Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

СТАТЬЯР 36

«ЦІыхухэр къэвубыду» фыхъуну фыхьэзыр?

«ЦІыхухэр къэвубыду» фыхъуну фыхьэзыр?

«Умышынэ. ДяпэкІэ цІыхухэр къэбубыду ухъунущ» (ЛК. 5:10, ДЩІ).

73-НЭ УЭРЭДЫР Тегушхуэныгъэ къыдэт

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1. Хьисэ бдзэжьеящиплІыр сытым къыхуриджа икІи сыт абыхэм ящІар?

 ПЕТР, Индрис, Екъуб, Иуан сымэ я щхьэ зэрапІыжыр бдзэжьеящэу зэрыщытырат. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абыхэм зэрагъэщІэгъуар Хьисэ ахэр къригъэблагъэу, мы псалъэхэр щажриІам: «Си ужь фыкъиувэ, сэ фысщІынущ цІыхухэр къэвубыду» (Мт. 4:19, ДЩІ). Мы псалъэхэр зэхаха иужь сыт абыхэм ящІар? Библием щыжыІащ: «Яхъхэр а сыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр» (Мт. 4:18—22). Абыхэм къащта унафэм я гъащІэр ихъуэжащ. Бдзэжьейм и пІэкІэ абыхэм «цІыхухэр къаубыду» хъуащ (Лк. 5:10, ДЩІ). Ноби Хьисэ пэжыр фІыуэ зылъагъу, зигу къабзэ цІыхухэр апхуэдэу кърегъэблагъэ (Мт. 28:19, 20). Хьисэ фыкъызыхуриджам теухуауэ сыт хуэдэ унафэ къэфщта? Фэ «цІыхухэр къэвубыду» * фыхъуа?

2. «ЦІыхухэр къэвубыду» фыхъун ипэ сыт абы фІыуэ фегупсысын щІыхуейр икІи а унафэр къэфщтэну сыт къывдэІэпыкъунур?

2 Фэ зэман гуэр хъуауэ Библиер вджыуэ къыщІэкІынщ икІи фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэфлъхьа хъунщ. Иджы фэ унафэ къэфщтэн хуейщ хъыбарыфІ гъэІуным фыхэтынрэ фыхэмытынрэ. Абы теухуауэ унафэ къэфщтэну фытемыгушхуэнкІэ хъунущ, ауэ фымыгузавэ, апхуэдэу щІыщытыр ар мыхьэншхуэ зиІэ лъэбакъуэу зэрыщытыр фэ къывгуроІуэри аращ. Пэжщ, Библием щыжыІащ Петр, Индрис, Екъуб, Иуан сымэ «яхъхэр а сыхьэтым» къагъэнауэ, ауэ емыгупсысауэ а унафэр абыхэм къащтауэ жыпІэ хъунукъым. Илъэс ныкъуэ нэхърэ нэхъыбэкІэ узэІэбэкІыжмэ, абыхэм Хьисэ къацІыхуат икІи ар Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ хъуат (Ин. 1:35—42). Фэри Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ куэд къэфщІа хъунщ икІи абыхэм адэкІи нэхъ гъунэгъу захуэфщІыну фыхуейуэ къыщІэкІынщ. ХъыбарыфІыр вгъэІуну унафэ къэфщтэн ипэ фІыуэ фегупсысын хуейщ абы тевгъэкІуэдэнумрэ фІыгъуэ къыфхуихьынумрэ. БдзэжьеящиплІым унафэ къащтэну сыт къадэІэпыкъуар?

3. ХъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэр гъэхьэзырынымрэ ехъулІэныгъэ фиІэу фыхэтын щхьэкІэ сыт къывдэІэпыкъунур?

3 Хьисэ япэу и лъэужь иувахэм я лэжьыгъэм фІыуэ хащІыкІт икІи а лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъут, абыхэм лІыгъэ яхэлът, абы нэмыщІ мурад ящІам тетын щхьэкІэ къару ирахьэлІэн зэрыхуейр къагурыІуэт. Ар абыхэм къадэІэпыкъуащ ехъулІэныгъэ яІэу «цІыхухэр къаубыдыну». Мы статьям щызэпкърытхынущ хъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэр гъэхьэзырынымрэ ехъулІэныгъэ фиІэу фыхэтын щхьэкІэ сыт къывдэІэпыкъунуми.

