Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

128 УЭРЭДЫР

ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ

ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ

(Маттэ 24:13)

  1. 1. Иеговэ жиІэ псалъэхэм

    Сыт щыгъуи дзыхь худощІ.

    Гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж

    Къытхелъхьэ псоми къару.

    Иеговэ и унафэхэм

    Дыкъахъумэ сытым деж.

    Хуэпэжу Тхьэм къыхуэнэ уэ,

    И махуэр уэ уигу игъэлъ.

  2. 2. Пэжыгъэр быдэу хъумэ уэ,

    Ар зыфІомыгъэкІуэд.

    Гугъуехьхэр пшэчми махуэ къэс,

    Уи фІэщхъуныгъэм уэ тет.

    Ухуэзэм гъэунэхуапІэхэм,

    ЛІыгъэр зыфІомыгъэкІуэд.

    ХэкІыпІэ Тхьэшхуэм уэ къыуитынщ,

    ЕщІэж пхузэфІэкІыр уэ.

  3. 3. Тхьэм пэжу укъыхуэнэмэ,

    Махуэшхуэм укъелынщ.

    ИужькІэ тыгъэ дахэу уэ

    Плъысынущ гъащІэ мыухыж.

    Быдагъэр гъэунэхуапІэхэм

    Къэгъэлъагъуэ сытым деж.

    ГуфІэгъуэр уи гум щыгъэпсэу,

    Тхьэм и лъагъуныгъэм щІэт.