3 разделыр къэпщытэжын
Уезыгъаджэм и гъусэу мы упщІэхэр зэпкърыфх:
Фыкъеджэ Притчи 27:11.
Иеговэ пэжу ухуэлэжьэну сыт уэ ухуэзыгъэушыр?
(34 урокым еплъ.)
Унафэ пэж къэпщтэну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур, узыгъэпІейтей упщІэм теухуауэ Библием зыри имытмэ?
(35 урокым еплъ.)
Дапхуэдэу сыт и лъэныкъуэкІи пэжагъ зэрыбгъэлъэгъуэфынур?
(36 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Маттэ 6:33.
Мы едзыгъуэм ит принципыр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур лэжьыгъэми ахъшэми еплъыкІэ тэмэм ухуиІэну?
(37 урокым еплъ.)
Иеговэ гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу уэри узэрыхущытыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?
(38 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Апостолхэм 15:29.
Лъым теухуауэ Иеговэ унафэ къыдитар дапхуэдэу зэрыбгъэзэщІэфынур?
А унафэм Іущагъ хэлъу къэплъытэрэ?
(39 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ 2 Коринф 7:1.
АкъылкІи ІэпкълъэпкъкІи къабзэу ущытыным сыт къикІыр?
(40 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ 1 Коринф 6:9, 10.
ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Библием итыр сыт? А принципхэм уэ арэзы утехъуэрэ?
Фадэм теухуауэ Библием сыт хуэдэ чэнджэщ къыдитрэ?
(41, 43 урокхэм еплъ.)
Фыкъеджэ Маттэ 19:4—6, 9.
Нэчыхьым теухуауэ Алыхьым сыт хуэдэ хабзэхэр игъэува?
Нэчыхьыр щебгъэтхкІи щебгъэкъутэжкІи къэрал унафэм тету ар пщІын щІыхуейр сыт?
(42 урокым еплъ.)
Сыт хуэдэ махуэшхуэхэра Иеговэ игу иримыхьыр икІи сыт щхьэкІэ?
(44 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Иуан 17:16, Апостолхэм 5:29.
Нейтралитетыр дапхуэдэу зэрыпхъумэфынур?
Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ гуэр къэралым къыпхуигъэувмэ, сыт пщІэн хуейр?
(45 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Марк 12:30.
Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?
(46, 47 урокхэм еплъ.)