Февралым и 3—9
ПСАЛМЫ 144—146
145 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!»
(дакъ. 10)
Иеговэ щыгугъхэм фІыгъуэхэр яхуещІэ (Пс 144:11—15; w18.04-U 32, абз. 3, 4).
ГугъапІэ диІэм гуфІэгъуэ къыдет (Пс 146:5; w22.10 28, абз.16, 17).
Иеговэ зи Алыхьу щыт цІыхухэм насып мыухыж яІэнущ (Пс 146:10; w18.01 26, абз. 19, 20).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 145:15, 16. Мы едзыгъуэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур псэущхьэхэм тэмэму дахущытыну? (it-1-U 779, абз. 7).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 10:1—16 (th 11 урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Университетым щеджэм епсэлъэн (lmd 1 урокыр, 5 пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ видео гуэрым цІыхур егъэплъ (lmd 7 урокыр, 4 пунктыр).
6. Псалъэ
(дакъ. 4) lmd 1 приложениер, 7 пунктыр. Темэ: «ЦІыхубзым „и лІым щІыхь“ хуищІын хуейщ» (th 1 урокыр).
59 уэрэдыр
7. Иеговэ хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну
(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Иеговэ Алыхь насыпыфІэщ (1Тм 1:11). Ар хуейщ дэри насыпыфІэу дыпсэуну. Абы дэ фІыщэу дызэрилъагъур къыхощ тыгъэ гъэщІэгъуэн куэд къызэрыдитым (Эк 3:12, 13). А тыгъэхэм ящыщщ ерыскъы ІэфІымрэ макъ дахэхэмрэ.
«Алыхьыр хуейщ дэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну. Ерыскъы ІэфІымрэ макъ дахэхэмрэ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Ерыскъы ІэфІымрэ макъ дахэхэмрэ дригуфІэну Иеговэ Іэмал къыдитащ. Дапхуэдэу абы уи фІэщ зэрищІыр дэ насыпыфІэу дыпсэуну ар зэрыхуейр?
Псалом 32:8 итым фыкъеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Иеговэ насыпыфІэу дыпсэуну зэрыхуейм уэ ухуигъэушрэ Библиемрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу абы къыдит унафэхэм утетыну?
8. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр
(дакъ. 5)
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 22, абз. 1—6