22 УРОКЫР
ХъыбарыфІыр цІыхухэм дауэ зэрыжетІэ хъунур?
Библиер щыбджкІэ уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Мыр псоми къащІэн хуейщ!» Пэж дыдэу Библием ит хъыбарыфІыр дэтхэнэ зыми зэхихын хуейщ. Ауэ абыкІэ адрейхэм уадэгуэшэну уэ ушынэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ шынэм утекІуэну икІи гуфІэгъуэ уиІэу Библием итымкІэ цІыхухэм уадэгуэшэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
1. Библием къыщыпщІамкІэ пцІыхухэм дауэ узэрыдэгуашэ хъунур?
Хьисэ къахузэІуиха пэжхэр и гъэсэнхэм апхуэдизу я гум нэсати, къащІар цІыхухэм жраІэжыну гукъыдэж яІэ хъуащ. Абыхэм мыпхуэдэу жаІащ: «Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (Апостолхэм 4:20). Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэмэ, уи благъэхэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ Библием къыщыпщІам теухуауэ щабэу зэражепІэн Іэмал къэлъыхъуэ. (Къеджэ Колоссэ 4:6.)
Дапхуэдэу къызэрыщІэбдзэ хъунур?
-
Уи благъэхэм ущепсалъэм деж мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «Мы тхьэмахуэм сэ зы гъэщІэгъуэн гуэр къэсщІащ».
-
Уи ныбжьэгъур сымаджэ хъуамэ е зыгуэрым игъэгузавэмэ, ар зыгъэгушхуэн Библием ит едзыгъуэ къыхуеджэ е хуегъэхь.
-
Къыбдэлажьэхэр «Дауэ ущыт?» жаІэу къоупщІмэ, Библиер щыбджым е зэІущІэм ущыщыІэм къэпщІа гуэр яжеІэж.
-
jw.org сайтыр уи ныбжьэгъухэм егъэлъагъу.
-
Уэ Библием ущрагъаджэкІэ нэгъуэщІ зыгуэр къебгъэблагъэ хъунущ е ари Библием ирагъэджэну хуеймэ, jw.org сайтым заявкэ къызэрыщигъанэ хъунур абы егъэлъагъу.
2. Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну ухущІэкъун щІыхуейр сыт?
Хьисэ и гъэсэнхэм хъыбарыфІыр зыжраІэр я цІыхугъэ закъуэхэратэкъым. Хьисэ ахэр «дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щІыпІэу езыр здэкІуэн хуейм мыкІуэ щІыкІэ тІурытІу игъэкІуащ» (Лука 10:1). Ахэр а Іуэхум апхуэдэу зэгъэпэщауэ зэрыбгъэдыхьам и фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр цІыху нэхъыбэм зэхахыну Іэмал яІащ. Хьисэ и гъэсэнхэм зэгъусэу хъыбарыфІыр зэрагъэІуам гуфІэгъуэшхуэ къахуихьащ (Лука 10:17). Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну мурад зыхуэбгъэувыжыфыну пІэрэ?
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ гузавэм узэрытекІуэ хъунур икІи а лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэпхыу зэрызебгъасэ хъунур къащІэ.
3. Иеговэ уэ къыбдэІэпыкъунущ
«ЖысІэр дауэ къазэрыщыхъунур? Сыт къысхужаІэнур?» жаІэу хъыбарыфІыр зыгъэІуну хуейхэр гузэвэнкІэ хъунущ.
-
Библием иту къапщІэхэмкІэ цІыхухэм уадэгуэшэну ушынэрэ? Сыт щхьэкІэ?
ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
-
Иеговэ и Щыхьэт ныбжьыщІэхэр шынэм дауэ зэрытекІуар?
Исайя 41:10 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:
-
ХъыбарыфІыр бгъэІуну ушынэмэ, тхьэлъэІур дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?
ПщІэуэ пІэрэ?
Иеговэ и Щыхьэтхэм ящыщ куэдым япэм я гугъэу щытащ хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм зэи дэмыгуэшэфыну. Псалъэм папщІэ, Сергей зыри иримыщІысу къыщыхъут икІи цІыхухэм епсэлъэну укІытэт. Ауэ абы Библиер иджын щІидза иужь Іуэхум зихъуэжащ. Сергей къыддогуашэ: «Сэ сызэрышынэм емылъытауэ, къасщІэмкІэ нэгъуэщІхэм садэгуашэу щІэздзащ. ГъэщІэгъуэныращи, абы и фІыгъэкІэ сэ си щхьэм пщІэ хуэсщІыжу сыхъуащ, си фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъуащ».
