьисэ адрейхэм я гъусэу къэкІуэжу абыхэм ягугъэщ. Ауэ икІэм–икІэжым къоувыІэри ялъагъу — Хьисэ зыми и гъусэкъым. Я благъэхэми, я цІыхугъэхэми яхэткъым! Арати, абыхэм Иерусалим ягъэзэжри Хьисэ къалъыхъуэ.
ИкІэм–икІэжым мы егъэджакІуэхэм я гъусэу ар къагъуэтыж. Хьисэ мы егъэджакІуэхэм жаІэм фІы дыдэу йодаІуэ, упщІэхэри ярет. ЕгъэджакІуэхэм ягъэщІагъуэ Хьисэ и Іущагъыр. Къигъуэтыжа нэужь, Мэрем Хьисэ йоупщІ: «Си щІалэ, сыт апхуэдэу къыщІыдэпщІар? Уи адэмрэ сэрэ дыгузавэу укъэтлъыхъуащ».
— Сыт сыкъыщІэфлъыхъуэр–тІэ?— егъэщІагъуэ Хьисэ.— Си адэм и унэм сызэрыщыІэнур фщІэтэкъэ?
Пэжу Хьисэ фІэфІщ Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къыщищІэфыну щІыпІэм щыІэн. Дэри апхуэдэу дыщытын хуейкъэ? Тхьэмахуэ къэс Назарет щекІуэкІ Алыхьыр щагъэлъапІэ зэхуэсхэм ар кІуэт. ФІы дыдэу сыт щыгъуи зэредаІуэм щхьэкІэ, абы хъарзынэу Библиер ищІэт. ИІэ–тІэ дэри дыщывгъэт Хьисэ хуэдэу.