Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

35 УРОКЫР

Унафэ пэж дапхуэдэу къызэрытщтэнур?

Унафэ пэж дапхуэдэу къызэрытщтэнур?

Дэтхэнэ зыми унафэ къэтщтэн хуей мэхъу. А унафэхэм ди гъащІэр яхъуэжыфынущ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми сэбэп е зэран хуэхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, дэ унафэ къэтщтэн хуей мэхъу дыщыпсэуну щІыпІэр, лэжьапІэр къыщыхэтхкІэ, унагъуэ зэдгъэгъуэтынрэ зэдмыгъэгъуэтынрэ дыщегупсыскІэ. Унафэ пэж къызэрытщтэм дэ насыпыфІэ дещІ икІи Иеговэ егъэгуфІэ.

1. Унафэ пэж къэтщтэну Библиер дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

Унафэ къэпщтэн ипэ Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу икІи уи Іуэхум хуэкІуэу Библием итыр къащІэ. Апхуэдэу уэ къэпщІэнущ Иеговэ а Іуэхум зэреплъыр. (Къеджэ Притчи 2:3—6, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Языныкъуэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ Иеговэ къытхуигъэувыр Библием тыншу къыщыдгъуэтынущ. Апхуэдэм деж псом нэхърэ нэхъыфІыр Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу тщІэныр арщ.

Ауэ уи упщІэм теухуауэ Библием зыри имытмэ-щэ? Абы щыгъуи уэ «узрикІуэн хуей гъуэгур» Иеговэ уигъэлъэгъунущ (Исайя 48:17). Дапхуэдэу? Библием ит принципхэмкІэ. Алыхьым и унафэхэм лъабжьэ хуэхъу пэжхэм принципкІэ йоджэ. Абыхэм Алыхьым и еплъыкІэр къыдгурагъаІуэ. Псалъэм папщІэ, Библием ит хъыбархэм дыщеджэм деж Иеговэ игу ирихьымрэ игу иримыхьымрэ къыдощІэ. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ зыгъэгуфІэн унафэхэр къытхуэщтэнущ.

2. Унафэ къыщытщтэкІэ сыт дызэгупсысын хуейр?

Библием итщ: «Губзыгъэм лъэбакъуэу ичым и нэІэ тригъэкІкъым» (Притчи 14:15, Гъэс.). Аращи, унафэ къыщытщтэкІэ, дэ дыпІащІэ хъунукъым. Сыт сщІэн жыпІэу ущегупсысым деж мыпхуэдэ упщІэхэр зэтыж: «Мы Іуэхугъуэм сыт хуэдэ принцип хуэкІуэр? Унафэ къэсщтам щхьэкІэ си напэр къызэмыныкъуэкъужыну пІэрэ? Унафэ къасщтэм адрейхэр сытым хуигъэушыну, ядэІэпыкъуну хьэмэрэ зэран яхуэхъуну? Псом нэхъапэращи, унафэ къэсщтэнум Иеговэ игъэгуфІэну?» (Второзаконие 32:29).

ТщІэ хъунымрэ мыхъунымрэ теухуауэ Иеговэ къыджиІэну хуитыныгъэ иІэщ. Иеговэ и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ къатщІэу, абыхэм дытетыну мурад быдэ тщІымэ, ди напэр абыкІэ дгъэсэнущ. Напэр фІымрэ Іеймрэ зэхэдгъэкІыну къыддоІэпыкъу (Рим 2:14, 15). Библием тету ди напэр дгъасэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ унафэ пэжхэр къэтщтэну.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Деплъынщ Библием ит принципхэмрэ ди напэмрэ унафэ къэтщтэну къызэрыддэІэпыкъум.

3. Библием ит принципхэм зевгъэунэтІ

Библием ит принципхэм унафэ пэжым дапхуэдэу дызэрыхуашэфынур? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Дызыхуейр къыхэтхыну диІэ хуитыныгъэм сыт къикІыр?

  • Дызыхуейр къыхэтхыну Иеговэ сыт хуит дыщІищІар?

  • Иеговэ сыт къыдитар ар зэрыхуейм хуэдэу ди хуитыныгъэр къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ?

Библием ит зы принцип зэпкърытхынщ. Ефес 5:15, 16 къеджи уи зэманыр нэхъыфІу къызэрыбгъэсэбэп хъунум егупсыс:

  • Библием махуэ къэс уеджэн щхьэкІэ;

  • щхьэгъусэфІу, адэфІу, анэфІу, быныфІу ущытын щхьэкІэ;

  • зэІущІэхэм укІуэн щхьэкІэ.

4. Уи напэр зэрыбгъэсэным хущІэкъу

УзыгъэпІейтей упщІэм теухуауэ пщІэн хуейр гурыІуэгъуэу Библием щитым деж унафэ пэж къэпщтэну гугъукъым. Ауэ уи упщІэм теухуауэ Библием зыри имытмэ-щэ? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Сыт ди шыпхъум ищІар и напэр игъасэу Иеговэ игу ирихьын унафэ къищтэн щхьэкІэ?

