БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ
Иджы сэ адрейхэм садоІэпыкъуф
КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1981
КЪЭРАЛЫР: ГВАТЕМАЛЭ
ЯПЭМ: САБИИГЪУЭ ШЫНАГЪУЭ
ЯПЭМ СИІА ГЪАЩІЭР.
Сэ Гватемалэ къэралым, Акуль къалэ цІыкІум сыкъыщалъхуащ. Си унагъуэр ишиль лъэпкъым щыщ майя жыхуаІэхэм къытехъукІащ. Испаныбзэм нэмыщІ, си лъэпкъым и бзэри сщІэт. Си сабиигъуэр илъэс 36-кІэ екІуэкІа гражданскэ зауэм и зэман хьэлъэм техуащ. А илъэсхэм къриубыдэу лъы куэд ягъэжащ икІи си лъэпкъым щыщ куэд зауэм хэкІуэдащ.
ИлъэсиплІ сыщыхъум щыгъуэ, илъэсибл хъу си къуэшыр гранатэм ириджэгу пэтрэ, ар къауэри си къуэшыр иукІащ, сэри абы иужь нэфу сыкъэнащ. Си сабиигъуэр сабий нэфхэм папщІэ Гватемалэ къалэм щыІэ интернатым щесхьэкІащ. Сэ абы Брайль и шрифтым сыщрагъэсащ. Адрей сабийхэм сепсэлъэну егъэджакІуэхэм къысхуадэтэкъым икІи абы и щхьэусыгъуэр сэ къызгурыІуэтэкъым. ИкІэм-икІэжым псоми зыкъыспыІуадзу хъуащ. Сэ закъуэныгъэр хуабжьу зыхэсщІэт икІи къысхуэмыгъэсу сыпэплъэт унэм сыкІуэжу мазитІкІэ мамэ сыщригъусэну зэманым. Мамэ егъэлеяуэ цІыху щабэт икІи сыт щыгъуи сыкъыгурыІуэт. Ауэ илъэсипщІ сыщыхъум щыгъуэ, мамэ дунейм ехыжащ. А гуауэшхуэм си гущхьэр икъутат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мамэ нэмыщІ фІыуэ сыкъэзылъагъу мы дунеишхуэм зыри теттэкъым.
Илъэс 11 сыщыхъум, сыкъыщалъхуа къалэм згъэзэжри, си адэм и къуэм и унагъуэм и гъусэу сыпсэууэ щІэздзащ. Шхыни щыгъыни сыщыщІэтэкъым, ауэ гуапагъэрэ лъагъуныгъэрэ згъуэттэкъым. Иныкъуэм деж си нэпсыр къыщІэхуу Алыхьым сеупщІт: «Мамэ щхьэ дунейм ехыжа? Щхьэ сэ нэф сыхъуа?» А Іуэхур Алыхьым иухауэ цІыхухэм къызжаІэт. Алыхьым гущІэгъуи захуагъи хэмылъу къысщыхъут. Сэ зызукІыжыну сыхуейт, ауэ сыкъэзыгъэувыІар зызэрызукІыжын Іэмал къызэрысхуэмыгъуэтаращ.
Си нэм зэримылъагъум къыхэкІкІэ, хэти си жагъуэ къищІыфт. Сыщысабийм щыгъуэ сэ зыбжанэрэ лей къызахащ. Ауэ абы теухуауэ сэ зыми жесІакъым, зыгуэрым сыкъыфІэІуэхуу слъагъутэкъыми. Зэзэмызэххэт сэ зыгуэр къыщызэпсалъэр, сэри зыми сепсэлъэну сыхуейтэкъым. Сэ цІыху зэкІуэцІылъу сыщытт, сыт щыгъуи сынэщхъейт икІи зыми дзыхь хуэсщІтэкъым.
БИБЛИЕМ СИ ГЪАЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР.
Зэгуэр школым сыщыІэу, переменэм Иеговэ и Щыхьэтхэр къызбгъэдыхьащ. Зы егъэджакІуэм фІэгуэныхь сыхъуати, Алыхьым хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэм елъэІуащ си деж къэкІуэну. Библием къыдит гугъэ дахэм теухуауэ ахэр къыздэгуэшащ, икІи сэ къэсщІащ лІахэр къызэрытэджыжынур, нэфхэми я нэр къызэрыплъэжынур (Исаия 35:5; Иуан 5:28, 29). Иеговэ и Щыхьэтхэм къызжаІэ псори сигу ирихьт, ауэ абыхэм сепсэлъэну къызэхьэлъэкІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэм узэрепсэлъэн хуейм сыщыужат. Апхуэдэу сызэрыщытым емылъытауэ, ахэр адэкІи си деж къакІуэт икІи Библием ит пэжым срагъаджэт. Иеговэ и Щыхьэтхэм гуапагъэрэ шыІэныгъэрэ яхэлъу сыт щыгъуи къысхущытт. Сыщыпсэу къалэм къэкІуэн щхьэкІэ, а зэщхьэгъусэхэм бгыхэм пхырыкІ, километрипщІым щІигъу гъуэгуанэ зэпаупщІын хуей хъут.
Си адэм и къуэм зэрыжиІамкІэ, ахэр къабзэу икІи дахэу хуэпат, ауэ цІыху къулейуэ зэрыщымытыр плъагъут. Абыхэм сыт щыгъуи гулъытэ къысхуащІт, зэзэмызи тыгъэ гуэрхэр къызатт. Сэ быдэу си фІэщ хъут Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм нэмыщІ, нэгъуэщІым зыми псэемыблэжу апхуэдэ лъагъуныгъэ зэримыгъэлъэгъуэфынур.
