Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3 СТАТЬЯР

Хьисэ зэрыгъам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

Хьисэ зэрыгъам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

«Хьисэ къэгъащ абдежым» (ИН. 11:35).

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1—3. Иеговэ и лэжьакІуэхэр щІэгъым сыт щхьэусыгъуэ хуэхъур?

 ИУЖЬ дыдэу ущыгъар дапщэщ? ДауикІ, дыгуфІэщауэ дыщыгъи къохъу, ауэ и нэхъыбэм ди гум телъ гурыщІэ хьэлъэхэм я ягъэкІэ дэ догъ. Псом хуэмыдэу дэ дыщІэгъыр фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихым дежщ. Америкэм щыщ ди шыпхъу Ло́рэ b къыддогуашэ: «Си пхъум и лІэныгъэм къысхуихьа гуауэр апхуэдизкІэ инти, гупсэхугъуэ зыми къызиттэкъым. Апхуэдэхэм деж сыпсэуну къару къысхэзылъхьэр сытми сщІэтэкъым».

2 Иныкъуэхэм деж дэ нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэм щхьэкІэ догъ. Японием щыщ ди шыпхъу Хироми́ къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж цІыхухэм хъыбарыфІыр къазэрыфІэмыІуэхум егъэлеяуэ си лъэр щІегъэху. Абы щыгъуэ си нэпсхэр къысфІыщІэжу, пэжыр къэзыщІэну хуей гуэр къэзгъуэтыну Иеговэ къыздэІэпыкъуну солъэІу».

3 Шыпхъухэм зи гугъу ящІа гурыщІэ Іейхэм хуэдэ куэдым зыхащІащ (1 Пет. 5:9). ДауикІ, дэ ди гум гуфІэгъуэ илъу Иеговэ дыхуэлэжьэну дыхуейщ (Пс. 100:2). Ауэ дэ щІэх-щІэхыурэ догъ. Абы щхьэусыгъуэ хуохъу гуауэр, ди лъэр зэрыщІэхуар икІи ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэр (Пс. 6:6). Апхуэдэ гурыщІэ хьэлъэхэм дыпэлъэщыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?

4. Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?

4 Хьисэ и щапхъэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. ГурыщІэ Іейхэр къыщытегуплІэм деж ар щыгъаи къэхъуащ (Лк. 19:41; 22:44; Ин. 11:35; Евр. 5:7). Апхуэдэ Іуэхугъуищ дигу къэдгъэкІыжынщ. Абыхэм я фІыгъэкІэ дэ Хьиси, абы и Адэ Иегови яхудиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ. Абы нэмыщІ дыщІэгъын Іуэхугъуэхэм дыщыпэщІэхуэм деж сыт тщІэ хъунуми къэтщІэнущ.

И НЫБЖЬЭГЪУМ И ЛІЭНЫГЪЭМ КЪЫХУИХЬА ГУАУЭР

Хьисэ хуэдэу, зигу иудахэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу (5—9-нэ абзацхэм феплъ.) e

5. Иуан 11:32—36 ит псалъэхэм Хьисэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

5 Ди эрэм и 32-нэ гъэм, щІымахуэм Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар сымаджэ хьэлъэ хъури, лІащ (Ин. 11:3, 14). Абы шыпхъуитІ иІэт — Марфэрэ Мэриемрэ. Хьисэ а зэдэлъхузэшыпхъухэр фІыуэ илъагъут. Лазар и лІэныгъэр и шыпхъухэм дежкІэ егъэлеяуэ гуауэшхуэт. Куэд дэмыкІыу Марфэрэ Мэриемрэ здэпсэу Вифанием Хьисэ къэкІуащ. Марфэ ар къыщищІам щыгъуэ зимыІэжьэу абы пежьащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы и нэпсхэр къежэхыу Хьисэ мы псалъэхэр щыжриІэм сыт хуэдэ гурыщІэ иІами: «Зиусхьэн... уэ мыбдеж ущыІатэмэ, си дэлъхур лІэнтэкъым» (Ин. 11:21). Мэриемрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ гъыуэ щилъагъум «Хьисэ къэгъащ». (Къеджэ Иуан 11:32—36.)

6. Лазар щылІам щыгъуэ Хьисэ щІэгъар сыт?

