14-НЭ УРОКЫР
Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр дауэ къызэрызэгъэпэщар?
1. Алыхьым пасэрей Израилыр и лъэпкъыу къыщІыхихар сыт?
Ибрэхьим къытехъукІа цІыхухэр Алыхьым и лъэпкъыу къыхихри, зытетын хуей хабзэхэр яритащ. Абыхэм Иеговэ Израил лъэпкъкІэ еджэ хъуащ икІи дин пэжымрэ Алыхьым и псалъэмрэ яхъумэну я пщэ дилъхьащ (Псалом 147:19, 20). Абы и фІыгъэкІэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэр Алыхьым и деж къэкІуэфынут. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 22:18.)
Алыхьым и щыхьэту щытын щхьэкІэ израил лъэпкъыр къыхихащ. Пасэрей Израилым и тхыдэм ІупщІу къегъэлъагъуэр Алыхьым и хабзэхэм утету упсэуным Іущагъ зэрыхэлъыр (Второзаконие 4:6). Израил лъэпкъым кІэлъыплъурэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм Алыхь пэж Иеговэ къацІыхуну Іэмал яІэт. (Къеджэ Исаия 43:10, 12.)
2. Алыхьым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зы лъэпкъыу щІызэхуишэсар сыт?
Зэман дэкІри Израил лъэпкъыр Алыхьым и лъабжьэм къыщІэкІащ. А лъэпкъыр Иеговэ ІэщІыб ищІри, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр лъэпкъыу зэхуишэсащ (Маттэ 21:43; 23:37, 38). Япэм щыгъуэ Иеговэ и щыхьэту щытар Израил лъэпкъырамэ, иджыпсту абы и щыхьэт хъуар Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэращ. (Къеджэ Апостолхэм 15:14, 17.)
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІуну икІи гъэсэнхэр ягъэхьэзырыну къалэн ящищІащ (Маттэ 10:7, 11; 24:14; 28:19, 20). Алыхьым мы дунейр щызэтрикъутэну зэманыр къэсыпащ икІи хъыбарыфІ гъэІунми зэи хуэмыдэу дунейм зыщиубгъуащ. Зэи къэмыхъуауэ Иеговэ мелуан бжыгъэкІэ цІыху куэд лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхишри дин пэжымкІэ зы лъэпкъыу зэхуишэсащ (Апокалипсис 7:9, 10). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр зым зыр дэІэпыкъун икІи игъэгушхуэн щхьэкІэ зы организацэу зэхуэшэсащ. Абыхэм Библиер зы программэм тету дуней псом щадж. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.)
3. Ди зэманым псэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я организацэм и къежьапІэ хъуар сыт?
1870 гъэхэм Библиер куууэ зыдж цІыху гуп цІыкІум мащІэ-мащІэурэ лІэщІыгъуэ куэдкІэ щІэхъумауэ щыта Библием ит щІэныгъэ лъапІэхэр зэхуахьэсыжу щІадзащ. Абыхэм ящІэт Хьисэ и зэхуэсыр щІиухуар Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр ягъэІун щхьэкІэу зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІуу щІадзащ. 1931 гъэм абыхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр жыхуиІэ цІэр къащтащ. (Къеджэ Апостолхэм 2:1, 4; 5:42.)
4. Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр дауэ къызэрызэгъэпэщар?
Япэ лІэщІыгъуэм къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыІа зэхуэсхэр Хьисэ зэхуэсым и нэхъыжьу зылъытэ унафэщІ гупым и лъабжьэ щІэту щытащ (Апостолхэм 16:4, 5). Ди зэманми Иеговэ и Щыхьэтхэм УнафэщІ гуп яІэщ. Абы хыхьэр куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ зэхуэсым и нэхъыжь къуэш гупщ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я филиалхэм а УнафэщІ гупыр кІэлъоплъ. А филиалхэм Библиер зэрадж тхыгъэхэр бзэ 800 щІигъукІэ щызэрадзэкІ. Абы и фІыгъэкІэ УнафэщІ гупым Алыхьым къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм бгъэделъхьэ. Дуней псом зэхуэсу 120 000 нэблагъэ тетщ. Зэхуэс къэс Алыхьым и еплъыкІэр зиІэ цІыхухъухэр зэхуэсым и нэхъыжьу щолажьэ. Ахэр я гум къыбгъэдэкІыу зэхуэсым щыщхэм доІэпыкъу. (Къеджэ 1 Петр 5:2, 3.)
Иеговэ и Щыхьэтхэм организацэ щІаІэр хъыбарыфІыр ягъэІун икІи гъэсэнхэр ягъэхьэзырын щхьэкІэщ. Апостолхэм я щапхъэм дытету дэ унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр догъэІу (Апостолхэм 20:20). Алыхьым теухуа пэжыр къэзыщІэну хуей дэтхэнэ зыри Библием едгъэджэну дыхьэзырщ. Иеговэ и Щыхьэтхэр организацэ къудейуэ щыту аракъым, атІэ дэ лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ Адэ зыщхьэщыт унагъуэ зэкъуэтым дыхуэдэщ. Дэ зыр зым дэІэпыкъуж зэдэлъхузэшыпхъухэм хуэдэу дызэхущытщ (2 Фессалоникэ 1:3). Иеговэ и Щыхьэтхэм Алыхьыр арэзы зэращІым икІи нэгъуэщІхэм зэрыдэІэпыкъум къыхэкІкІэ абыхэм хуэдэ унагъуэ насыпыфІэ щІылъэм теткъым. (Къеджэ Псалом 33:12; Апостолхэм 20:35.)