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ДЫЩІЫХЭТЫМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР ФИ ГУМ ИВГЪЭЛЪ

Петр, Индрис, Екъуб, Иуан сымэ «цІыхухэр къаубыду» хъуащ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр ноби йокІуэкІ. (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)

4. Сытыт Петр бдзэжьей ещэу щІыщытар?

4 Петр бдзэжьеящэу щІыщытыр и унагъуэр зэрипІын хуей закъуэратэкъым, атІэ абы а лэжьыгъэр фІыуэ илъагъут (Ин. 21:3, 9—15). Апхуэдэу абы Хьисэ кърита къалэнри фІыуэ илъагъуащ — «цІыхухэр къэубыдыныр». Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ а ІуэхумкІэ абы ехъулІэныгъэ иІащ (Апост. 2:14, 41).

5. Лука 5:8—11 зэритымкІэ, Петр сытыт зыщышынэр икІи сыт фэ къывдэІэпыкъунур апхуэдэ гурыщІэхэм фыпэлъэщыну?

5 ХъыбарыфІыр дгъэІуну япэ дыдэу дыхуэзыгъэушыр Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъуращ. А лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу тхузэфІэмыкІыну ди гугъэ лэжьыгъэм дытегушхуэну. Хьисэ Петр «цІыхухэр къиубыдыну» къыщриджам щыгъуэ жриІауэ щытащ: «Умышынэ!» (Къеджэ Лука 5:8—11.) Петр щІэшынар Хьисэ и лъэужь иувэмэ, къэхъунуратэкъым, атІэ абыхэм «апхуэдизкІэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ». Петр къыгурыІуэт ар телъыджэ Іуэхуу зэрыщытыр икІи а Іуэхур зыщІам и гъусэу лэжьэну и щхьэм хуигъэфащэтэкъым. Фэри абы хуэдэу шынэ фиІэнкІэ хъунущ. Фэ фегупсысу къыщІэкІынщ Хьисэ и лъэужь фитыну фхузэфІэмыкІыну. Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ, Хьисэ, абы нэмыщІ цІыхухэм уахуиІэ лъагъуныгъэр зэрыхэбгъэхъуэным иужь ит. Апхуэдэу пщІэмэ, ар къыбдэІэпкъунущ Хьисэ укъызыхуриджэр бгъэзэщІэну — «цІыхухэр къэбубыду» ухъуну (Мт. 22:37, 39; Ин. 14:15).

6. ХъыбарыфІыр дгъэІуну сыт иджыри дыхуэзыгъэушыр?

6 ХъыбарыфІыр щІэдгъэІум и щхьэусыгъуэ зыбжанэ иджыри зэпкърытхынщ. Дэ дыхуейщ Хьисэ къытхуищІа унафэр дгъэзэщІэну: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ» (Мт. 28:19, 20). Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр щІэдгъэІум и щхьэусыгъуэр цІыхухэр «мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкІыу» щытщи аращ, абы къыхэкІкІэ Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр абыхэм Іэмал имыІэу къащІэн хуейщ (Мт. 9:36). Иеговэ хуейщ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну икІи щыпкъагъэр ящІэну» (1 Тим. 2:4).

7. Рим 10:13—15 ит псалъэхэм дауэ къагъэлъагъуэрэ хъыбарыфІ гъэІуным ухэтыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр?

7 ХъыбарыфІ гъэІуным цІыхухэм я гъащІэр къызэрыригъэлыр къыдгурыІуэу щытмэ, абы дыхэтыну гукъыдэж диІэнущ. Бдзэжьеящэм къиубыдыр ещэ е епщэфІ, ауэ дэ «цІыхухэр къыщІэдубыдыр», ахэр къедгъэлын щхьэкІэщ. (Къеджэ Рим 10:13—15; 1 Тим. 4:16).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫВГЪЭІУНЫМ ТЕУХУАУЭ НЭХЪЫБЭ КЪАФЩІЭ

8, 9. Бдзэжьеящэм сытым хищІыкІын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

8 Хьисэ и зэманым израил бдзэжьеящэм хым сыт къыщиубыдынуми къыгурыІуэн хуейт (Лев. 11:9—12). Абы нэмыщІ абы ищІэн хуейт хъыр дэнэ щыхидзэнуми. Бдзэжьейр здыхэсыр щыпсэуну нэхъ къезэгъымрэ шхын щигъуэтымрэщ. ЦІыхур бдзэжьей щещэ зэманми мыхьэнэ иІэу пІэрэ? ДауикІ, иІэщ. Тихий океаным щыІэ хытІыгум миссионеру щылажьэ ди зы къуэшыр нэгъуэщІ къуэшым бдзэжьеящэ кІуэну къригъэблэгъат. Миссионерым мыпхуэдэу къуэшым жриІащ: «Пщэдджыжь сыхьэтибгъум дызэхуэзэнщ». Къуэшым абы жэуап гъэщІэгъуэн къритыжащ: «Хьэуэ, апхуэдэу хъунукъым. Мыбы къыхэпхын хуейщ: е ужеин, е бдзэжьей къэбубыдын».