6 Сыт Хьисэ щІэгъар? «Понимание Писания» жыхуиІэ тхылъым абы теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар зэрылІамрэ а Іуэхугъуэм абы и шыпхъухэм къахуихьа гуауэмрэ Хьисэ апхуэдизкІэ и гум щІыхьати, ар щэІури къэгъащ» c. Хьисэ и нэгу къыщІигъэхьауэ къыщІэкІынущ Лазар ишэча узымрэ ар зэрылІэр къызэрыгурыІуэжым къыхуихьа гурыщІэ Іейхэмрэ. Абы нэмыщІ Лазар и лІэныгъэм и шыпхъухэм къахуихьа гуауэр илъэгъуну Хьисэ къытехьэлъащ. Зи Іыхьлы лІа цІыхухэм а гурыщІэхэр зищІысыр фІыуэ къагуроІуэ. Мы Іуэхугъуэм дызыхуигъасэ дерсищым гу лъыттэнщ.

7. Хьисэ зэрыгъам Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

7Иеговэ уи гурыщІэхэр къыгуроІуэ. Хьисэ и щытыкІэр — «Тхьэм и щытыкІэм хуэдабзэщ» (Евр. 1:3). Ар щыгъам щыгъуэ и Адэм зыхищІэ гурыщІэхэр къигъэлъэгъуащ (Ин. 14:9). ФІыуэ плъагъу гуэр лІэныгъэм пІэщІихауэ щытмэ, Иеговэ уи гуауэр зэрилъагъум икІи игу къызэрыпщІэгъум шэч къытомыхьэ. Уи гум телъ хьэзабыр абы ещІэ икІи ар трихыну хуейщ (Пс. 34:18; 147:3).

8. ФІыуэ тлъагъу ди лІахэр Хьисэ къызэригъэтэджыжыным шэч къыщІытедмыхьэн хуейр сыт?

8Хьисэ фІыуэ плъагъу уи лІахэр къигъэтэджыжыну хуейщ. Гъын ипэ Хьисэ Марфэ мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Уи дэлъхур къэтэджыжынущ» (Ин. 11:23—27). Марфэ Хьисэ и псалъэхэр и фІэщ хъут. Ар Иеговэ и лэжьакІуэ пэжт икІи пасэрей зэманым бегъымбар Илясрэ Елисейрэ лІахэр къызэрагъэтэджыжам теухуауэ, дауикІ, ищІэт (1 Цар. 17:17—24; 2 Цар. 4:32—37). Абы нэмыщІ Хьисэ лІахэр къызэригъэтэджыжам теухуауэ Марфэ зэхихауэ къыщІэкІынут (Лк. 7:11—15; 8:41, 42, 49—56). Уэри фІыуэ плагъу уи лІахэр зэрыплъэгъужынум шэч къытомыхьэми хъунущ. Хьисэ лІахэр къигъэтэджыжыну зэрыхуейм щыхьэт тохъуэ гуауэм зи гур ирикъутыхьа и ныбжьэгъухэр щилъэгъуам щыгъуэ ар зэрыгъар.

9. Хьисэ хуэдэу, гуауэ зиІэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? Щапхъэ къэфхь.

9Гуауэ зиІэхэм уадэІэпыкъуфынущ. Хьисэ Марфэрэ Мэриемрэ зэрыдэгъам нэмыщІ, ар абыхэм едэІуащ икІи гупсэхугъуэ езытын псалъэхэр яжриІащ. Дэри, Хьисэ щапхъэ тетхыу, гуауэ зиІэхэм апхуэдэу дахущытыфынущ. Австралием щыщ икІи зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Дэн къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэр щылІам щыгъуэ дэІэпыкъуэгъум хуабжьу сэ сыхуэныкъуэт. А зэманым къуэш куэдыр я щхьэгъусэхэр я гъусэу сыт щыгъуи къызэдэІуэну хьэзырт. Абыхэм сащригъусэм деж сымыукІытэу сыгът икІи си гум илъымкІэ садэгуэшэфт. Иныкъуэхэм деж машинэр стхьэщІыну, тыкуэным сыкІуэну е сыпщэфІэну къару лъэпкъ сиІэтэкъым. Абы щыгъуэ ахэр къыздэІэпыкъуну хьэзырт икІи щІэх-щІэхыурэ си гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэт. Ахэр „гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу“ ныбжьэгъу пэж схуэхъуащ» (Прит. 17:17).

ЦІЫХУХЭМ ЩХЬЭКІЭ ЗЭРЫГУЗАВЭР

10. Лука 19:36—40 ит псалъэхэм зи гугъу ящІыр къыжыфІэж.

