Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

32 УРОКЫР

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ!

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ!

1914 гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм уафэм тепщэн щыщІидзащ. А илъэс дыдэм цІыхухэм я тепщэныгъэм и иужьрей махуэхэми щІидзащ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Къэхъун хуейуэ Библием ит псалъэхэр иджыпсту зэпкърытхынщ икІи къэтщІэнщ 1914 гъэм щыщІэдзауэ дыщыпсэу дунейм къыщекІуэкІымрэ цІыхухэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэмрэ.

1. Пащтыхьыгъуэм тепщэн щыщІидзэну зэманым теухуауэ сыт Библием итыр?

Даниил тхылъым дэ къыщыдощІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм «зэманиблым» и кІэм тепщэн зэрыщІидзэнур (Даниил 4:16, 17). ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІауэ, а зэман дыдэм Хьисэ Мэссихь «хамэ лъэпкъхэм... я тетыгъуэ лъэхъэнэкІэ» еджащ (Лука 21:24). Хьисэ къызэрыхигъэщамкІэ, а псалъэхэр абы щыжиІэм а зэманыр иджыри иухатэкъым. Зэманиблыр 1914 гъэм зэриухар мы урокым къыщытщІэнущ.

2. 1914 гъэм щыщІэдзауэ дыщыпсэу дунейм сыт къыщекІуэкІыр икІи цІыхухэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр ягъэлъагъуэрэ?

«Уэ дунейм укъызэрыкІуэжынумрэ мы дунейм и кІэухыр къызэрыкІуэнумрэ я нэщэнэхэр сыт?» — жаІэу Хьисэ и гъэсэнхэр къеупщІат (Маттэ 24:3). Хьисэ абыхэм яжриІащ ар уафэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу теува нэужь щІылъэм къыщыхъун хуей Іуэхугъуэхэр. Псалъэм папщІэ, абы жиІащ зауэхэр зэрыщыІэнур, гъаблэ къызэрыхъунур икІи щІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ зэрыщыхъеинур. (Къеджэ Маттэ 24:7.) Библием иджыри щыжыІащ «иужьрей махуэхэм» цІыхухэм хьэл мыхъумыщІэхэр зэрагъэлъэгъуэнум къыхэкІкІэ егъэлеяуэ «зэман гугъухэр» къызэрыкІуэнур (2 Тимофей 3:1—5). 1914 гъэм щыщІэдзауэ дунеймрэ цІыхухэмрэ хуабжьу зэрызахъуэжар наІуэщ.

3. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзэрэ мы дунейр нэхъ Іей щІэхъуар сыт?

Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь хъуа нэужь ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ уафэм зауэ щарищІылІэри, текІуэныгъэр къихьащ. Библием зэритымкІэ, ШейтІанри «абы и мелыІычхэри щІылъэм кърадзыхащ» (Апокалипсис 12:9, 10, 12). ШейтІаным куэд мыщІэу кІэ къызэрыхуагъэкІуэнур ещІэри, ар егъэлеяуэ губжьащ. Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным хузэфІэкІ къигъанэкъым цІыхухэм гугъуехьрэ хьэзабрэ яригъэшэчын щхьэкІэ. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым мы дунейр апхуэдизу Іей зэрыхъуар. Ауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм гугъуехьу хъуар Іуихыжынущ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

1914 гъэм Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэпкърых икІи абы къыхэкІкІэ тщІэн хуейр къащІэ.

4. Къэхъун хуейуэ Библием итыр щыхьэт тохъуэ 1914 гъэм Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзам

Алыхьым Бабилэным и пащтыхь Навуходоносор пщІыхьэпІэ иригъэлъэгъуат, къэкІуэну зэманым къэхъунур къригъэщІэн щхьэкІэ. А пщІыхьэпІэмрэ Даниил и псалъэхэмрэ къыхощ Навуходоносор илъэгъуар езым и тепщэныгъэмрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и тепщэныгъэмрэ зэрехьэлІар. (Къеджэ Даниил 4:17.) a

Даниил 4:20—26 итым фыкъеджи таблицэр къэбгъэсэбэпурэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:

Жыгым теухуа пщІыхьэпІэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэрепхар

КЪЭХЪУН ХУЕЙР (Даниил 4:20—36)

Тепщэныгъэр

1. Жыгышхуэр

Тепщэныгъэр зэпоу

2. «Жыгыр ивупщІыкІи... зэманибл» дэвгъэкІ

Тепщэныгъэм щІедзэж

3. «Пащтыхьыгъуэр ууей хъужынущ»

Мы псалъэхэр япэу гъэзэщІа щыхъуам щыгъуэ:

  • 4. Жыгым хэтыт къигъэлъагъуэр? (22 едзыгъуэм еплъ.)

  • 5. Мы пащтыхьым и тепщэныгъэр дапхуэдэу зэрыфІэкІуэдар? (Къеджэ Даниил 4:29—33.)

  • 6. Зэманиблым и кІэм Навуходоносор сыт къыщыщІар? (Къеджэ Даниил 4:34—36.)

ЯПЭУ ГЪЭЗЭЩІА ЗЭРЫХЪУАР

Тепщэныгъэр

4. Бабилэным и пащтыхь Навуходоносор

Тепщэныгъэр зэпоу

5. Ди эрэм ипэ 606 гъэм иужь Навуходоносор и акъылым йокІри, илъэсиблкІэ пащтыхьу щытыну хузэфІэкІкъым

Тепщэныгъэм щІедзэж

6. Навуходоносор и акъылым йохьэжри, тепщэн щІедзэж

Мы псалъэхэр етІуанэу гъэзэщІа щыхъуам щыгъуэ:

  • 7. Жыгым хэтыт къигъэлъагъуэр? (Къеджэ 1 Летопись 29:23.)

