2. Дыкърегъэл
Языныкъуэ гугъуехьхэр кІыхь-лІыхь хъуфынущ. Гу лъыдмытэжу Іей гуэрымрэ гупсысэкІэ къемызэгъымрэ хьэл хэтІэса тхуэхъуу щытмэ, дауикІ, абы и зэран къыдэкІыфынущ. Лъэр щІэзых ди гугъуехь хэтІэсахэм дыпэлъэщыну Библиер къыддэІэпыкъуфыну пІэрэ? Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
ЕГЪЭЛЕЯУЭ ГУЗЭВЭН
Розэ жеІэж: «Къэхъуфыну Іуэхугъуэ шынагъуэхэр си нэгу къыщІэзгъэхьэт икІи абы си лъэр щІихт». Сыт хуэдэ чэнджэщхэр а хъыджэбзым къыдэІэпыкъуа? Абыхэм щыщ зыр Маттэ 6:34 итщ: «Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкІэ фымыгузавэ. Пщэдей къакІуэр езым и щхьэм щхьэкІэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иІэжщи». Хьисэ жиІа псалъэхэр Розэ къыдэІэпыкъуащ афІэкІа пщэдей махуэм къыхуихьыфынум егъэлеяуэ иримыгузэвэну. Абы жеІэ: «Армырами ущІэгузэвэныр куэдщ. Зэи къэмыхъуфыным щхьэкІэ щхьэ лейуэ угузэвэн хуей?»
Зареми егъэлеяуэ гузэвэхт. «Тхьэмахуэ къэс махуэ зыбжанэкІэ сыщыгъ къэхъут. Жэщым сыжеифтэкъым. Гупсысэ Іейхэм сашхт». Сыт хуэдэ чэнджэщ абы къыдэІэпыкъуар? 1 Петр 5:7 итщ: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи». Зэремэ жеІэ: «Сэ зэпымыууэ Иеговэ селъэІут икІи Абы жэуап къызитащ. Си плІэм хьэлъэ гуэр дэхужам хуэдэу гупсэхугъуэ згъуэтыжащ. Зэзэмызэ гупсысэ Іейхэр сигу къыщыкІ къохъу, ауэ сэ иджы сощІэ абыхэм дауэ сыпэлъэща хъунуми».
ІУЭХУР ЕГЪЭТІЫЛЪЭКІЫН
Маритэ жеІэж: «Си адэм Іуэхур иригъэтылъэкІыну и хьэлт. Сэри абы ещхь сыхъужат. Мыхьэнэ 2 Тимофей 2:15 итщ. Абы щыжыІащ: «Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цІыхуу, илэжьа Іуэхум щІытеукІытыхьыжын лъэпкъ щымыІэу... узэрыщытыным и ужь ит». Маритэ жеІэ: «Сэ сыхуейтэкъым Иеговэ и напэр тесхыну». Апхуэдэ еплъыкІэм хъыджэбзым зихъуэжыну къару къыхилъхьащ.
зиІэ Іуэхур згъэзэщІэным ипІэкІэ зызгъэпсэхут е телевизор сеплът. Ар хьэл Іей дыдэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иужькІэ мафІэ къысщІадзам хуэдэу къэзжыхьт икІи зэманыр схурикъужтэкъым». Маритэ къыдэІэпыкъуа чэнджэщырДи шыпхъу Назирэ жеІэ: «Къалэн гуэр си пщэ къыдалъхьа нэужь, къыскІэщІимыкъузауэ иужь сихьэтэкъым. ИужькІэ сыгът, жэщкІэ сыжейтэкъым икІи егъэлеяуэ сыгузавэт. Сэ езым а хьэлыр сигу ирихьтэкъым». Абы къыдэІэпыкъуащ Притчи 13:16 ит чэнджэщыр: «Губзыгъэр щІэныгъэм тетурэ мэзекІуэ, акъыл зимыІэм игъэлъагъуэр и делагъэщ» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы псалъэхэм егупсысурэ, абы къыгурыІуащ: «Зэман иІэу псори теухуэн хуейщ. Иджы Іуэху сщІэн хуейхэр истхэу тхылъ цІыкІу си стІолым телъщ. Ар къыздоІэпыкъу псори и чэзум згъэзэщІэну».
