Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

53-НЭ ХЪЫБАР

Иеффэ ита псалъэр

Иеффэ ита псалъэр

ЗЭГУЭР къыпщыщІа мыпхуэдэу: псалъэ птыуэ иужькІэ ар бгъэзэщІэжын къыптехьэлъэжауэ? Аращ къыщыщІар мы сурэтым ит цІыхухъум. Аращ ар апхуэдизуи щІэнэщхъейр. Мыр израилым щыщ хеящІэ хахуэ Иеффэщ.

Иеффэ щыпсэур цІыхухэр Иеговэ щыхуэмылэжьэж зэманыращ. Абыхэм аргуэру Іуэхугъуэ Іейхэр ящІэ. Абы щхьэкІэ Иеговэ дегъахуэ ахэр аммонитянхэм хаутэну. ИтІанэ израиль цІыхухэр Иеговэ хуопыхьэ: «Гуэныхь къыщытхьащ уи деж. КхъыІэ, дыкъегъэл!»

ЦІыхухэр хущІогъуэж ящІа Іэхугъуэ Іейхэм. ЗэрыхущІегъуэжар абыхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэжамкІэ. Абы щхьэкІэ Иеговэ мы зы гъуэгуи абыхэм ядоІэпыкъу.

ЦІыхухэм къыхах Иеффэ, аммонитян лъэпкъ Іейм ирагъэзэуэн щхьэкІэ. Иеффэ Іейуэ хуейт а зауэм Иеговэ къыщыдэІэпыкъунуи абы псалъэ ирет: «Аммонитян лъэпкъым сыщезауэкІэ текІуэныгъэр къэзбгъэхьмэ, япэу си унэ къыщІэкІыр уэстынущ»,— жеІэри.

Иеговэ Иеффэ псалъэ итар зэхехри, къыдоІэпыкъури текІуэныгъэр кърегъэхь. ПщІэрэ Иеффэ унэм къигъэзэжа нэужь, япэу абы къыпежьэр хэтми? И пхъурщ — и бын закъуэращ. «Еууей, сипхъу закъуэ! — магъыр Иеффэ,— сыту сыкъэбгъэнэщхъея. Ауэ Иеговэ сэ псалъэ естащ, си псалъэр къэсщтэж хъунукъым».

Иеффэ псалъэ итар сытми и пхъум къыщищІэм, япэ щІыкІэ и жагъуэ хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и адэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ къигъэнэн хуей хъунут. Ауэ гъащІэу къыхуэнэжа псом абы Силом дэт шатырым Иеговэ къулыкъу щыхуищІэнут. Абы щхьэкІэ абы и адэм жреІэ: «Иеговэ псалъэ ептауэ щытмэ, ар бгъэзэщІэн хуейщ».

Арати, Иеффэ и пхъур Силом макІуэри гъащІэу къыхуэнэжа псор иухыху Иеговэ и шатырым къулыкъу щещІэ. Илъэс къэс махуиплІкІэ абы и деж израиль хъыджэбзхэр къокІуэри зэщыгуфІыкІыу зэманыр ягъакІуэ. Иеффэ и пхъур цІыхухэм фІыуэ ялъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы фІыщэу Иеговэ къулыкъу хуещІэ.