9 Апхуэдэ дыдэу япэ лІэщІыгъуэм «цІыху къэзубыдхэм» «бдзэжьей» нэхъыбэу здэщыІэ щІыпІэ къыхахт икІи нэхъыбэ «къыщаубыдыфыну» зэманым трагъахуэти, кІуэт. Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унэ-унэкІэ, бэзэр зэхуэсыпІэм, Тхьэм и унэшхуэм, синэгуэгум хъыбарыфІыр щагъэІут (Апост. 5:42; 17:17; 18:4). Дэри цІыхухэр унэм щыщІэс е нэгъуэщІ щІыпІэхэм щыщыІэ зэманыр тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ХъыбарыфІыр нэхъыбэ цІыхум зэхедгъэхыну дыхуеймэ, зэман нэхъыфІымрэ щІыпІэ нэхъыфІымрэ къыхэтхын хуейщ икІи зыгуэр тхъуэжыну хьэзыру дыщытын хуейщ (1 Кор. 9:19—23).

ЗИ ЛЭЖЬЫГЪЭР ФІЫУЭ ЗЫГЪЭЗАЩІЭ БДЗЭЖЬЕЯЩЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР? 1. Абы ещІэ дапщэщ икІи дэнэ бдзэжьей къыщиубыдынуми. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)

10. Иеговэ и организацэм сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр къыдита?

10 Бдзэжьеящэм зыхуэныкъуэ Іэмэпсымэхэр иІэн хуейщ икІи ахэр къызэригъэсэбэпынури ищІэн хуейщ. Дэри хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэныкъуэ Іэмэпсымэхэр диІэн хуейщ икІи ахэр къызэрыдгъэсэбэпыну щІыкІэри тщІэн хуейщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ІупщІу къагуригъэІуащ «цІыхухэр къаубыдын» щхьэкІэ сыт ящІэн хуейми. Абыхэм яжриІащ сыт къыздащтэнуми, хъыбарыфІыр дэнэ щагъэІунуми икІи сыт жаІэнуми (Мт. 10:5—7; Лк. 10:1—11). Нобэ Иеговэ и организацэм хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэ куэд къыдитащ икІи хъыбарыфІыр ехъулІэныгъэ диІэу дгъэІуну ахэр сэбэп къызэрытхуэхъур зэманым къигъэлъэгъуащ *. ИкІи а Іэмэпсымэхэр къэдгъэсэбэпыфу дагъасэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ тегушхуэныгъэ диІэ мэхъу икІи егъэджакІуэфІ дохъу (2 Тим. 2:15).

ЗИ ЛЭЖЬЫГЪЭР ФІЫУЭ ЗЫГЪЭЗАЩІЭ БДЗЭЖЬЕЯЩЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР? 2. Абы и Іэмэпсымэхэр фІыуэ къегъэсэбэп. (10-нэ абзацым феплъ.)

ЛІЫГЪЭ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ

11. «ЦІыхухэр къэзубыдхэм» сыт лІыгъэ яхэлъын щІыхуейр?

11 Бдзэжьеящэхэм лІыгъэ яхэлъын хуейщ. Хым ущытетым деж дунейм и щытыкІэм щІэх-щІэхыурэ зехъуэж: жьыбгъэншэу щытурэ зэуэ жьышхуэ къыкъуэункІэ хъунущ. Абы нэмыщІ бдзэжьеящэхэр жэщым щылэжьэн хуеи къохъу. «ЦІыхухэр къэзубыдхэми» лІыгъэ яхэлъын хуейщ. Дэ хъыбарыфІыр дгъэІуу щІэддза иужь икІи Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр щыжытІэм деж, «жьапщэшхуэ» къыкъуэуам хуэдэу дэ гугъуехьхэр диІэнкІэ хъунущ: ди Іыхьлыхэр къызэрытпэщІэувэр, нэгъуэщІхэм ауан дыкъызэращІыр икІи хъыбар жытІэм къедэІуэну зэрыхуэмейр. Ауэ дэ ар дгъэщІагъуэкъым. Хьисэ жиІауэ щытащ абы и лъэужь ирикІуэхэм къапэщІэувэ цІыхухэм хъыбарыфІыр зэрыхуаІуэтэнур (Мт. 10:16).