ЗАКЪУЭНЫГЪЭ
Фузэ игу къегъэкІыж: «СабииплІымрэ сэрэ си щхьэгъусэм дыхыфІидзащ». Библием ит принципхэм щыщу сыт абы къыдэІэпыкъуар? Притчи 17:17 щыжыІащ: «Ныбжьэгъур сыт щыгъуи фІыкІэ къыпхуоупсэ, къуэшыр къыщІыуитар гуауэр бдигуэшын щхьэкІэщ» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Фузэ къыдэІэпыкъуну елъэІуащ зэхуэсым щыщ и ныбжьэгъухэм. Зыгуэр къыдэІэпыкъуауэ пІэрэ? Абы жеІэж: «Зэпымыууэ си ныбжьэгъухэм я нэІэ къыстрагъэтт! Языныкъуэхэр ерыскъыкІэ къыздэІэпыкъут икІи удз гъэгъакІи къысхуэупсэт. Си псэупІэр щэ схъуэжын хуей хъуащ, а щэми си ныбжьэгъу куэд къыздэІэпыкъуащ. Си лэжьапІэри ахэрат къысхуэзыгъуэтар. Си ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи си гъусэт».
Япэм зи гугъу тщІа Асияти лъапІэу илъытэ псори щыфІэкІуэдам щыгъуэ, хуабжьу закъуэныгъэр зыхищІащ. Мис абы и щытыкІэр зэрыжиІэжыр: «ЦІыхухэм гъащІэ гъэщІэгъуэн ирахьэкІт, ауэ си дежкІэ гъащІэр къэувыІа хуэдэт. Закъуэныгъэр икъукІэ къыстехьэлъэт». Псалом 68:6 ит гупсысэр Асият къыдэІэпыкъуащ. Абы щыжыІащ: «Зи закъуэхэр Алыхьым унэм щІегъэтІысхьэ». Асият щІегъуж: «Мы едзыгъуэр унэ дыдэм зэрытемыпсэлъыхьыр къызгурыІуэт. АтІэ «унэ» жиІэу мыбы зи гугъу ищІыр — ар гупсэхугъуэрэ Алыхьыр уэр хуэдэу фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъу пэжхэмрэ щыбгъуэт щІыпІэращ. Ауэ сэ сщІэт Иеговэ гъунэгъу сыхуэмыхъуауэ ныбжьэгъу пэж зэрызэзмыгъэгъуэтыфынур. Псалом 37:4 ит псалъэхэр къыздэІэпыкъуащ: „Иеговэ и деж гуфІэгъуэшхуэ къыщыгъуэти, Абы уи гум илъ мурадхэр игъэзэщІэнущ“».
Асият мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «Сэ къызгурыІуащ Иеговэ нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэсщІын хуейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Ар псом нэхърэ нэхъыфІщ. Си дэлъху си шыпхъухэр нэхъыфІу къэсцІыхун щхьэкІэ, абыхэм я гъусэу сщІэ хъуну Іуэхухэр стхащ. Іей лэпкъ яхэмылъым хуэдэу, цІыхухэм я фІым фІэкІа сымылъагъуу зезгъэсащ».
Пэжщ, Иеговэ и Щыхьэтхэр нэгъуэщІ цІыхухэм хуэдэу зэрыгуэныхьлым къыхэкІкІэ, ахэри гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІохуэ. Ауэ Библиер зэраджым ахэр хуегъэуш гузэвэгъуэ пэщІэхуэхэм ядэІэпыкъуну. Апхуэдэ ныбжьэгъухэр уиІэну насыпщ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэр зыри сэбэп къыщыпхуэмыхъужыф Іуэхугъуэ ущыпэщІэхуам деж, къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ? Псалъэм папщІэ, уз хэтІэса уиІэмэ е уи унагъуэм щыщ дунейм ехыжамэ?
Библием ит чэнджэщхэм утетмэ, ныбжьэгъу пэжхэр бгъуэтынущ