Ноябрым и 4—10
ПСАЛОМ 105
3 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. «Абы и зэгурыІуэныгъэр сыт щыгъуи ещІэж»
(дакъ. 10)
Иеговэ Ибрэхьим къызэригъэгугъа дыдэхэмкІэ Исхьэкъи Екъуби къигъэгугъащ (ЩІэдз 15:18; 26:3; 28:13; Пс 105:8—11).
Иеговэ ахэр къызэригъэгугъар къэмыхъуну къыпщыхъункІэ хъунут (Пс 105:12, 13; w23.04 28, абз. 11, 12).
Иеговэ Ибрэхьим ирищІылІа зэгурыІуэныгъэр зэи щыгъупщакъым (Пс 105:42—44; it-2-U 832, абз. 3).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Иеговэ и псалъэхэр сыт щыгъуи зэригъэзэщІэжыр дапхуэдэу къызэрыздэІэпыкъур къэкІуэну зэманым щхьэкІэ сымыгузавэу ипэкІэ сыплъэну?»
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 105:17—19. Иеговэ и псалъэхэм Исуф и хьэл-щэнхэр дапхуэдэу зэрахъуэжар? (w87-U 1/4 11, абз. 15).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 5:30—43 (th 5 урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(1 дакъ.) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ХущІэмыхьэу жызыІэ цІыхум епсэлъэн (lmd 2 урокыр, 5 пунктыр).
5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Дэуэну хуей цІыхум фІыкІэ бгъэдэкІыж (lmd 4 урокыр, 5 пунктыр).
6. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Япэм фыщызэпсэлъам цІыхум къиІэта темэм теухуауэ ди журналхэм ящыщ зы къыхуэгъанэ (lmd 8 урокыр, 3 пунктыр).
7. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. JW Library® приложением теухуауэ цІыхум жеІэ икІи езым и телефоным ар зэрытригъэтхэну щІыкІэр егъэлъагъу (lmd 9 урокыр, 5 пунктыр).
84 уэрэдыр
8. Алыхьым и Къуэр фІыуэ зэрытлъагъур къызэрыдгъэлъагъуэ хъуну щІыкІэр
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ ди зэманыр, къарур, ахъшэр зэрыдгъэкІуэдымкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ тепщэныгъэ зрита Хьисэ Мэссихь фІыщэу зэрытлъагъур. Абы Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуещІ икІи а тыгъэхэр ди къуэш, ди шыпхъухэм сэбэп яхуохъу (Ин 14:23). jw.org сайтым къралъхьэ «На что идут ваши пожертвования» жыхуиІэ статьяхэм фэ къыщыфщІэнущ арэзыуэ къат ахъшэр дуней псом щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу сэбэп яхуэхъуми.
«Арэзыуэ къэфт ахъшэхэм къаруушхуэ щІэлъщ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Алыхьым хуэлэжьэну къуэш, шыпхъухэм яІэ хуитыныгъэр яхъумэну арэзыуэ къат ахъшэр дауэ къазэрыдэІэпыкъур?
-
Арэзыуэ къат ахъшэр тэмэму зэрызэрагъэзахуэр дыщызэхуэс Унэхэр яухуэну дауэ сэбэп хъурэ? (2Кр 8:14).
-
Библиер бзэ куэдкІэ зэрадзэкІыну арэзыуэ къат ахъшэр дауэ сэбэп зэрыхъур?
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 17, абз. 13—19