103 УЭРЭДЫР
Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ
(Ефес 4:8)
-
1. Тыгъэу ди къуэшхэр Тхьэм къыдитащ —
Мэлыхъуэ лъапІэхэр.
Щабэу дагъасэ, дэ къытхуосакъ,
Нэху Тхьэм и гъуэгур тхуащІ.
ЕЖЬУ
Псынэпсым хуэдэщ мэлыхъуэхэр,
Ахэр жьауапІэ дэ тхуохъу.
Дэ дагъэгушхуэ, тхуохъу щІэгъэкъуэн,
Хуабжьу дахуэарэзыщ!
-
2. Дэр щхьэкІэ Адэм ахэр йолъэІу,
Игъуэу чэнджэщ къыдат.
УІэгъэ ттелъхэр дэ тхуагъэхъуж,
Іейм дыщахъумэ дэ.
ЕЖЬУ
Псынэпсым хуэдэщ мэлыхъуэхэр,
Ахэр жьауапІэ дэ тхуохъу.
Дэ дагъэгушхуэ, тхуохъу щІэгъэкъуэн,
Хуабжьу дахуэарэзыщ!
-
3. Дэ зэхэщІыкІ абыхэм къыдат,
Ди лъэр нэхъ быдэ ящІ.
ТщІыну Иеговэ дэ арэзы
Ахэр къыддоІэпыкъу.
ЕЖЬУ
Псынэпсым хуэдэщ мэлыхъуэхэр,
Ахэр жьауапІэ дэ тхуохъу.
Дэ дагъэгушхуэ, тхуохъу щІэгъэкъуэн,
Хуабжьу дахуэарэзыщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 32:1, 2; Иер. 3:15; Ин. 21:15—17; Апост. 20:28.)