Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

81-НЭ ХЪЫБАР

Щыгугъащ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным

Щыгугъащ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным

ВАВИЛОНЫМ щыщІэдзауэ Иерусалим нэс дэлъ гъуэгуанэ жыжьэр цІыху мин куэдым зэпачащ. Иерусалим къыщысыжам, ар зэхэщэхэжауэ самэшхуэт. Зыри щыпсэужтэкъым. Псори щІэрыщІэу ухуэжын хуейт.

Япэу абыхэм къурмэн щІыпІэр зэтралъхьэж. Ар — Иеговэ тыхь хуащІ къурмэныпхъэ псэущхьэр зытралъхьэ щІыпІэ хэхаращ. Мазэ бжыгъэ дэкІа нэужь, израиль цІыхухэр иужь йохьэ унэшхуэр яухуэжыну. Ауэ я гъунэгъуу псэу бийхэр хуейкъым абыхэм унэшхуэр яухуэжыну. Іуэхур къагъэувыІэн щхьэкІэ ахэр ягъэшынэну хэтщ. ИкІэм–икІэжым абыхэм Персым и пащтыхьыщІэр хагъэзыхьри унафэ къыдрагъэгъэкІ, ухуэныгъэм адэкІэ пыпщэ мыхъуну.

Илъэс бжыгъэ докІ. Илъэс епщыкІубланэр йокІуэкІ израиль цІыхухэр Вавилон къызэрикІыжрэ. Иеговэ езым и бегъымбар Аггейрэ Захариерэ цІыхубэм яхуегъакІуэ, Іуэху кърахьэжьам пащэну къыхуриджэн щхьэкІэ. ЦІыхухэр Алыхьым щогугъ къыдэІэпыкъунуи, бегъымбархэм жаІэр ящІэ. Унафэ къыдэкІам имыдэми, абыхэм ухуэн щІадзэж.

Арати, Персым я унафэщІ Фафнай къокІуэри израиль цІыхухэм йоупщІ хэт хуит къищІауэ абыхэм унэшхуэр ящІыжми. ИтІанэ абы израиль цІыхухэм къыжраІэ Вавилон дыщыщыІам щыгъуэ Кир къыджиІащ: «Иджыпсту Иерусалим вгъэзэжи фи Алыхь Иеговэ и унэшхуэр хуэфщІыж»,— жиІэри.

Арати, Фафнай письмо Вавилон ирегъэхь. Абы къищІэну хуейт а псалъэхэр Кир жиІарэ жимыІарэ. А зэманым ирихьэлІэу Кир псэужтэкъым. Куэд дэмыкІыу Персым и пащтыхьыщІэм Кир пэж дыдэу а псалъэхэр зэрыжриІам щыхьэт техъуэу жэуап кърегъэхьыж. Иджыри пащтыхьым жеІэ: «Я гугъу фымыщІыу израиль цІыхухэм я Алыхьым и унэшхуэр евгъэщІыж. АбыкІэ уэри уадэІэпыкъуну унафэ пхузощІ»,— жеІэри. ИлъэсиплІ хуэдиз дэкІауэ унэшхуэр яух, израиль цІыхухэри абы Іейуэ щогуфІыкІ.

Зэманышхуэ докІ, илъэс 48–м нэс, унэшхуэр зэраухрэ. Иерусалим дэсхэр тхьэмыщкІэ Іейуэ мэпсэу, езы къалэри унэшхуэри къулейсызыфэщ. Арати, унэшхуэр зэрызэгъэзэхуэжын хуейр къещІэр израилхэм ящыщу Вавилоным щыпсэу Ездрэ зи цІэм. ПщІэрэ абы ищІэр сытми?

Ар макІуэ Персым я пащтыхь Артаксеркс дежи а пащтыхьыфІым абы кърет Иерусалим иригъэхьыну тыгъэ куэд. ИтІанэ Иерусалим ихьыжынымкІэ къыдэІэпыкъуну ар йолъэІу Вавилон щыпсэу израиль цІыхухэм. ЦІыху минихым нэс къахокІри дыжьын, дыщэ, налкъутналмэс куэд къыздашэж.

Гъуэгум цІыху Іей куэд ущыхуэзэнущи, Ездрэ мэгузавэ абыхэм дыщэмрэ дыжьынымрэ къытрахыу, езыхэр яукІынкІэ. Абы щхьэкІэ Ездрэ мы сурэтым зэрыщыплъагъущи, зэрылъэпкъыу зэхуешэсри зэгъусэу Иеговэ йолъэІу, Иерусалим щыкІуэжкІэ гъуэгуанэ кІыхь къапэщылъым къыщихъумэну.

Иеговэ ахэр къехъумэ. МазиплІ дэкІа нэужь, Иерусалим ахэр тэмэму носыж. Мы Іуэхугъуэм уигъэлъагъукъэ Иеговэ щыгугъ псори къызэрихъумэр?