19-НЭ ХЪЫБАР
Екъуб и унагъуэшхуэр
ЕПЛЪЫТ мы унагъуэшхуэм. Мыр Екъуб и къуэ пщыкІутІращ. Пхъухэри иІэщ абы. ПщІэрэ абыхэм щыщ гуэрым и цІэр? ИІэт, зэдгъэцІыхунти.
Лие къилъхуащ Рувим, Симеон, Левий, Иудэ сымэ. Рахиль сабий зэримыІэр щилъагъум, и гум Іейуэ щІыхьащ. Аращ абы Екъуб щІритар и унэІут Валлу. Валлу къуитІ — Данрэ Неффалимрэ — къилъхуащ. Абы иужькІэ Лии Екъуб иритащ и унэІут Зелфэ. Зелфэ къилъхуащ Гадрэ Асиррэ. ИтІанэ Лие иджыри къуитІ къилъхужащ: Иссахаррэ Завулонрэ.
ИкІэм-икІэжым Рахили сабий къилъхуфащ. Абы Исуф фІищащ. ИужьыІуэкІэ абы теухуауэ ІэджэкІэ нэхъыбэ къэтщІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Іейуэ цІэрыІуэ хъунущ. Мыхэр Рахиль и адэ Лаван деж щыщыІэм Екъуб къыхуалъхуа къуэ пщыкІузыращ.
Екъуб иджыри пхъухэр иІэт, ауэ Библием абыхэм щыщу зыщ зи гугъу ищІыжыр, Динэщ.
Лаван деж икІыжу Ханаан кІуэжыну Екъуб мурад щищІа зэманыр къэсащ. Абы щхьэкІэ абы и унагъуэшхуэр, и мэл хъушэшхуэхэр, апхуэдэуи адрей и Іэщхэр зэщІикъуэри гъуэгуанэ кІыхь теуващ.
Екъуб и унагъуэр и гъусэу Ханаан къызэригъэзэжрэ зэман гуэр дэкІауэ, Рахиль иджыри зы къуэ къилъхуащ. Ар къыщыхъуар гъуэгуанэ тетущ. Рахиль Іейуэ гугъу ехьащ, икІэм-икІэжым лъхугъэм илІыкІащ. Ауэ сабийр псэууэ къэнащ. Екъуб абы Вениамин фІищащ.
Дэ Екъуб и къуэ пщыкІутІым я цІэр зэдгъэщІэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ израиль лъэпкъыр къызытекІыжар ахэращ. Зэрыщытыращ, израиль лъэпкъ 12-м Екъуб и къуэхэм я цІэ 10-м зэрахьэ, тІум — Исуф и къуэхэм я цІэр. Екъуб къуэхэр къыхуалъхуа иужькІэ, Исхьэкъ куэдрэ псэужащ. Апхуэдиз къуэрылъху зэриІэм щхьэкІэ, Іэджэуи гуфІэу къыщІэкІынт ар. Ауэ иІэт, деплъынти абы и къуэрылъху Динэ къыщыщІам.