4. ПщІэ хэлъу псалъэ
Библием теухуауэ нэгъуэщІхэм ущепсалъэм деж жыпІэным узэрегупсысым нэмыщІ ар зэрыжыпІэну щІыкІэми егупсыс. 2 Тимофей 2:24, 1 Петр 3:15 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
-
Библием теухуауэ нэгъуэщІхэм ущепсалъэм деж мы едзыгъуэхэм ит гупсысэхэр дауэ къэбгъэсэбэп хъуну?
-
Языныкъуэ уи благъэхэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ жыпІэм арэзы темыхъуэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж сыт пщІэ хъунур икІи сыт умыщІэмэ нэхъыфІыр?
-
ЦІыхум и фІэщ ищІыным теухуауэ унафэ хуэдмыщІу, абы пщІэ хэлъу упщІэхэр еттмэ, сыт щІэнэхъыфІыр?
5. ХъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм уазэрыдэгуашэм гуфІэгъуэ къыпхуехь
Иеговэ Хьисэ къалэн хуищІащ хъыбарыфІыр игъэІуну. Дапхуэдэут а лэжьыгъэм Хьисэ зэрыхущытыр? Иуан 4:34 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
-
Къэуат зыщІэлъ шхын ІэфІым къару къытхелъхьэ икІи гуфІэгъуэ къытхуехь. Алыхьым и мурадыр гъэзэщІэныр, псалъэм папщІэ хъыбарыфІ гъэІуныр, Хьисэ шхыным щІригъэщхьар сыт?
-
Дауэ уеплърэ, хъыбарыфІыр зэрыбгъэІум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьыр?
Чэнджэщхэр
-
Библием итым теухуауэ зыгуэрым епсэлъэн зэрыщІэбдзэ хъуну Іэмалхэр тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм щызэхэпхынущ. А чэнджэщхэр уигу иубыдэ.
-
Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм уэри заданиехэр щыбгъэзэщІэну ухуеймэ, абы щхьэкІэ пщІэн хуейр къащІэ. Апхуэдэ заданиехэм я фІыгъэкІэ уэ цІыхухэм уепсэлъэну нэхъ ухуэхьэзыру ущытынущ.
-
«Зыгуэрым жиІэфынущ» е «Зыгуэр къоупщІынкІэ хъунущ» жыхуиІэ рамкэхэр къэгъэсэбэп, щІэх-щІэхыурэ къыдат упщІэхэм жэуап епту зебгъэсэн щхьэкІэ.
ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Сыт уи хъыбар?»
-
Апхуэдэу зыгуэр къоупщІмэ, ар дауэ къызэрыбгъэсэбэп хъунур Библием иту къэпщІамкІэ цІыхум удэгуэшэн щхьэкІэ?
КЪЭПЩЫТЭЖ
ХъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм уазэрыдэгуашэм гуфІэгъуэшхуэ къыпхуихьынущ икІи а лэжьыгъэр узэримыгугъауэ тыншу къыщІэкІынкІэ хъунущ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
ХъыбарыфІыр дгъэІун щІыхуейр сыт?
-
НэгъуэщІхэм пщІэ хэлъу дапхуэдэу дызэрепсэлъэфынур?
-
Гузавэмрэ шынэмрэ дытекІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
jw.org сайтым и визитнэ карточкэр къэбгъэсэбэпу хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм уазэрыдэгуашэ хъун ІэмалиплІым еплъ.
«jw.org сайтым и визитнэ карточкэр цІыхум зэрепт хъунур» (1:43)
ХъыбарыфІыр бгъэІуну къыбдэІэпыкъуну хьэл-щэниплІым теухуауэ къащІэ.
«„ЦІыхухэр къэвубыду“ фыхъуну фыхьэзыр?» («ХъумакІуэ чэщанэ», фокІадэ, 2020 гъэ)
Сабийхэми хъыбарыфІыр ягъэІуну Библием лІыгъэ къазэрыхилъхьэфынум еплъ.
Иеговэ теухуауэ иджыри зыри зэхэзымыха уи благъэхэм Библием итымкІэ дапхуэдэу узэрыдэгуашэ хъунур?