Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

13-НЭ ХЪЫБАР

Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъущ

Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъущ

ПСЫДЗЭШХУЭ нэужьым цІыхухэр здэІэпхъуа щІыпІэхэм ящыщ зыт Ур щІыналъэр. Ар мыхьэнэшхуэ зиІэ, унэ дахэхэр зыдэт къалэ хъуащ. Ауэ Ур дэсхэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт, Вавилон дэсхэм хуэдэу. Уррэ Вавилонрэ щыпсэу цІыхухэр Алыхьым хуэлажьэ Нухьрэ абы и къуэ Симрэ хуэдэтэкъым.

Псыдзэшхуэ нэужьым, илъэс 350-рэ дэкІа нэужь, Нухь лІащ. Абы иужькІэ илъэситІ дэкІа нэужь, мы сурэтым ит цІыхур къалъхуащ. Алыхьым ар фІыщэу илъагъут. Абы зэреджэр Ибрэхьимт. И унагъуэр и гъусэу ар Ур къалэм щыпсэурт.

Зэгуэрым Иеговэ Ибрэхьим жриІащ: «Къэгъанэ Ур къалэмрэ уи Іыхьлыхэмри, кІуэ сэ жыхуэсІэ хэкум». Алыхьым едаІуэу Ибрэхьим къигъэнэфа Урым щиІа тыншыгъуэ псори? НтІэ, апхуэдэ дыдэу ищІащ. Ибрэхьим сытым дежи Алыхьым зэредаІуэу щытам щхьэкІэ, зэрацІыхур Алыхьым и ныбжьэгъуущ.

Ибрэхьим и гъусэу Ур щІыналъэр къагъэнащ абы и Іыхьлы гуэрхэми: и адэ Фаррэрэ и къуэшым и къуэ ЛутІрэ. ДауикІ и щхьэгъусэ Сарри Ибрэхьим и гъусэу кІуащ. Зэман гуэр дэкІа иужькІэ, ахэр къэсащ Харран щІыналъэм. Абы Фаррэ щылІащ. Ахэр Ур пэжыжьэ хъуащ.

Куэд дэмыкІыу, Ибрэхьим и унагъуэр и гъусэу Харран къигъанэри Ханаан зи цІэ щІыналъэм кІуащ. Абдежым Иеговэ щыжиІащ: «Мисыр уи бынхэм естыну щІыналъэр». Ибрэхьим Ханаан щІыналъэм къыщызэтеувыІэри шэтырым щыпсэун щІидзащ.

Алыхьыр Ибрэхьим дэІэпыкъуурэ абы иІэ хъуащ мэл гуартэшхуэхэмрэ нэгъуэщІ Іэщхэмрэ, итІанэ пщылІу щэ зыбжанэ. Ауэ Саррэрэ абырэ сабий яІэтэкъым.

Ибрэхьим илъэс 99-рэ щыхъум Иеговэ жиІащ: «Сэ укъызогъэгугъэ — лъэпкъыгъуэ куэдым я адэ ухъуну». Сыт щхьэкІэ, абыхэм сабий ямыІэжыфыну жьы хъуатэкъэ?