10 Ди эрэм и 33-нэ гъэм, нисаным и 9-нэ махуэм къэхъуа Іуэхугъуэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуауэ, цІыхухэр абы къыпежьэри, я щыгъынхэр зыщахыурэ гъуэгум тралъхьэу щІадзащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм къагъэлъагъуэт Хьисэ я пащтыхьу къызэралъытэр. Псоми гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэт. (Къеджэ Лука 19:36—40.) Абы къыхэкІкІэ адэкІэ къэхъуар Хьисэ и гъэсэнхэм гъэщІэгъуэн ящыхъуауэ къыщІэкІынущ. Къалэм пэгъунэгъу хъуауэ Хьисэ и нэпсым къызэпижыхьащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а къалэм дэсхэм къащыщІыну гузэвэгъуэр абы ипэкІэ ищІэт (Лк. 19:41—44).

11. Ерусалим дэсхэм щхьэкІэ Хьисэ щІэгъар сыт?

11 Хьисэ и гур хэщІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэт, ар гуапэу къызэрырагъэблэгъам емылъытауэ, и лъэпкъэгъухэм и нэхъыбэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ІэщІыб зэращІынур. Абы къыхэкІкІэ Ерусалим къалэр зэтракъутэнущ, абы дэс цІыху куэдыр яукІынущ, къэнахэр гъэрыпІэм яшэнущ (Лк. 21:20—24). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, цІыхухэм и нэхъыбэм ар ІэщІыб ящІащ. Фэ фыщыпсэу щІыпІэм цІыхухэр хъыбарыфІым дапхуэдэу зэрыхущытыр? И нэхъыбэр абы емыдаІуэу щытмэ, Хьисэ зэрыгъам дэ куэдым дригъэсэфынущ. Абы теухуауэ дерсищ зэпкърытхынщ.

12. Хьисэ зэрыгъам Иеговэ теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ?

12Иеговэ цІыхухэм щхьэкІэ мэгузавэ. Хьисэ зэрыгъам къегъэлъагъуэ Иеговэ цІыхухэм щхьэкІэ зэрыгузавэр. 2 Петр 3:9 щыжыІащ «зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну» Иеговэ зэрыхуейр. «Ди гъунэгъухэм» адэкІи хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэн щхьэкІэ Іэмалу диІэу хъуар къызэрыдгъэсэбэпымкІэ дэ Иеговэ и гурыщІэхэм хуэдэ дызэриІэр къыдогъэлъагъуэ (Мт. 22:39) d.

Хьисэ хуэдэу, цІыхухэм я Іуэхум зыдевгъэкІу (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.) f

13, 14. Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу зэрахуищІыр къызыхэщу щытар сыт икІи дапхуэдэу дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур?

13Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу хэтт. Абы цІыхухэр иригъэджэн щхьэкІэ дэтхэнэ зы Іэмалри къигъэсэбэпт (Лк. 19:47, 48). Зэман-зэманкІэрэ Хьисэ къедэІуэн щхьэкІэ апхуэдизкІэ цІыху куэд къызэхуэсти, «езымрэ и гъуэгу ирикІуэхэмрэ шхэгъуэ [щи]мыхуэ» къэхъут (Мк. 3:20). Хьисэ жэщми цІыху щригъэджа къэхъуащ абы и Іуэхум зыдригъэкІун щхьэкІэ (Ин. 3:1, 2). Апхуэдэу ищІэну Хьисэ хуэзыгъэушар сыт? Абы цІыхухэр фІыуэ илъагъут икІи гущІэгъу абыхэм яхуищІт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьисэ къедэІуахэм щыщу и нэхъыбэр абы и лъэужь иувакъым, ауэ ар Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ хъун щхьэкІэ дэтхэнэ зыми зыхуэныкъуэ щІэныгъэр къыІэрыхьат. Хьисэ хуэдэу, дэри дыхуейщ хъыбарыфІыр цІыхухэм псоми зэхахыну (Апост. 10:42). Абы щхьэкІэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмалхэр тхъуэжыну дэ хьэзыру дыщытын хуейщ.

