Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10 УРОКЫР

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуахьынур?

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуахьынур?

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм зэгуэр укърагъэблэгъауэ щыта? Абы иджыри ущымыІамэ, ауэ укІуэну ухуеймэ, уэ тІэкІу угузавэу къыщІэкІынщ икІи уегупсыс хъунщ: «Дапхуэдэу зэІущІэхэр зэрекІуэкІыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ абыхэм яІэр? Сыт абыхэм сыкІуэн щІыхуейр?» Мы урокым уэ къыщыпщІэнущ апхуэдэ зэІущІэхэр сыткІэ къыбдэІэпыкъунуми икІи абыхэм дауэ Алыхьым гъунэгъу ухуащІынуми.

1. ЗэІущІэхэр щІрагъэкІуэкІым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?

ЗэІущІэхэр щІрагъэкІуэкІым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм теухуауэ Библиер зытхахэм ящыщ зым мыпхуэдэу жиІащ: «Зиусхьэным и щІыхьыр щысІуэтэнщ зэхуэсышхуэм» (Псалом 26:12). Иеговэ и Щыхьэтхэм зэхуэсыну ягу ирохь. Дуней псом тхьэмахуэ къэс щекІуэкІ зэІущІэхэм ахэр щызэхуос Иеговэ ягъэлъэпІэн, уэрэд жаІэн икІи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ абыхэм илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэшхуэхэри яІэщ.

2. Ди зэІущІэхэм сыт уэ къыщыпщІэнур?

Ди зэІущІэхэм Алыхьым и Псалъэр щызэпкърыдох, дэ «абы къикІыр икІи абы и мыхьэнэр» къыдгурагъаІуэ. (Къеджэ Неемия 8:8.) Ди зэІущІэхэм уэ Иеговэ къыщыпцІыхунущ икІи абы и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ куэд къыщыпщІэнущ. Алыхьым къыпхуиІэ лъагъуныгъэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэху, уэ абы нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ. Абы нэмыщІ уэ къыбгурыІуэнущ насыпыфІэ ухъун щхьэкІэ Алыхьыр къызэрыбдэІэпыкъуфынур (Исайя 48:17, 18).

3. Зэхуэсым щыщхэр зэрыбгъэныбжьэгъум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьыфынур?

Иеговэ дыхуегъэуш «ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ» дызэкІэлъыплъыжыну, дызэІущІэныр зыхэдмынэну (Еврейхэм 10:24, 25). Я гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ зэрылъагъу икІи уэр хуэдэу Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну хуей цІыхухэр ди зэІущІэхэм щызэбгъэцІыхунущ. Ахэр къыбдэгуэшэфынущ Библием тегъэщІа гупсысэ куухэмкІэ. (Къеджэ Рим 1:11, 12.) Уэ зэІущІэм щызэбгъэцІыхунущ ехъулІэныгъэ яІэу гугъуехьхэм пэлъэщ цІыхухэр. Абыхэм унагъуэ зиІи зимыІи яхэтщ. ЗэІущІэхэр блэдмыгъэхуну Иеговэ къыщІыдэлъэІум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр зэпкърытхащ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм къыщекІуэкІым икІи абы ущІэкІуэн хуейм и щхьэусыгъуэм теухуауэ къэтщІэнщ.

4. Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэпымыууэ зэхуэст Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ (Рим 16:3—5). Колоссэ 3:16 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр дапхуэдэут Иеговэ зэрыхуэлажьэр?

Ноби Иеговэ и Щыхьэтхэр Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ зэпымыууэ зэхуос. А зэІущІэхэр зэрекІуэкІыр къэфщІэн щхьэкІэ, ВИДЕОМ феплъ. ИужькІэ зэІущІэр зэрекІуэкІыр къыщыгъэлъэгъуа сурэтым феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэр зэрекІуэкІыр Колоссэ 3:16 итым техуэрэ?

  • Мы видеом щыплъэгъуамрэ сурэт узэплъамрэ сыт уигу ирихьар?

2 Коринф 9:7 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм ахъшэ щІыхамыхыр сыт?

Иджыблагъэ екІуэкІыну зэІущІэм и программэм Библием уезыгъаджэм и гъусэу хэплъэ.