12. Иисус Навин 1:7—9 зэритымкІэ, лІыгъэ зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур?

12 ЛІыгъэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Япэрауэ, шэч къытевмыхьэ Хьисэ уафэм щыІэу хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэрыригъэкІуэкІым (Ин. 16:33; Апок. 14:14—16). ЕтІуанэрауэ, Иеговэ фызыхуэныкъуэр къывитыну фыкъызэригъэгугъэр быдэу фи фІэщ фщІы (Мт. 6:32—34). Фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэу щытыху тегушхуэныгъи нэхъ фиІэнущ. Петр, Индрис, Екъуб, Иуан сымэ фІэщхъуныгъэ быдэ ягъэлъэгъуащ бдзэжьеящэ лэжьыгъэр къагъанэу, Хьисэ и лъэужь щиувам щыгъуэ. Фэри фІэщхъуныгъэ быдэ вгъэлъэгъуащ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зэрывджыр икІи зэІущІэхэм фызэрыкІуэр фи Іыхьлыхэмрэ фи цІыхугъэхэмрэ щажефІам щыгъуэ. Иеговэ и хабзэ пэжхэм фытетын щхьэкІэ фэ, дауикІ, фи хьэл-щэнхэм икІи фи дуней тетыкІэм зевгъэхъуэжын хуей хъуащ. Абы щхьэкІэ фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ ухуейщ. АдэкІи лІыгъэ зэрызыхэбгъэлъыным иужь уитмэ, мы псалъэхэр зэрыпэжыр уи дежкІэ наІуэ хъунущ: «Уи Алыхь Иеговэ дэнэ умыкІуами уи гъусэщ». (Къеджэ Иисус Навин 1:7—9 *.)

ЗИ ЛЭЖЬЫГЪЭР ФІЫУЭ ЗЫГЪЭЗАЩІЭ БДЗЭЖЬЕЯЩЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР? 3. Дунейр щыуэлбанэм дежи абы лІыгъэ хэлъу и лэжьыгъэр егъэзащІэ. (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)

13. Иеговэ и ІуэхущІафэхэм фызэрегупсысыр икІи лъэІукІэ зэрызыхуэвгъазэр дапхуэдэу къызэрывдэІэпыкъунур лІыгъэ зыхэвгъэлъыну?

13 Сыт иджыри тщІэ хъунур лІыгъэ зыхэтлъхьэн щхьэкІэ? АбыкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ (Апост. 4:29, 31). Иеговэ фи лъэІухэм жэуап иритынущ икІи зэи фыкъигъэнэнукъым. Ар къывдэІэпыкъун щхьэкІэ сытым дежи фи гъусэнущ. Иджыри уегупсыс хъунущ япэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр къригъэлу зэрыщытам. Абы нэмыщІ фигу къэвгъэкІыж гугъуехьхэм фыпэлъэщыну ар къызэрывдэІэпыкъуар икІи фи дуней тетыкІэр фхъуэжын щхьэкІэ къару къывиту зэрыщытар. Шэч къытевмыхьэ, Хы плъыжьым зи лъэпкъыр кІуэцІырызыша Алыхьыр Хьисэ и лъэужь фитыну къызэрывдэІэпыкъунум (Исх. 14:13). Псаломыр зытхам фІэщхъуныгъэ иІам хуэдэ фэри зивгъэІэ: «Иеговэ си телъхьэщи, сышынэнукъым. Сыт къызищІэфын сэ цІыхум?» (Пс. 118:6).

14. Масаэрэ Томоёрэ я щапхъэм сытым фыхуагъасэрэ?