14ЦІыхум и Іуэхум зыдевгъэкІу. ХъыбарыфІыр зэхэзыхыну хуей цІыху куэд иджыри щыІэщ. Ауэ ар щыдгъэІу зэманыр дымыхъуэжу щытмэ, дэ абыхэм зэи дримыхьэлІэнкІэ хъунущ. Пионеру лажьэ ди шыпхъу Мати́льдэ къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ хъыбарыфІыр щыдгъэІу зэманыр тхъуэжыну дыхущІокъу. Пщэдджыжьым жьыуэ цІыхухэр лэжьапІэм щыщыІэм деж дэ абыхэм захуэдгъэзэну дыхущІокъу. Махуэм цІыхухэр уэрамым куэду щыдэтым деж стендыр къэдгъэсэбэпу хъыбарыфІыр догъэІу. Пщыхьэщхьэм цІыхухэр унэм екІуэлІэжа иужь дэ унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр догъэІу». Дэ ди Іуэхум хуэкІуэ зэманыр къыхэдмыхыу, цІыхухэм я Іуэхухэм зыдедгъэкІуу щытмэ, цІыху нэхъыбэм депсэлъэну Іэмал диІэнущ. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ зэрыдгъэгуфІэнум шэч къытедмыхьэми хъунущ.

И АДЭМ И ЦІЭМ ЩХЬЭКІЭ ЗЭРЫГУЗАВЭР

Хьисэ хуэдэу, гъэунэхуапІэ фыщихуэм деж лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуэвгъазэ (15—17-нэ абзацхэм феплъ.) g

15. Лука 22:39—44 зэритымкІэ, Хьисэ лІэн ипэ иужьрей жэщым сыт къэхъуар?

15 Ди эрэм и 33-нэ гъэм, нисаным и 14-м, пщыхьэщхьэр гувауэ Хьисэ Гефсимание жыг хадэм кІуэри, лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъэзащ. (Къеджэ Лука 22:39—44.) Еврейхэм 5:7 зэритымкІэ, Хьисэ «макъ хэІэтыкІакІэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ» Алыхьым зыхуигъэзащ. Хьисэ лІэн ипэ иужьрей жэщым и Адэм сыткІэ зэрелъэІуар? Ар Иеговэ елъэІуащ абы пэжу къыхуэнэн икІи и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ къару къритыну. Хьисэ и псэм телъ хьэзабыр Иеговэ илъагъути, ар игъэбыдэн щхьэкІэ мелыІыч къыхуигъэкІуащ.

16. Хьисэ Гефсимание жыг хадэм иту Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуигъэзам щыгъуэ щІэгъар сыт?

16 Хьисэ Гефсимание жыг хадэм иту Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуигъэзам щыгъуэ щІэгъар сыт? Шэч хэмылъу, абы хуабжьу къытехьэлъэт ар Алыхьым епцІыжа цІыхум хуэдэу зэраукІынур. Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн и пщэм дэлът — абы и Адэм и цІэр игъэкъэбзэжын хуейт. Фэри иджыпсту Иеговэ фызэрыхуэпэжыр зыгъэунэху гугъуехь фыпэщІэхуауэ щытмэ, Хьисэ и щапхъэм сытым фыхуигъэсэфыну? Иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсищ зэпкърытхынщ.

17. Хьисэ и лъэІу гуащІэм Иеговэ жэуап зэрыритам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

17Иеговэ фи лъэІу гуащІэхэм йодаІуэ. Иеговэ и Къуэм и тхьэлъэІум едэІуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ и Адэм хуэпэжу къызэрынэнымрэ абы и цІэр зэригъэкъэбзэжынымрэ псом япэ иригъэщт. Дэри Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэнымрэ абы и цІэр зэрыдгъэлъэпІэнымрэ ди гъащІэм япэ идгъэщу щытмэ, шэч хэмылъу ди лъэІухэми абы жэуап къритынущ (Пс. 145:18, 19).

18. Хьисэ гущІэгъу зыхэлъ ныбжьэгъуу щыту жыпІэ щІэхъунур сыт?

18Хьисэ фи гурыщІэхэр къыгуроІуэ. Сыт хуэдэ гугъуехьми упэлъэщыну нэхъ тыншщ уи гурыщІэхэр къызыгурыІуэ икІи апхуэдэ гугъуехьым пхырыкІа ныбжьэгъу ущигъусэм деж. Хьисэ апхуэдэ ныбжьэгъуу щытщ. Къарууншэу икІи дэІэпыкъуэгъу ухуэныкъуэу ущытыныр зищІысыр абы фІыуэ ещІэ. Хьисэ гуэныхь зэрытхэлъыр къыгуроІуэ икІи «дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукІэ» сыт щыгъуи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ (Евр. 4:15, 16). Гефсимание жыг хадэм щитам щыгъуэ, абы мелыІычыр зэрызыдигъэІэпыкъуам хуэдэу, дэри Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъун щхьэкІэ сыт щыгъуи хьэзыру дыщытын хуейщ. Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап иритын щхьэкІэ публикациехэр, видеохэр, псалъэ гъэхьэзырахэр, зэхуэсым и нэхъыжьхэр е фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ ди ныбжьэгъухэр къигъэсэбэпыфынущ. Хьисэ хуэдэу, дэри Иеговэ къыбгъэдэкІ дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб тщІынкъым.

19. Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

19Иеговэ гузэгъэгъуэ къывитынущ. Абы тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ ин» къыдет (Флп. 4:6, 7). Иеговэ къыдит гузэгъэгъуэр гупсысэ Іейхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу икІи ди гум мамырыгъэ кърелъхьэ. Ди шыпхъу Люси́я и щхьэмкІэ ар зыхищІащ. Люсия къыддогуашэ: «Зэман-зэманкІэрэ сэ закъуэныгъэр егъэлеяуэ къыстохьэлъэ икІи Иеговэ фІыуэ сыкъимылъагъу хуэдэу сегупсысу щІызодзэ. Абы щыгъуэ занщІэу си гурыщІэхэр Иеговэ хузоІуатэ икІи гупсысэ Іейхэм сыпэлъэщыну ар къыздоІэпыкъу». Люсия и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, тхьэлъэІум и фІыгъэкІэ дэ гузэгъэгъуэ диІэфынущ.

20. Хьисэ щІэгъа Іуэхугъуищым сытым дыхуагъасэрэ?

20 Мы статьям Хьисэ щІэгъа Іуэхугъуищым гу лъыттащ. Абыхэм я фІыгъэкІэ гупсэхугъуэ къыдэзыт икІи сэбэп къытхуэхъу гупсысэ зыбжанэ дэ зэпкърытхащ. А гупсысэхэм дигу къагъэкІыжащ зи Іыхьлы зыфІэкІуэдахэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Абы нэмыщІ дэри апхуэдэ гугъуехьым дыпэщІэхуэу щытмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыддэІэпыкъунум. Иджыри мы статьям дыхуигъэушащ хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэ цІыхухэм гущІэгъу яхуэтщІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ Хьисэрэ абыхэм апхуэдэущ зэрахущытыр. Иеговэрэ абы и Къуэмрэ ди гурыщІэхэр къазэрыгурыІуэр, гущІэгъу къызэрытхуащІыр икІи къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр мы статьям дигу къигъэкІыжащ. Дэ зэпкърытха дерсхэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ «ди нэхэм нэпс псори [щы]щІилъэщІыкІыжыну» зэманыр къэсыху абы хуэпэжу дыкъэнэну (Апок. 21:4).

120-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх

a Хьисэ гурыщІэ хьэлъэхэр зэриІэм къыхэкІкІэ щыгъа къэхъуащ. Мы статьям апхуэдэ Іуэхугъуищ щызэпкърытхынущ икІи абыхэм сытым дыхуагъасэми къэтщІэнущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c «Понимание Писания» тхылъым «Иисус Христос» статьям, «Дела и качества» псалъащхьэм, «Глубокие чувства и теплота» Іыхьэм феплъ.

d Маттэ 22:39 ит «гъунэгъу» жыхуиІэ псалъэм зи гугъу ищІыр уи благъэ, уи гъунэгъу е уи цІыхугъэу щыт цІыхухэм я закъуэкъым, атІэ гъащІэм ущызрихьэлІэ дэтхэнэ зыри абы хеубыдэ.

e СУРЭТЫР. Хьисэ и гум хуигъэушт Марфэрэ Мэриемрэ гупсэхугъуэ яритыну. Дэри, Хьисэ щапхъэ тетхыу, зи Іыхьлы е зи ныбжьэгъу зыфІэкІуэда цІыхум гупсэхугъуэ еттыфынущ.

f СУРЭТЫР. Хьисэ жэщым хъыбарыфІымкІэ Никодим дэгуэшащ. ЦІыхур Библием щедгъаджэкІэ, ар нэхъ щыхущІыхьэ зэманым зыдедгъэкІумэ, нэхъыфІщ.

g СУРЭТЫР. Хьисэ Иеговэ хуэпэжу къэнэфын щхьэкІэ къару къритыну елъэІут. Дэри гъэунэхуапІэ дыщихуэм деж ар дыдэращ тщІэн хуейр.