Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

Неемие пщІэ лей зыхуригъэщІыну хэттэкъым

Неемие пщІэ лей зыхуригъэщІыну хэттэкъым

Езым и фейдэ щхьэкІэ Неемие и тепщэныгъэр къигъэсэбэптэкъым (Не 5:14, 15, 17, 18; w02-​U 1/11 27, абз. 3).

Неемие ухуэныгъэм кІэлъыплъ къудейуэ аратэкъым, атІэ езыри абы хэтт (Не 5:16; w16.09-​U 6, абз. 16).

Псэемыблэжу лъагъуныгъэ зэригъэлъэгъуар игу къигъэкІыжыну икІи ехъулІэныгъэ къритыну Неемие Иеговэ елъэІут (Не 5:19; w00-​U 1/2 32, абз. 3).

Неемие тепщэныгъэ иІэми, ар щыгугътэкъым цІыхухэр нэхъ лейуэ къыхущытыну. Зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щызыгъэзащІэхэм ар щапхъэфІ яхуохъу.

ЗЭУПЩІЫЖ: «НэгъуэщІхэм зыгуэр къысхуащІэным сежьэрэ хьэмэрэ сэ езым зэрахуэсщІэным сыхущІэкъурэ?»