14 ЛІыгъэ зыхэтлъхьэну дэ иджыри къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и лэжьакІуэ укІытэхыу щытахэм зэрадэІэпыкъуам я щапхъэхэр. Ди шыпхъу Ма́саэ укІытэхыу щытащ икІи хъыбарыфІыр зэи хуэмыгъэІуну и гугъэт. Ар имыцІыху гуэрым зэрепсэлъэн хуейм зэрегупсысу зэи зыдэмыкІуейфын блын лъагэ и пащхьэм къыщыхутэм хуэдэт. Алыхьри цІыхухэри нэхъыфІыжу илъагъун щхьэкІэ абы къаруушхуэ ирихьэлІащ. Масаэ дунейм и кІэр къызэрыблэгъам егупсыст икІи хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ нэхъыбэу гукъыдэж иІэну Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэт. Ар шынэм текІуащ икІи пионеру лажьэу щІидзащ. ХъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдзахэм лІыгъэ яхэлъыну Иеговэ зэрадэІэпыкъур къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэ иджыри зэпкърытхынщ. Ди шыпхъу То́моё хъыбарыфІ гъэІун щыщІидзам япэ дыдэу здэкІуа унэм къыщІэкІа цІыхубзыр хуабжьу къытекІиящ: «Иеговэ и Щыхьэтхэра? Сэ фэ сынывэпсэлъэну сыхуейкъым!» — жиІэри, бжэр иридзылІэжащ. Томоё шынакъым икІи и гъусэм жриІащ: «Зэхэпха? Зы псалъэ жызмыІэ щІыкІэ Иеговэ и Щыхьэту сызэрыщытыр абы къыгурыІуащ. Сэ зыкІэ согуфІэри!» Иджыпсту Томоё пионеру мэлажьэ.

МУРАД ФЩІАМ ФЫТЕТЫН ЩХЬЭКІЭ КЪАРУ ЕФХЬЭЛІЭУ ЗЕВГЪАСЭ

15. Мурад пщІам утетын щхьэкІэ къару епхьэлІэу ущытыным сыт къикІыр икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэм а хьэл-щэныр сыт яхэлъын щІыхуейр?

15 Мурад ищІам тетын щхьэкІэ бдзэжьеящэм къару иримыхьэлІэмэ, бдзэжьей тэмэму къыхуэубыдынукъым. Зы псалъалъэ гуэрым зэритымкІэ, мурад пщІам утетын щхьэкІэ къару епхьэлІэу ущытыным къикІыр «Іуэхугъуэ гуэр пщІэн щхьэкІэ уи щхьэр хэбгъэзыхьыныращ». Бдзэжьеящэхэр а хьэл-щэным хуэныкъуэщ жьыуэ къэтэджын икІи лэжьыгъэр псори яухыху псым тетын щхьэкІэ, абы нэмыщІ дунейр къыщызэІыхьам дежи лэжьэн щхьэкІэ. Дэри и кІэм нэс теубыдагъэ тхэлъу дыщытыну дыхуеймэ икІи лэжьыгъэ къыдатар ехъулІэныгъэ диІэу дгъэзэщІэну дыхуеймэ, а хьэл-щэным дыхуэныкъуэщ (Мт. 10:22).

16. Мурад тщІам дытетын щхьэкІэ къару етхьэлІэу зедгъэсэну сыт къыддэІэпыкъунур?

16 Мурад тщІам дытетын щхьэкІэ къару етхьэлІэу дыщыту дыкъалъхуакъым, уеблэмэ, дэ гугъу зэрызедмыгъэхьыным иужь дитщ. А хьэл-щэныр тхузыхэлъхьэнукъым шыІэныгъэ димыІэмэ. Аращи, къыдэгугъуэкІ гуэр тщІэуэ зедгъэсэн щхьэкІэ дэ дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ. ИкІи Иеговэ и къару лъапІэмкІэ дэІэпыкъуэгъу къытхуохъу (Гал. 5:22, 23).

17. 1 Коринф 9:25—27 зэритымкІэ, Паул мурад ищІам тетын щхьэкІэ къару ирихьэлІэу дапхуэдэу зэрызригъэсар?

17 Апостол Паул мурад ищІам тетын щхьэкІэ къару ирихьэлІэт. Ауэ абы къыгурыІуэт пэжым тетын щхьэкІэ и «пкъым гугъуехь» иригъэшэчын хуей зэрыхъур. (Къеджэ 1 Коринф 9:25—27.) Абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджэт мурад ящІам тетын щхьэкІэ къару ирахьэлІэу щытыну икІи «Іуэху псори екІурэ зэтеухуауэ» ящІэну (1 Кор. 14:40). Дэ а хьэл-щэным дыхуэныкъуэщ Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэн, хъыбарыфІ гъэІуным зэпымыууэ дыхэтын икІи Библием ит пэжым цІыхухэр хуедгъэджэн щхьэкІэ (Апост. 2:46).

КЪЭНА ЗЭМАНЫР МАЩІЭЩ

18. Сытым щыгъуэ Иеговэ хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ ехъулІэныгъэ диІэу къыщилъытэр?

