Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Иеговэ зигу иудахэр кърегъэл

Иеговэ зигу иудахэр кърегъэл

Дэтхэнэ зыри зэман-зэманкІэрэ дыщынэщхъей къохъу. Ауэ абы къикІкъым ди фІэщхъуныгъэр махэ хъуауэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Иегови игу щыхагъэщІ къохъу (ЩІэдз 6:5, 6). Ауэ щІэх-щІэхыурэ унэщхъеймэ е гурыщІэ Іейхэм укъамыгъанэмэ-щэ?

Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Иеговэ ди эмоциональнэ, психическэ узыншагъэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым. Абы елъагъу дыщыгуфІэм дежи дыщынэщхъейм дежи. Абы къыгуроІуэ гупсысэ, гурыщІэ диІэхэр къызыхэкІыр сытми (Пс 7:9, етІуанэ Іыхьэр). Иеговэ дэ фІыуэ делъагъури къыддэІэпыкъуну хьэзырщ дыщынэщхъейм дежи, дигу щиудам дежи, уеблэмэ депрессие дыщиІэм дежи (Пс 34:18).

Уи психическэ узыншагъэм кІэлъыплъ. Гупсысэ Іейхэм гуфІэгъуэр тфІагъэкІуэд, уеблэмэ ахэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зэран хуэхъуфынущ. Аращ дигу щыхъу-щыщІэхэм дыхуэсакъын щІыхуейр (Пр 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр).

«В НАШЕЙ МЕЖДУНАРОДНОЙ СЕМЬЕ ЦАРИТ МИР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Никки депрессие зэриІэр къыщищІам сыт ищІар?

  • Никки дохутырым зыхуигъэзэну щхьэ мурад ищІа? (Мт 9:12).

  • Никки Иеговэ зэрыщыгугъыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?