10-НЕ ІЫХЬЭ
Алыхьым едаІуэхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну?
ЛІахэм я нэхъыбэр щІым щыпсэуну къагъэтэджыжынущ. Апостолхэм 24:15
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт фІыгъуэ къыплъысынур Иеговэ уедаІуэмэ! Узыншагъэр уиІэнущ. Сымаджэрэ ныкъуэдыкъуэрэ щыІэжынукъым. Псоми дзыхь яхуэпщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху бзаджащІэхэр щыІэжынукъым.
Узыфэри, гуауэри, гъы макъри щыІэжынукъым. Зыри жьы хъунукъым икІи лІэжынукъым.
Уи унагъуэри уи ныбжьэгъухэри уигъусэнущ. Жэнэтым гъащІэр тхъэгъуэу щытынущ.
Шынагъэ къозыт щыІэжынукъым. ЦІыхухэр нэгъэсауэ насыпыфІэ хъунущ.