37 УЭРЭДЫР
Иеговэ гурэ псэкІэ хуэлажьэ
-
1. Тхьэшхуэ, уиІэщ тепщэныгъэ,
ФІыщэу, Иеговэ, сэ узолъагъу.
Дзыхь къысхуэпщІыр си гум хохьэ,
Адэ, сэ уэ сыномыпцІыжын.
Уи унафэм сфІэфІу сыщІэтщ сэ,
Си гум быдэу уи псалъэр илъщ.
ЕЖЬУ
Иеговэ, си Тхьэ лъапІэ,
Уэ уи ІэмыщІэм гъащІэр ислъхьащ.
-
2. Жэщи махуи еш ямыщІэу,
УщагъэлъапІэ уэ мы дунейм.
СхузэфІэкІ къэзмыгъэнэну,
Дэни уи псалъэр сэ щызгъэІунщ.
Уи лэжьыгъэр сэркІэ нэхъапэщ,
ГукІи псэкІи сыпхуэлэжьэнщ.
ЕЖЬУ
Иеговэ, си Тхьэ лъапІэ,
Уэ уи ІэмыщІэм гъащІэр ислъхьащ.
(Абы нэмыщІ феплъ Втор. 6:15; Пс. 40:8; 113:1—3; Эккл. 5:4; Ин. 4:34.)