  • 8. А пащтыхьхэм я тепщэныгъэр дауэ зэрафІэкІуэдар? Дэнэ дэ щытщІэр Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ а пащтыхьхэм я тепщэныгъэр къазэрыІэщІэмыхьэжар? (Къеджэ Лука 21:24.)

  • 9. Дапщэщ икІи дэнэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щыщІидзэжар?

ЕТІУАНЭУ ГЪЭЗЭЩІА ЗЭРЫХЪУАР

Тепщэныгъэр

7. Алыхьым и тепщэныгъэр къэзыгъэлъагъуэу щыта израил пащтыхьхэр

Тепщэныгъэр зэпоу

8. Ерусалимыр зэхакъутащ. Израил пащтыхьхэм я тепщэныгъэр илъэс 2 520-кІэ зэпыуащ

Тепщэныгъэм щІедзэж

9. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Хьисэ уафэм тепщэн щыщІедзэ

Зэманиблыр дапхуэдиз зэрыхъур?

Библием и языныкъуэ Іыхьэхэм нэгъуэщІ Іыхьэхэр къыдгурагъаІуэ. Псалъэм папщІэ, Апокалипсис тхылъым щыжыІащ зэману илъэсищрэ ныкъуэр махуэу 1 260 зэрыхъур (Апокалипсис 12:6, 14). Аращи, зэманиблыр (тІукІэ нэхъыбэр) махуэу 2 520 мэхъу. Иныкъуэхэм деж Библием «махуэ» псалъэм зы илъэс къегъэлъагъуэ (Иезекииль 4:6). Аращи, Даниил тхылъым зи гугъу ищІ зэманиблыр илъэс 2 520 мэхъу.

5. 1914 гъэм щыщІэдзауэ дунейм хуабжьу зихъуэжащ

Хьисэ жиІауэ щытащ ар Пащтыхь хъуа нэужь дунейр дапхуэдэу щытынуми. Лука 21:9—11 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Мы едзыгъуэхэм зи гугъу ищІхэм щыщу сыт уэ плъэгъуар е сыт зэхэпхар?

Апостол Паул итхауэ щытащ иужьрей махуэхэм цІыхухэр дапхуэдэу щытынуми. 2 Тимофей 3:1—5 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • ЦІыхухэр мы едзыгъуэхэм зэритым хуэдэу зэрыхъуам гу лъыптэу пІэрэ?

6. Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар фи фІэщ зэрыхъур къэвгъэлъагъуэ!

Маттэ 24:3, 14 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар къигъэлъагъуэу мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ нобэ щІылъэм щекІуэкІыр?

  • А лэжьыгъэм уэ дапхуэдэу узэрыхэтыфынур?

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм уафэм тепщэн щыщІидзащ икІи щІылъэм тепщэн щыщІидзэну махуэри куэд мыщІэу къэсынущ. Еврейхэм 10:24, 25 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • А «махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрытлъагъум щхьэкІэ» дэтхэнэ зыми сыт тщІэн хуейр?

ЦІыху гуэрым сэбэп хуэхъун е и гъащІэр къезыгъэлын гуэр къэпщІауэ щытамэ, сытыт уэ пщІэнур?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр 1914 гъэм зэпымыууэ щІытепсэлъыхьыр сыт?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт уэ абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Къэхъун хуейуэ Библием ит псалъэхэмрэ мы дунейм къыщекІуэкІымрэ къагъэлъагъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар. Ар ди фІэщ зэрыхъур къыдогъэлъагъуэ абы теухуауэ нэгъуэщІхэм зэражетІэмкІэ икІи зэІущІэхэм дызэрыкІуэмкІэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Даниил тхылъыр зытепсэлъыхь зэманиблыр щиухам сыт къэхъуар?

  • 1914 гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар сыт уи фІэщ зыщІыр?

  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар уи фІэщ зэрыхъур дапхуэдэу уэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

1914 гъэм щыщІэдзауэ мы дунейм зэрызихъуэжам теухуауэ тхыдэм елэжьхэм жаІэр къащІэ.

«Дуней тетыкІэ мыхъумыщІэм зиубгъун зэрыщІидзар» («Фыкъызэщыу!», мэлыжьыхь, 2007 гъэ, урысыбзэкІэ)

Маттэ 24:14 ит къэхъун хуей псалъэхэр зы цІыхухъум къыщищІам дапхуэдэу и гъащІэм зэрызихъуэжар?

«Бейсболым пэсщІын зыри щыІэтэкъым!» («ХъумакІуэ чэщанэ» № 3 2017, урысыбзэкІэ)

 Даниил тхылъым, 4 псалъащхьэм ит къэхъун хуей псалъэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэрепхар дэнэ дэ щытщІэр?

«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щыщІидзар дапщэщ? (1 Іыхьэр)» («ХъумакІуэ чэщанэ», жэпуэгъуэм и 1, 2014 гъэ, урысыбзэкІэ)

Даниил тхылъым, 4 псалъащхьэм зи гугъу ищІ зэманиблыр 1914 гъэм иухауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щыщІидзар дапщэщ? (2 Іыхьэр)» («ХъумакІуэ чэщанэ», щэкІуэгъуэ и 1, 2014 гъэ, урысыбзэкІэ)

a Мы урокым и кІэм ит « Нэхъыбэ къащІэ» жыхуиІэ рамкэм и иужьрей статьяитІым еплъ.