Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Февралым и 19—25

ПСАЛМЫ 8—10

Февралым и 19—25

2-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. «Иеговэ, сэ уэ узгъэлъэпІэнущ!»

(дакъ. 10)

Иеговэ дэ егъэлеяуэ куэд къытхуещІэ (Пс 8:3—6; w21.08 3, абз. 6).

Дэ тфІэфІщ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ гъэщІэгъуэныщэхэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэурэ ар дгъэлъэпІэну (Пс 9:1; w20.05 23, абз. 10).

Дэ иджыри Иеговэ догъэлъапІэ ди гум къыбгъэдэкІыу ди уэрэдхэр щыжытІэм деж (Пс 9:2; w22.04 7, абз. 13).

ЗЭУПЩІЫЖ: «Дапхуэдэу сэ иджыри Иеговэ зэрызгъэлъэпІэфынур?»

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 8:3, сноскэ. Алыхьым и Іэпэхэм жыхуиІэм сыт къагъэлъагъуэр? (it-2-U 279, абз. 4).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 18:18—35 (th 11-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхум епсэлъэн (lmd 5-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Япэм ущепсэлъам Алыхьыр и фІэщ мыхъуу жызыІа, ауэ ар зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэпкърихыну арэзы техъуа цІыхум епсэлъэн (th 7-нэ урокыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 5) w21.06 6—7, абз. 15—18. Темэ: «Ебгъаджэм Иеговэ игъэлъапІэу зригъэсэну дэІэпыкъу» (th 10-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

10-нэ уэрэдыр

7. Зыгуэрым удэуэршэрурэ неформальнэу хъыбарыфІыр зэрыбгъэІу хъунур

(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Дэ Иеговэ зэрыдгъэлъапІэ хъун Іэмал куэд диІэщ. Абыхэм ящыщ зыр ар махуэм и кІуэцІкІэ дызыхуэзэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэныращ (Пс 35:28). Узыхуэзэ цІыхухэм пэжымкІэ уадэгуэшэну япэщІыкІэ къогугъуэкІынкІэ хъунущ. Ауэ цІыхум дыдэуэршэрын щІэддзэфу икІи ди псалъэмакъым пытщэфу зедгъасэмэ, неформальнэу хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ диІэнущ икІи абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьынущ.

«Проповедуйте „радостную весть о мире“. Берите на себя инициативу» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Неформальнэу хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ мы видеом сытым дыхуигъасэрэ?

Неформальнэу хъыбарыфІыр бгъэІуну къыбдэІэпыкъун чэнджэщ зыбжанэ:

  •   ЗыщІыпІэ укІуэху пэжымкІэ цІыхухэм уадэгуэшэну сыт хуэдэ Іэмалхэр уиІэнкІэ хъунуми егупсыс. КъодэІуэну хьэзыр, зигу къабзэ цІыхухэм уахуишэну Иеговэ елъэІу.

  •   Узыхуэзэ цІыхухэм гуапэу хущыт икІи я Іуэху зыІутым егупсыс. Абыхэм я фІэгъэщІэгъуэныр, зыгъэгузавэр къащІи, я гум нэхъ нэсыну къыпщыхъу Библием ит гупсысэхэмкІэ ядэгуашэ.

  •   ЦІыхур арэзымэ, фи телефон номерхэр зэІэпыфх.

  •   ПэжымкІэ цІыхум удэмыгуашэ щІыкІэ фызэбгъэдэкІыжамэ, уигу щІумыгъэхьэ.

  •   Псалъэмакъыр фыуха иужьи цІыхум сэбэп узэрыхуэхъуным егупсыс. Абы идэу щытмэ, Библием щыщ пычыгъуэ е jw.org сайтым ит статья гуэр хуебгъэхь хъунущ.

Чэнджэщ: Щэбэтымрэ тхьэмахуэ махуэмрэ зэрызыбгъэпсэхуам теухуауэ къоупщІмэ, зэІущІэм щызэхэпха гупсысэ гуэркІэ е хъыбарыфІ гъэІуным узэрыхэтамкІэ цІыхум удэгуашэ хъунущ.

8. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр

(дакъ. 5)

9. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 65-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