  • А зэІущІэм и Іыхьэхэм щыщу сыт хуэдэра нэхъ гъэщІэгъуэну икІи нэхъ сэбэпу уэ къэплъытэр?

ПщІэуэ пІэрэ?

jw.org сайтым уэ къыщыпщІэнущ дуней псом зэхуэсхэр щекІуэкІ щІыпІэхэмрэ зэманымрэ.

  1. 1. Ди зэІущІэхэм я программэм псалъэ гъэхьэзырахэр, демонстрациехэр икІи видеохэр хохьэ. ЗэІущІэхэр зэрыщІидзэр икІи зэриухыр уэрэдрэ тхьэлъэІурэщ

  2. 2. Уи Іэр пІэту жэуап птыну Іэмал къозыт Іыхьэхэри зэІущІэм хэтщ

  3. 3. Псори ди зэІущІэхэм къыдогъэблагъэ: унагъуэ зиІэхэри, зимыІэхэри, зи ныбжь хэкІуэтахэри, сабийхэри

  4. 4. ЗэІущІэм укъэкІуэн щхьэкІэ ахъшэ птын хуейкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэм щІыхьэпщІэ къыхахкъым икІи ахъшэ итыну зыри хагъэзыхькъым

5. ЗэІущІэхэм укІуэн щхьэкІэ къару епхьэлІэн хуейщ

Хьисэ и унагъуэр щапхъэу къэтхьынщ. Ахэр илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэшхуэхэм кІуэн щхьэкІэ, къуакІэбгыкІэхэм пхрыкІыу, Назарет щыщІэдзауэ Ерусалим нэс километрищэ хуэдиз хъу гъуэгуанэ зэпаупщІын хуейт. Лука 2:39—42 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Дауэ уеплърэ, Ерусалим укІуэн щхьэкІэ, къаруушхуэ епхьэлІэн хуейт?

  • ЗэІущІэхэм укІуэну сыт зэран уэ къыпхуэхъункІэ хъунур?

  • ЗэІущІэхэм укъэкІуэн щхьэкІэ къару епхьэлІэну хуэфащэ? Сыт щхьэкІэ?

Алыхьыр бгъэлъэпІэн щхьэкІэ зэІущІэхэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр Библием жеІэ. Еврейхэм 10:24, 25 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • ЗэІущІэхэр блумыгъэкІыу укъэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Іэмал имыІэу зэІущІэхэм укІуэн хуейуэ щыткъым, унэм ущІэсуи Библием уеджэ хъунущ».

  • Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэ е щапхъэ Иеговэ зыхуейр къэзыгъэлъагъуэр?

КЪЭПЩЫТЭЖ

ЗэІущІэхэр уэ къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуну икІи фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуну. Абы нэмыщІ зэІущІэхэм Іэмал къыуатынущ адрейхэм я гъусэу Алыхьыр бгъэлъэпІэну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Сыт Иеговэ дэ дыщІыхуигъэушыр зэІущІэхэм дыкъэкІуэну?

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм уэ сыт къыщыпщІэнур?

  • Дауэ уеплърэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ зэІущІэхэм уэ иджыри къыпхуахьынур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

ЗэІущІэм укъэкІуэну уукІытэмэ-щэ? Апхуэдэ гурыщІэхэр зиІа цІыхухъум зэІущІэхэр фІыуэ илъагъуну къыдэІэпыкъуам теухуауэ еплъ.

«Дэ гуапэу дыкъызэрырагъэблэгъар зэи тщыгъупщэжынукъым» (4:16)

ЩІалэ гуэрым ди зэІущІэхэр хуабжьу игу ирихьт икІи абыхэм кІуэн щхьэкІэ къару куэд ирихьэлІэт. Абы теухуауэ феплъ.

«Сэ зэІущІэхэм сыкІуэну фІыуэ слъагъут!» (4:33)

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм зэрыкІуам и фІыгъэкІэ, бандэм хэта гуэрым и гъащІэр зэрихъуэжам теухуауэ феплъ.

«Сэ сыт щыгъуи кІэрахъуэ къыздесхьэкІт» («ХъумакІуэ чэщанэ», бадзэуэгъуэм и 1, 2014 гъэ)