28-НЭ ХЪЫБАР
Мусэ цІыкІу къызэрырагъэлар
ЕПЛЪЫТ мы сабий цІыкІур зэрыгъым, цІыхубзым и Іэпхъуамбэр абы къызэриубыдам. Мыр Мусэщ. ПщІэрэ мы цІыхубз дахэр хэтми? Ар мысыр принцессэщ, фирхьэуным и пхъуращ.
Мусэ и анэр хуейтэкъым мысырхэм абы и сабийр яукІыну. Абы щхьэкІэ абы и сабийр мазищ хъуху игъэпщкІуащ. Ауэ абы къыгурыІуэт Мусэ къызэрагъуэтыфынури, къригъэлын щхьэкІэ мыпхуэдэу ищІащ.
Матэ къищтэри псы кІуэцІрымыкІын щхьэкІэ и кІуэцІыр кърищІыкІащ. ИтІанэ матэм Мусэ ирилъхьэри Нил псы Іуфэм Іут удзыжьхэм хигъэуващ. Мусэ и шыпхъу Мэрям абы пэмыжыжьэу уву, адэкІэ къэхъуным кІэлъыплъыну жриІащ.
Куэд дэмыкІыу фирхьэуным и пхъум зигъэпскІыну псым къэкІуащ. Арати, занщІэу плъэри къилъэгъуащ удзыжьым хэт матэр. И унэІутым къеджэри: «Мо матэр кІуэи къысхуэхь»,— жриІащ. Принцессэм абы и щхьэр щытрихам, сыту сабий дахэІуэт абы къилъэгъуар! Мусэ цІыкІу гъыти, ар фирхьэуным и пхъум Іейуэ фІэгуэныхь хъуащ. Ар хуейтэкъым сабийр яукІыну.
Абдежым Мэрям къыІухьащ. Сурэтым ар щыплъэгъунущ. Мэрям фирхьэуным и пхъум еупщІащ: «СыкІуэу ар зыпІын израиль цІыхубз къыпхуезджэн?» — жиІэри.
— КхъыІэ, кІуэ,— жиІащ абы.
Мэрям псынщІэу жэри псори и анэм жриІэжащ. Мусэ и анэр фирхьэуным и пхъум деж къыщыкІуам, абы къыжриІащ: «Мы сабийр къащти схуэгъашхэ, и пщІэр уэстынщ»,— жиІэри.
Апхуэдэ щІыкІэкІэ Мусэ и анэм и сабий дыдэм кІэлъыплъын щІидзащ. ИтІанэ Мусэ ин хъуа иужь, фирхьэуным и пхъум къыхуишэжри абы къуэуэ иритыжащ. Апхуэдэу Мусэ фирхьэуным и унэм къыщыхъуащ.