Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

25-НЭ ХЪЫБАР

Унагъуэр Мысырым мэІэпхъуэ

Унагъуэр Мысырым мэІэпхъуэ

ИСУФ афІэкІа зыхуэІыгъыжкъым. Абы и пщылІхэм щІэкІыну унафэ яхуещІ. И къуэшхэм я гъусэу ар къыщІэна иужь, къыщеудри магъ. Къызыщыгъэхъут абы и къуэшхэр къызэрыуІэбжьар, ар щІэгъыр къагурымыІуэу. ИкІэм-икІэжым абы жеІэ: «Сэ сы-Исуфщ. Псэу си адэр иджыри?»

Абы и къуэшхэр апхуэдизкІэ къэуІэбжьащи псалъэжыфкъым. Ахэр шынэм зэщІищтащ. Исуф къопсалъэри жеІэ: «КхъыІэ, нэхъ гъунэгъуу фыкъызбгъэдыхьэ». Къыщыбгъэдыхьэм абыхэм яжреІэ: «Сэ сы–Исуфщ, сывикъуэшщ, Мысырым кІуэхэм ефщаращ».

ИужькІэ Исуф и гум къыбгъэдэкІыу абыхэм захуегъазэ: «Зывмыгъэкъуаншэ сызэрыфщам щхьэкІэ. Алыхьыращ Мысырым сыкъэзыгъэкІуар, цІыхухэр къезгъэлын щхьэкІэ. Фирхьэуным мы хэку псом и тепщэ сищІащ. ИІэ псынщІэу фыкІуи си адэм жефІэж псори. Мыбы кърекІуи щырепсэу ар».

Абы иужькІэ Исуф и къуэшхэм зредзри, ІэплІэрэ барэ яхуещІ. Фирхьэуным Исуф и къуэшхэр къызэрыкІуар щыжраІэм, абы Исуф жреІэ: «Шыгухэр кърыращти ирекІуэ, абыхэм я адэмрэ я унагъуэхэмрэ къашэну. Мысырым щІым и нэхъыфІу щыІэр естынущ абыхэм».

Абыхэм апхуэдэу ящІащ. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуащ и унагъуэр и гъусэу Исуф и адэр Мысырым къыщыкІуам зэрызэхуэзэжахэр.

А зэманым ирихьэлІэу Екъуб унагъуэшхуэ хъуат. Екъуб, и бынхэр, и быным и быныжхэр зэгъусэу Мысырым Іэпхъуахэр блыщІ хъут, цІыхубзхэмрэ унэІутхэмрэ хэмыту. Псори ахэр Мысырым Іэпхъуащ. Абыхэм израиль лъэпкъкІэ йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым Екъуб и цІэр ИзраилкІэ ихъуэжащ. ИужькІэ зэрытлъэгъунущи израиль лъэпкъыр Алыхьым и дежкІэ лъапІэ хъунущ.