4-НЭ УРОКЫР
Хэт хъуну Хьисэ бегъымбарыр?
1. Хьисэ бегъымбар щІылъэм къэкІуэн ипэ дэнэ здэщыІар?
Алыхьым япэ дыдэу къигъэщІар Хьисэщ. Адрей цІыхухэм хуэмыдэу Хьисэ щІылъэм щыпсэун ипэ уафэм мелыІычу щыпсэуащ (Иуан 8:23). Ар уафэм къытехъуэн щхьэкІэ Алыхьым цІыхубз къигъэсэбэпакъым, атІэ ар Алыхьым езым къигъэщІащ. Аращ абы Алыхьым и КъуэкІэ щІеджэр. Абы иджыри «ПсалъэкІэ» йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ зыгуэр яжриІэн папщІэ Хьисэ къигъэсэбэпу щытащи (Иуан 1:14). Иеговэ псори къыщигъэщІым Хьисэ абы дэІэпыкъуащ. (Къеджэ Притчи 8:22, 23, 30, Гъэсэпэтхыдэхэр; Колоссэ 1:15, 16.)
2. Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар сыт?
Алыхьым и къару лъапІэмкІэ и Къуэм и гъащІэр телъыджэу журт лъэпкъым щыщ хъыджэбздэс Мэрием и ныбэм ирилъхьащ. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ щІылъэм щыщ адэ зэримыІар (Лука 1:30—35). Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар: 1) цІыхухэр Алыхьым теухуа пэжым хуригъэджэн щхьэкІэ, 2) щымытыншым дежи Алыхьыр зыхуейр зэрыдгъэзэщІэфынум и щапхъэ дигъэлъэгъун щхьэкІэ, 3) и гъащІэ дагъуэншэр «щхьэщэхуж» къурмэныпхъэу итын щхьэкІэ. (Къеджэ Маттэ 20:28.)
3. Сыт дэ щхьэщэхуж дыщІыхуейр?
Щхьэщэхужыр — ар лІэныгъэ тезыру зытралъхьа цІыхур кърагъэлын щхьэкІэ щІат уасэращ (Исход 21:29, 30). Алыхьым и мурадым хыхьэтэкъым цІыхухэр жьы хъууэ лІэжыну. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Алыхьым япэ дыдэу къигъэщІа Іэдэм зи цІэ цІыхухъум жриІауэ щытащ абы гуэныхь ищІэу щытмэ, зэрылІэнур. Абы къыхэкІкІэ Іэдэм гуэныхь имыщІауэ щытамэ, зэи лІэжынутэкъым (ЩІэдзапІэ 2:16, 17; 5:5). Библием зэрыжиІэмкІэ, лІэныгъэр Іэдэм и ягъэкІэ дунейм къытехьащ. Іэдэм и щІэблэм гуэныхьымрэ абы къыпэкІуэ лІэныгъэмрэ къахуигъэнащ. А лІэныгъэм дыкъыІэщІэкІын щхьэкІэ дэ щхьэщэхужым дыхуэныкъуэщ. (Къеджэ Рим 5:12; 6:23.)
Дэр щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэр иту лІэныгъэм хэтыт дыкъыІэщІэзыхыжыфынур? ЦІыхур щылІэм деж езым и гуэныхьхэращ ипшыныжыр. Гуэныхьлыуэ щыт зы цІыхуми нэгъуэщІым и гуэныхьхэр ипшыныну лъэкІынукъым. (Къеджэ4. Сыт Хьисэ щІэлІар?
Хьисэ дагъуэншэу зэрыщытам къыхэкІкІэ езым и гуэныхьхэм щхьэкІэ лІэжын хуеякъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэи гуэныхь ищІакъым. Хьисэ нэгъуэщІ цІыхухэм я гуэныхьхэр ипшынын щхьэкІэщ щІэлІар. Алыхьым цІыхухэм яхуиІэ лъагъуныгъэшхуэр къигъэлъэгъуащ и Къуэм и гъащІэр дэр щхьэкІэ итыну щІылъэм къызэригъэкІуамкІэ. Хьиси и Адэм едаІуэу ди гуэныхьхэм щхьэкІэ и гъащІэр зэритамкІэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр игъэлъэгъуащ. (Къеджэ Иуан 3:16; Рим 5:18, 19.)
«Сыт Хьисэ и гъащІэр щІитар?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.
5. Сыт Хьисэ иджыпсту ищІэр?
Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ сымаджэхэр игъэхъужт, лІахэр къигъэтэджыжт икІи гугъуехь пэщІэхуахэм дэІэпыкъут. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ къэкІуэну зэманым Алыхьым хуэжыІэдаІуэ цІыхухэм щхьэкІэ ищІэнур (Маттэ 15:30, 31; Иуан 5:28). Хьисэ лІа нэужь Алыхьым ар уафэм щыпсэуну къигъэтэджыжащ (1 Петр 3:18). Абы иужь Алыхьым ар щІылъэм и тепщэ щищІыну зэманым ежьэу, и ижьырабгъумкІэ щысыну бгъэдэтІысхьащ (Еврейхэм 10:12, 13). Иджыпсту Хьисэ Пащтыхьу уафэм тетщ икІи абы и лъэужь ирикІуэхэм а хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІу. (Къеджэ Даниил 7:13, 14; Маттэ 24:14.)
Куэд мыщІэу Хьисэ и тепщэныгъэр къигъэсэбэпынурэ, гугъуехьхэм кІэ къахуигъэкІуэнущ икІи цІыху мыхъумыщІэхэр щІылъэм тригъэкІуэдыкІынущ. Хьисэ зи фІэщ хъу икІи едаІуэ псори щІылъэм щыІэну жэнэтым щыпсэунущ. (Къеджэ Псалом 37:9—11.)