54 УЭРЭДЫР
«Мис гъуэгур»
-
1. Иеговэ и гъуэгу захуэм
ГъащІэм дыхуишэнщ.
И Псалъэ лъапІэм дэ
И гъуэгур къыщытщІащ.
А гъуэгум Хьисэ тетт,
Ар щапхъэ дэ тхуэхъуащ.
Пэжыгъэр къэдгъуэтащ,
Дытету дыпсэунщ.
ЕЖЬУ
Мис мыр гъуэгу пэжщ, абы дэ хуит дищІащ.
Уи фІэщхъуныгъэм тет, укъытемыкІ!
Дэ Тхьэм и макъ зэхыдох: «Мис гъуэгу!
УзэмыплъэкІыу, си гъуэгу дахэм тет!»
-
2. Иеговэ и гъуэгу къабзэм
Лъагъуныгъэ хэлъщ.
А лъагъуныгъэм дэ
Дытету дыпсэунщ.
Тхьэм и къарур къыдет,
Уигу шынэ йомыгъэлъ.
Абы гущІэгъур хэлъщ,
Ди гъуэгур егъэнэху.
ЕЖЬУ
Мис мыр гъуэгу пэжщ, абы дэ хуит дищІащ.
Уи фІэщхъуныгъэм тет, укъытемыкІ!
Дэ Тхьэм и макъ зэхыдох: «Мис гъуэгу!
УзэмыплъэкІыу, си гъуэгу дахэм тет!»
-
3. Мыр гъащІэ гъуэгущ,
Абы уэ зэи укъытемыкІ.
КъыджеІэр щабэу Тхьэм:
«Мыр гъуэгухэм я нэхъыфІщ!»
Дэ мы уэрэдыр жытІэу,
Къыхудохьыр щытхъу.
ДыкъытемыкІыу дэ
Гъуэгу пэжым дытетынщ.
ЕЖЬУ
Мис мыр гъуэгу пэжщ, абы дэ хуит дищІащ.
Уи фІэщхъуныгъэм тет, укъытемыкІ!
Дэ Тхьэм и макъ зэхыдох: «Мис гъуэгу!
УзэмыплъэкІыу, си гъуэгу дахэм тет!»
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 32:8; 139:24; Прит. 6:23.)