93 УЭРЭДЫР
Ди зэІущІэхэм уи нэфІ щрехуэ
-
1. Уэ уи нэфІ щыхуэну, Адэ,
Ди зэхуэсхэм дынолъэІу.
Дэ абыхэм дахуэныкъуэщ,
Уи къарури тщхьэщыгъэт.
-
2. ЕгъэфІакІуэ ди лэжьыгъэр,
Гур, акъылыр къабзэ щІы.
Лъагъуныгъэр дигу илъыну,
Ди бзэм къыпхуихьыну щытхъу.
-
3. Ди зэІущІэм, Иеговэ,
Дегъэгушхуэ, дещІ зэкъуэт.
Дэ ди псалъэкІи, ди ІуэхукІи,
Уи цІэ лъапІэм щІыхь худощІ.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 22:22; 34:3; Ис. 50:4.)