18 Бдзэжьеящэм ехъулІэныгъэ иІэрэ имыІэрэ къызэрищІэр бдзэжьей къиубыдам и куэдагъымкІэщ. Ауэ дэ ехъулІэныгъэ диІэрэ димыІэрэ къызэрытщІэр Иеговэ и Щыхьэт хъуну дызыдэІэпыкъуа цІыхухэм я бжыгъэракъым (Лк. 8:11—15). Уафэм щыІэ ди Адэм и дежкІэ псом нэхъапэр адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтымрэ нэгъуэщІхэр зэредгъаджэмрэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыкІэ къыдогъэлъагъуэ езымрэ и Къуэмрэ дахуэжыІэдаІуэу дызэрыщытыр (Мк. 13:10; Апост. 5:28, 29).

19, 20. Иджыпсту хъыбарыфІыр дгъэІуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

19 Языныкъуэ къэралхэм бдзэжьей уещэну ущыхуитыр мазэ хэха гуэрхэращ. Абы къыхэкІкІэ бдзэжьеящэхэм заІэжьэ хъунукъым, псом хуэмыдэу иужьрей мазэр щиухым деж. «ЦІыхухэр къэзубыдхэми» заІэжьэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм и кІэр псынщІэу къоблагъэ! ЦІыхухэр къедгъэлын щхьэкІэ къэнэжа зэманыр мащІэ дыдэщ. ГъащІэ къезыгъэл, а мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр евмыгъэтІылъэкІ икІи нэхъ зэманыфІыр къэсыным фемыжьэ (Эккл. 11:4).

20 Иджыпсту щыщІэдзауэ хъыбарыфІ гъэІуным фыхэтын щІыхуейм фегупсыс, фи щІэныгъэм хэвгъахъуэ, лІыгъэ зыхэфлъхьэ икІи мурад фщІам фытетын щхьэкІэ къару ефхьэлІэу фыщыт. «ЦІыхухэр къэзубыд» мелуанийм щІигъу Алыхьым и лэжьакІуэхэм ящыщ фыхъумэ, фэри Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр зыхэфщІэнущ (Неем. 8:10). ХъыбарыфІ гъэІуныр иухауэ Иеговэ жиІэху, а лэжьыгъэм жыджэру фызэрыхэтыным фи акъылыр тевухуэ. КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну мурад тщІам дытетыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

66-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр догъэІу

^ Зэгуэр Хьисэ Іэдэбагъ зыхэлъ икІи лэжьэну зыфІэфІ бдзэжьеящэхэр и лъэужь иувэну къыхуриджат. Ноби апхуэдэ хьэл-щэнхэр зыхэлъ цІыхухэр абы кърегъэблагъэ «цІыхухэр къаубыду» хъун щхьэкІэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ и лъэужь иувэну темыгушхуэ Библиер зыдж цІыхухэм сыт ящІэн хуейми.

^ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «ЦІыхухэр къэзубыд» жыхуиІэ псалъэхэр хуэхьащ хъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэр гъэхьэзырынымрэ хэт псоми.

^ 2018-нэ гъэм, жэпуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 11—16-нэ напэкІуэцІхэм ит «Пэжым хуевгъаджэ» жыхуиІэ статьям феплъ.

^ Иисус Навин 1:7—9: «Ауэ лІыгъэрэ нэгъэсауэ теубыдагъэрэ зыхэгъэлъ, си лэжьакІуэ Мусэ уэ бгъэзэщІэну унафэ къыпхуищІа хабзэхэр псори нэгъэсауэ бгъэзэщІэн щхьэкІэ. ИжьырабгъукІи, сэмэгурабгъукІи абы утемыкІ, дэнэ умыкІуами Іущагъ пхэлъу ущытын щхьэкІэ. Хабзэр зэрыт мы тхылъыр уи жьэм къыбгъэдремыкІ. Еджэ абы макъкІэ махуэми жэщми, абы иту хъуар псори нэгъэсауэ бгъэзэщІэн щхьэкІэ. Абы щыгъуэ уэ гъуэгу узытетым ехъулІэныгъэ ущиІэнущ икІи Іущагъ пхэлъу ущытынущ. Сэ унафэ пхуэсщІатэкъэ: „ЛІыгъэрэ теубыдагъэрэ зыхэгъэлъ“? Аращи, умышынэ икІи умыгужьей, уи Алыхь Иеговэ дэнэ умыкІуами уи гъусэщи».