Сыт нэгъуэщІхэм делъэІу щІэмыхъунур ди пІэкІэ абыхэм унафэ къащтэну? Еврейхэм 5:14 къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Ди пІэкІэ унафэ къащтэну нэгъуэщІхэм дызэрелъэІур дапхуэдэу дэ зэран къызэрытхуэхъунур?

  • Сыт къыбдэІэпыкъунур уи напэр бгъэсэну икІи унафэ пэж къэпщтэну?

Навигаторым хуэдэу ди напэр къыддоІэпыкъу ди гъащІэм гъуэгу тэмэм къыхэтхыну

5. НэгъуэщІхэм я напэм фегупсыс

ЦІыхухэр дызэрызэмыщхьым хуэдэу, унафэ къатщтэхэри зэщхькъым. Адрейхэм я напэм пщІэ зэрыхуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? ЩапхъитІ зэпкърытхынщ.

Япэ щапхъэр. Зылэн зыфІэфІ ди зы шыпхъур нэгъуэщІыпІэ мэІэпхъуэри и зэхуэсыр ехъуэж. Ауэ а зэхуэсым зылэныр тэмэму къэзымылъытэ шыпхъу куэд хэтщ.

Рим 15:1, 1 Коринф 10:23, 24 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Мы едзыгъуэхэр къигъэсэбэпу ди шыпхъум сыт хуэдэ унафэ къищтэ хъунур? Уи напэм къезэгъ Іуэху гуэр нэгъуэщІым и напэм къемызэгъмэ, сыт уэ пщІэнур?

ЕтІуанэ щапхъэр. Ди къуэшым ещІэ йомыгъэлейуэ фадэ уефэ хъуну Библием зэридэр. Ауэ абы унафэ ещІ фадэ зыІуимылъхьэххэну. ТІэкІу щысыну къыздрагъэблэгъам абы елъагъу адрей къуэшхэр фадэ зэрефэр.

Экклезиаст 7:16, Рим 14:1, 10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Мы едзыгъуэхэр къигъэсэбэпу ди къуэшым сыт хуэдэ унафэ къищтэ хъунур? Уи напэм къемызэгъ гуэр нэгъуэщІ цІыхум ищІэмэ, сыт уэ пщІэнур?

 Унафэ пэж дапхуэдэу къызэрытщтэнур?

1. Унафэ къыщыпщтэкІэ къыбдэІэпыкъуну Иеговэ елъэІу (Екъуб 1:5).

2. Уэ уи Іуэхум хуэкІуэ принципхэр Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ къыщылъыхъуэ. Абы нэмыщІ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм уечэнджэщ хъунущ.

3. ИужькІэ уи напэр къомыныкъуэкъужын щхьэкІэ е нэгъуэщІхэм зыгъэлъэпэрэпэн мывэ уахуэмыхъун щхьэкІэ унафэ пщІын ипэ абы кърикІуэным егупсыс.

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Хэт сыт жимыІэми, уэ узыхуейр пщІэну ухуитыжщ».

  • Алыхьым и гурыщІэхэмрэ цІыхухэм я гурыщІэхэмрэ дыхуэсакъын щІыхуейр сыт?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Унафэ пэж къэтщтэн щхьэкІэ япэщІыкІэ Иеговэ и еплъыкІэр къэтщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ унафэ къатщтэр нэгъуэщІхэм сэбэп е зэран яхуэхъунрэ яхуэмыхъунрэ дегупсысын хуейщ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ игу ирихьын унафэ дапхуэдэу къызэрытщтэнур?

  • Дапхуэдэу ди напэр зэрыдгъэсэфынур?

  • Адрейхэм я напэм узэрегупсысыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэж хъун щхьэкІэ сыт хуэдэ унафэхэр къэпщтэн хуей?

«Алыхьыр зыгъэлъэпІэн унафэхэр къафщтэ» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэлыжьыхьым и 15, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)

Иеговэ дызэриунэтІ щІыкІэр къащІэ.

«Иеговэ и лэжьакІуэхэр еунэтІ» (9:50)

Зы щІалэ гуэрым унафэ гугъу къищтэну сыт къыдэІэпыкъуами къащІэ.

«Иеговэ фІыкІэ дыкъызэригъэгугъэм епцІыжынукъым» (5:51)

Зы Іуэху гуэрым теухуауэ унафэ пыухыкІа Библием имытмэ, Иеговэ игу ирихьын унафэ дапхуэдэу къапщтэ хъунуми къащІэ.

«Сыт хуэдэ Іуэхум щхьэкІи унафэ пыухыкІа Библием итын хуейуэ къэплъытэу пІэрэ?» («ХъумакІуэ чэщанэ», дыгъэгъазэм и 1, 2003 гъэ, урысыбзэкІэ)