Майм и 19—25
ПРИТЧИ 14
89 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Гузэвэгъуэшхуэ къэхъумэ пщІэнум егупсыс
(дакъ. 10)
ЖаІэ псор уи фІэщ умыщІ (Пр 14:15; w23.02 23, абз. 10—12).
Унафэ къыщыпщтэкІэ уи щхьэм ущымыгугъыж (Пр 14:12).
Иеговэ и унафэхэр ІэщІыб зыщІхэм уемыдаІуэ (Пр 14:7).
ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, гузэвэгъуэшхуэ къэхъумэ, Иеговэ дзыхь хуэфщІыну икІи абы и унафэхэм фытетыну фыхьэзыр? (w24.07 5, абз. 11).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пр 14:17. «Іуэхум фІыуэ егупсыс цІыхур ялъагъу хъукъым» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыу къыщІэкІынур? (it-2-U 105, абз. 6).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 14:60—72 (th 11 урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Экономикэм пыщІа гугъуехьхэм игъэгузавэу къыбжезыІа цІыхум Библием ит гупсысэ гуэркІэ дэгуашэ (lmd 3 урокыр, 3 пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Мыбы ипэ фыщызэпсэлъам цІыхум къиІэта темэм теухуауэ ди журналхэм ящыщ зы къыхуэгъанэ (lmd 9 урокыр, 4 пунктыр).
6. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ
(дакъ. 5) Ебгъаджэ цІыхур Библием махуэ къэс еджэну хуэгъэуш икІи ар зэрищІ хъуну щІыкІэр егъэлъагъу (th 19 урокыр).
126 уэрэдыр
7. Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру щыт
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Зэхуэсым и нэхъыжьым ирегъэкІуэкІ. Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къэхъу хъумэ, тщІэн хуейм теухуауэ филиалым е зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ гуэрхэр ящІамэ, абыхэм къеджэ.
«Иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэум къыхэкІкІэ дызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэр кІуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъунур дэ дощІэ (2Тм 3:1; nwtsty-U Мт 24:8 хуэхьа комментариер). Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж Иеговэ и лэжьакІуэхэм къадэІэпыкъун унафэхэр игъуэу къаІэрохьэ. Иджыпсту щыщІэдзауэ ди фІэщхъуныгъэр зэрыхэдгъахъуэм икІи дызыхуэныкъуэну гъэтІылъыгъэхэр зэрызэдгъэпэщым ди гъащІэр елъытауэ щытыфынущ (Пр 14:6, 8).
-
Уи фІэщхъуныгъэм хэгъахъуэ. Махуэ къэс Библием уеджэу икІи узэджам куууэ уегупсысу зегъасэ. ХъыбарыфІыр зэрыбгъэІум егъэфІакІуэ икІи абы Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ узэрыхэтыным хущІэкъу. Зэман гуэркІэ къуэш, шыпхъухэм защыпомыщІэф къэхъумэ, умыгужьей (Пр 14:30). Иеговэрэ Хьисэрэ узэригъусэр сыт щыгъуи уигу игъэлъ (od-U 176, абз. 15—17).
-
Узыхуэныкъуэнур зэгъэпэщ. Тревожнэ чемоданчикхэм нэмыщІ унагъуэ къэс гъэтІылъауэ шхын, псы, хущхъуэ икІи япэ дыдэу зыхуэныкъуэну нэгъуэщІ хьэпшыпхэр зэрагъэпэщмэ нэхъыфІщ. Зэман гуэркІэ унэм фыкъыщІэмыкІыу фыщІэсын хуей хъумэ, ар сэбэп къыфхуэхъужынущ (Пр 22:3; g17.5-U 4).
«Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру пІэрэ уэ?» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
-
Гузэвэгъуэшхуэхэм зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ сыт дэ иджыпсту тщІэ хъунур?
-
Насыпыншагъэ къызылъэІэсахэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 26, абз. 18—22, н. 209 ит рамкэр