Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Октябрым и 28 — ноябрым и 3

ПСАЛМЫ 103, 104

Октябрым и 28 — ноябрым и 3

30-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Иеговэ «ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар»

(дакъ. 10)

Иеговэ хэлъ гущІэгъум зэхэщІыкІ игъэлъэгъуэну хуегъэуш (Пс 103:8; w23.07 21, абз. 5).

Щыуагъэ гуэр щытщІэм деж Иеговэ и щІыб къытхуигъазэкъым (Пс 103:9, 10; w23.09 6—7, абз. 16—18).

Иеговэ тхузэфІэмыкІын гуэркІэ къытщыгугъкъым (Пс 103:14; w23.05 26, абз. 2).

ЗЭУПЩІЫЖ: «Си щхьэгъусэм дапхуэдэу сызэрыхущытыр? Иеговэ хуэдэу зэхэщІыкІ згъэлъагъуэу пІэрэ?»

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 104:24. Иеговэ зыгуэр къигъэщІэну иІэ зэфІэкІым теухуауэ мы едзыгъуэм сыт къыдигъащІэр? (cl-U 55, абз. 18).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мк 5:18—29 (th 11-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. (lmd 3-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер зыджыну арэзы хъуа цІыхум «Библиер зэрадж курсым укъыдогъэблагъэ!» жыхуиІэ видеор егъэлъагъуи, абы фытепсэлъыхьыж (th 9-нэ урокыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 5) lmd 1 приложениер, 6-нэ пунктыр. Темэ: «ЦІыхухъум „езым и щхьэр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу“ и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъун хуейщ» (th 1 урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

44-нэ уэрэдыр

7. Уи зэфІэкІыр здынэсыр къыбгурыІуэжу пІэрэ?

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Иеговэ тхузэфІэкІыр щыхуэтщІэм деж дэ абы гуфІэгъуэ къытхуехь икІи насыпыфІэ дещІ (Пс 73:28). Ди зэфІэкІым гъунэ зэриІэр щытщыгъупщэм деж дэ дыгузавэу икІи зыри дримыщІыс хуэдэу дегупсысу щІэддзэнкІэ хъунущ.

«ТхузэфІэмыкІын ди щхьэм хуэдмыгъэувыжмэ, дэ куэд тхуэщІэнущ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Иеговэ дэ сыткІэ къытщыгугърэ? (Мх 6:8).

  • Видеом хэта шыпхъум игъэува мурадым щхьэкІэ егъэлеяуэ мыгузэвэну сыт къыдэІэпыкъуар?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 55-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