Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

101-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ яукІ

Хьисэ яукІ

ЕПЛЪЫТ, мы шынагъуэ къэхъум! Хьисэ яукІ. Пкъом ираІулІащ. И Іэмрэ и лъакъуэмрэ гъущІунэкІэ кІэраукІащ. Хэту пІэрэ Хьисэ апхуэдэ иращІэну зи щхьэ къэкІар?

Хьисэ зылъагъу мыхъухэри щыІэщ. ПщІэрэ ахэр хэтми? Абыхэм ящыщ зыщ ШейтІану Иблисыр. Аращ Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым емыдэІуэну хуэзыгъэушар. Ар дыдэращ Хьисэ и бийхэри хуэзыгъэушар мыпхуэдэ Іуэху шынагъуэ ящІэну.

ФІалъэн и пэкІэ Хьисэ и бийхэм гууз лъэпкъ яхэмылъу абы лей Іей ирах. ПщІэжрэ, Гефсимание жыг хадэм къакІуэу Хьисэ зэраубыдар? Хэт сымэт ахэр? Пэж дыдэщ — дин пашэхэращ. КъэдгъащІэт–тІэ адэкІэ къэхъуар сытми.

Дин пашэхэм Хьисэ щаубыдым, апостолхэр зэбгырожыж. Мэшынэри Хьисэ и закъуэу бийхэм къыхуагъанэ. Пэмыжыжьащэу адэкІэ къыщыту къанэр Пётррэ Иуанрэщ. АдэкІэ Хьисэ иращІэнур зэрагъэлъэгъун щхьэкІэ, ахэр абы иужь йоувэри макІуэр.

Хьисэ къашэ япэм дин пашэшхуэу щытауэ иджы зи ныбжьыр хэкІуэта Аннэ зи цІэм деж. Ауэ абы и деж абыхэм куэдрэ зыщаІэжьэкъым. Абы деж ирашри а зэманым дин пашэшхуэу щыт Каиафэ хуашэ. Абы и унэм диным хуэлажьэ куэд къыщызэхуос.

Мыбдеж, Каиафэ и унэм, Хьисэ хьэкум тращІэ. Хьисэ пцІы къытезылъхьэхэри мыбы къашэ. Диным хуэлажьэхэм трагъэчыныхьу зы жьэу жаІэ Хьисэ зэрыукІын хуейр. ИтІанэ и напэм щІоубжьытхэ, ІэштІымкІэ яубэрэжь.

Апщыгъуэм Пётр пщІантІэм дэтт. Жэщыр щІыІэти, мафІэ цІыхухэм ящІ. Загъэхуэбэжу здэщытым зы унэІут гуэрым Пётр къелъагъури жеІэр ар Хьисэ зэригъусар.

— Хьэуэ сригъусакъым! — жеІэри Пётр зытригъэхьэркъым.

Щэней къыжраІэ ар Хьисэ зэригъусар. Ауэ щэми Пётр зытригъэхьэркъым. Ещанэу щыжиІэм, Хьисэ зыкърегъэзэкІри Пётр дежкІэ къоплъэкІ. Пётр пцІы зэриупсар и гум щІохьэжыр, щІокІри гухэщІыу магъ.

Мэрем нэхущым диным хуэлажьэхэм Хьисэ синедрионым — я зэхуэсхэр щекІуэкІ хабзэ пэшышхуэм — яшэ. Мыбдеж ахэр щызочэнджэщ, адэкІэ Хьисэ иращІэнумкІэ. ИтІанэ Иудей хэкум и тепщэ Понтий Пилат деж яшэ.

— Мыр цІыху Іейщ, укІыпхъэщ,— пцІы тралъхьэ Хьисэ. ТІэкІу пкърыупщІыхьа нэужь, Пилат егъэщІагъуэ: «Сэ зыри Іей лъэпкъ дэслъагъукъым мыбы»,— жеІэр. ИтІанэ Пилат Хьисэ Ирод Антипэ деж ирегъашэ. Ирод щытепщэр Галилеерами, ар иджыпсту къэкІуауэ Иерусалим щыІэщ. Ироди илъагъукъым къуэншагъэ лъэпкъ Хьисэ бгъэдэлъу. Арати, Пилат деж кърегъэшэж.

Пилат хуейщ Хьисэ къиутІыпщыжыну. Ауэ Хьисэ и бийхэм трагъэчыныхь абы и пІэкІэ яубыдауэ яІыгъ нэгъуэщІ гуэр, хъунщІакІуэ Вараввэ, кърагъэутІыпщыжыну. Шэджагъуэ нэсауэ Пилат цІыхубэм Хьисэ къахущІешри: «Феплъ! Мис фи пащтыхьыр!» — яжреІэр. Дин лэжьакІуэхэр мэкІий: «Іуш адэ! УкІ ар! УкІ!» Арати, Пилат Вараввэ къеутІыпщыжри, Хьисэ яукІыну Іурегъэш.

Мэремым махуэу Хьисэ пкъом кІэраІулІэ. Ибгъу зэрызымкІэ апхуэдэпсу фІэлъщ укІ къэзыхьа щІэпхъаджащІитІ. Ахэр мы сурэтым щыплъагъуркъым. ЛІэным куэд имыІэжу а тІум щыщ зыр Хьисэ къолъэІу: «Пащтыхьыгъуэр къыплъыса нэужь, уигу сыкъэгъэкІыж»,— жеІэри. Хьиси жэуап къетыж: «Укъызогъэгугъэ, жэнэтым ущызигъусэнущ»,— жеІэри.

ГугъэфІкъэ–тІэ абы иритар? ПщІэрэ Хьисэ зи гугъу ищІар сыт хуэдэ жэнэтми? Япэ дыдэ Алыхьым ищІа жэнэтыр дэнэт здэщыІар? Пэж дыдэщ — щІылъэращ. Хьисэ уафэм пащтыхь щыхъуа нэужь, щІылъэм щыІэну ЖэнэтыщІэм насыпыфІэу щыпсэун щхьэкІэ, къигъэхъужынущ а цІыхухъур. Ди дежкІэ гуфІэгъуэкъэ–тІэ ар?