24 УЭРЭДЫР
Иеговэ и бгым фыкъакІуэ
-
1. Уи щхьэр лъагэу къэІэт,
Иеговэ и бгым еплъ.
Ар бгы нэхъ лъагэ дыдэщ,
Псори дыкъекІуэлІэнщ.
Лъэпкъыу хъуар щызэхуос,
Нобэ а бгы лъапІэм деж.
Адэм ныбжьэгъу хуэхъуну
Псори худогъэуш.
Мис, зэманыр къэсащ:
Иеговэ и лъэпкъыр лъэщ мэхъу.
Махуэ къэс хохъуэ ар,
Адэм зэриунэтІыр долъагъу.
Мелуан куэд къеблэгъащ,
Пэжыр фащэу зрашэкІ.
Адэм хуэпэжу къанэу,
И лъэныкъуэр яІыгъщ.
-
2. Хьисэ дэ къыджиІащ
КъетхьэкІыну хъыбарыфІ.
Лъэпкъыу мы дунейм тетым
ЯжыдоІэ дэ ар.
Уафэм Хьисэ Пащтыхьщ,
И лъэныкъуэр быдэу тІыгъщ.
Щапхъэ абы дэ тетхыу,
ЦІыхухэм деж дэ дыкІуэнщ.
Дэ гуфІэгъуэр догъуэт,
Зэрыхэхъуэр мэл цІыкІухэр долъагъу.
ТхузэфІэкІыр дэ тщІащ,
Зигу Іэдэбхэр къелыну дыхуейщ.
Макъыр ину дэшей,
Псоми дэ зэхедгъэхынщ:
«Адэм и бгым теуви,
Уэ игъащІэкІи тет».
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 43:3; 99:9; Ис. 60:22; Апост. 16:5.)