Брайль и шрифтымкІэ къыдэкІ тхыгъэхэмкІэ сэ Библиер сджыт. Тхыгъэ ЛъапІэм зыхуригъаджэр акъылкІэ къызгурыІуэт, ауэ языныкъуэ гупсысэхэр си фІэщ сщІыну къызэхьэлъэкІт. Псалъэм папщІэ, сэ Алыхьым сыкъызэрыфІэІуэхур си фІэщ хъутэкъым икІи зыгуэрым фІыуэ сыкъызэрилъагъуфынум шэч къытесхьэт. Алыхьым Іейр зэман гуэркІэ щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр къызгурыІуэт, ауэ ар фІыуэ сыкъэзылъагъу си Адэу зэрыщытыр си фІэщ сщІыну тынштэкъым *.
Библием къыщысщІэм хуэм-хуэмурэ гъащІэм хузиІэ еплъыкІэр ихъуэжт. Псалъэм папщІэ, сэ къэсщІащ Алыхьым хьэзаб зышэч цІыхум гущІэгъу зэрыхуищІыр. Лей къызылъыс и лэжьакІуэхэм теухуауэ Иеговэ жиІауэ щытащ: «Си лъэпкъым Мысырым щишэч гугъуехьыр слъэгъуащ... Сэ сощІэ ар гугъу зэрехьыр» (Исход 3:7). Иеговэ гущІэгъушхуэрэ лъагъуныгъэрэ зэрыхэлъыр къыщызгурыІуам си гъащІэр абы естыну гукъыдэж сиІэу сыхъуащ. 1998-нэ гъэм сэ псым зыщІэзгъауэри, Иеговэ и Щыхьэт сыхъуащ.
Псым зэрызыщІэзгъауэрэ илъэс хуэдиз дэкІат. А зэманым Эскуинтлэ къалэм пэмыжыжьэу нэфхэм папщІэ екІуэкІ курсхэм сэ сыщеджэт. Сыщыпсэу къалэм сыкъикІыу зэІущІэхэм сыкІуэн щхьэкІэ, бгыхэм сыпхырыкІыу гъуэгуанэ кІыхь зэпызупщІын хуейт. Си нэм зэримылъагъум къыхэкІкІэ, си дежкІэ ар егъэлеяуэ гугъут. Апхуэдиз къару есхьэлІэн хуей зэрыхъур зэхуэсым и нэхъыжьым къыщищІам щыгъуэ, ар Эскуинтлэ къалэм дэс ди зы унагъуэм гурыІуащ я деж сыщагъэпсэуну икІи зэІущІэхэм сыкІуэну къыздэІэпыкъуну. Ахэр си унагъуэм хуэдэщ икІи иджыри къыздэсым ахэр сэ къыздоІэпыкъу.
Си къуэш, си шыпхъухэм къысхуаІэ лъагъуныгъэр зэрызагъэлъэгъуам и щапхъэ куэд иджыри къэсхьыфынущ. А псом си фІэщ ещІ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм сазэрыхэтыр (Иуан 13:34, 35).
СИ ГЪАЩІЭМ ФІЫКІЭ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖАР.
Япэм сэ къэслъытэт зыри сримыщІысу икІи гугъэ лъэпкъ симыІэу. Ауэ иджыпсту си гъащІэм мыхьэнэ иІэщ. Библием ит щІэныгъэмкІэ цІыхухэм садэгуэшэным сэ зэман куэд тызогъэкІуадэ. Си узыншагъэм къыхэкІкІэ куэд зэрысхузэфІэмыкІым щхьэкІэ си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжу сыщыс нэхърэ, Библием ит пэжым цІыхухэр хуезгъаджэмэ нэхъ къызощтэ. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьу сызэрылажьэм икІи цІыху куэдым я пащхьэ гъэхьэзыра псалъэхэр жысІэну Іэмал сызэриІэм гуфІэгъуэшхуэ къысхуехь. Ди щІыпІэм щекІуэкІ региональнэ конгрессхэм цІыхухэр мин бжыгъэкІэ къокІуалІэ. Сэ абыхэми гъэхьэзыра псалъэхэр щыжызоІэ.
2010-нэ гъэм сэ Сальвадор щекІуэкІа Школа усовершенствования служения жыхуаІэм сыщеджащ (нобэ абы зэреджэр Школа благовестников Царства). А школым сэ сригъэсащ зэхуэсым щызиІэ къалэнхэр нэхъыфІу згъэзащІэу. Сэ зыхэсщІащ Иеговэ лъапІэу сызэрилъытэр икІи фІыуэ сыкъызэрилъагъур. Абы нэмыщІ сэ къызугрыІуащ Алыхьыр зэрыдэІэпыкъуфынур абы и лэжьыгъэм хэтыну хуей дэтхэнэ зыми.
Хьисэ жиІащ: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апостолхэм 20:35). Шэч хэмылъу, сэ нобэ сынасыпыфІэ дыдэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджы сэ адрейхэм садоІэпыкъуф.
^ абз. 13 Апхуэдиз гузэвэгъуэ Алыхьым щІыщигъэІэм теухуауэ «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым, 11-нэ псалъащхьэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. А тхылъыр Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ.