Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЩІалэгъуалэ, псори къэзыгъэщІа Алыхьыр хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну

ЩІалэгъуалэ, псори къэзыгъэщІа Алыхьыр хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну

«Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ» (1 ТИМ. 6:17).

УЭРЭДХЭР: 135, 39

1, 2. Уи къэкІуэным теухуауэ мурад щыпщІым деж, Алыхьым и чэнджэщхэм утетыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.)

 КЪЭКІУЭНУ зэманым мурад ящІын хуейхэм теухуауэ ныбжьыщІэхэм нобэ чэнджэщ куэд зэхах. Уэ иджыри школым ущеджэу щытмэ, егъэджакІуэхэм е нэгъуэщІ цІыхухэм ухуагъэушынкІэ хъунущ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэту, ахъшэфІ къыщыблэжьыфын лэжьапІэ къэбгъуэтыну. Ауэ Иеговэ чэнджэщ къыдитыр нэгъуэщІщ. ДауикІ, ар хуейщ уэ школым фІыуэ ущеджэну, иужькІэ уи щхьэр пхуэпІыжын щхьэкІэ (Кол. 3:23). Ауэ, абы нэмыщІ Иеговэ къыгуроІуэ уи щІалэгъуэм унафэ пщІыхэм уи къэкІуэну зэманыр елъытауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым принципхэр къыдитащ. Абыхэм дытету щытмэ, мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ дгъэгуфІэу дыпсэуфынущ (Мт. 24:14).

2 Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ псори ещІэ. КъэкІуэну зэманым къэхъунури мы дунейм и кІэухыр къыщысынури абы ещІэ (Ис. 46:10; Мт. 24:3, 36). Абы нэмыщІ абы дэ фІыуэ децІыхур: сытым насыпыфІэ дищІынуми сытым насыпыншагъэ къытхуихьынуми ещІэ. Аращи, зыгуэрым чэнджэщ къыдитар фІыуэ къытщыхъуми, ар Алыхьым и Псалъэм пэщІэувэу щытмэ, абы Іущагъ хэлъу жыпІэ хъунукъым (Прит. 19:21, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ІУЩАГЪЫР КЪЫЗЫБГЪЭДЭКІЫР ИЕГОВЭ ЗАКЪУЭЩ

3, 4. Іэдэмрэ Хьэуарэ ШейтІаным и чэнджэщым зэредэІуам езыхэми я щІэблэми сыт къахуихьар?

3 ЦІыхухэм насыпыншагъэ къахуэзыхьа чэнджэщыр япэ дыдэу Іэдэн жыг хадэм щыжаІащ. Ар къызыбгъэдэкІар щхьэхуещэу щыт ШейтІаныращ. Абы Хьэуа и фІэщ ищІащ, абырэ и щхьэгъусэмрэ Алыхьым жиІэм емыдаІуэу, зыхуей унафэхэр езыхэм ящІу псэумэ, нэхъ насыпыфІэ хъуну (ЩІэдз. 3:1—6). Ауэ ШейтІаным езым и фейдэ къилъыхъуэу арат. Ар хуейт Іэдэми, Хьэуаи абыхэм я щІэблэри Алыхьым хуэмылажьэу езым и унафэ щІэтыну. Ауэ ШейтІаным цІыхухэм зыгуэр яхуищІа? Иеговэщ абыхэм яІэу хъуар езытар: унагъуэр, жэнэт хадэ дахэр, дагъуэншэ Іэпкълъэпкъыр, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яІар.

4 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым жиІэм ебакъуэри, езыхэм я щхьэ унафэ хуащІыжу псэуну мурад ящІащ. ЗэрытщІэщи, абыхэм унафэ ящІам кърикІуар насыпыншагъэщ. Удз гъэгъа кърачар хуэм-хуэмурэ зэрыгъужым хуэдэу, ахэр жьы хъури, икІэм-икІэжым лІэжащ. Гуэныхьым и нэлатыр абыхэм я щІэблэми ялъысащ (Рим 5:12). ИтІанэми цІыхухэм я нэхъыбэр Алыхьым жиІэм емыдаІуэу, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу псэуну хуейщ (Еф. 2:1—3). Абыхэм я псэукІэм къегъэлъагъуэ «Тхьэуэ Зиусхьэным пэщІэувэфын» Іущагъ зэрыщымыІэр (Прит. 21:30, Гъэс.).

5. ЦІыхухэм теухуауэ Алыхьым сытыт шэч къызытримыхьэр икІи щыуауэ пІэрэ ар?

5 Ауэ Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым языныкъуэ цІыхухэм ар къацІыхуу, абы зэрыхуэлэжьэнум икІи щІалэгъуалэ куэди абыхэм зэрахэтынум (Пс. 103:17, 18; 110:3). Апхуэдэ щІалэгъуалэр Иеговэ лъапІэу елъытэ! Абыхэм уащыщу пІэрэ? Уащыщу щытмэ, Иеговэ уэри тыгъэхэр къыует, абы уэ, дауикІ, ущогуфІыкІ икІи насыпыфІэ уещІ. (Къеджэ 1 Тимофей 6:17; Прит. 10:22.) А тыгъэхэм ящыщу плІыр адэкІэ зэпкърытхынщ: Иеговэ гъунэгъу дыхуэзыщІ щІэныгъэхэр, ныбжьэгъуфІхэр, мыхьэнэ зиІэ мурадхэр, хуитыныгъэ пэжыр.

ИЕГОВЭ ЕЗЫМ ГЪУНЭГЪУ ДЫХУЭЗЫЩІ ЩІЭНЫГЪЭХЭР КЪЫДЕТ

6. Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну сыт дыхущІэкъун щІыхуейр? АбыкІэ дауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

6 Псэущхьэхэм Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ зрагъэгъуэтын хуейуэ щыткъым. Абыхэм елъытауэ дэ Тхьэм и чэнджэщым дыхуэныкъуэщ икІи абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыдгуроІуэ (Мт. 4:4). Алыхьым и чэнджэщхэм дыщытетым деж зэхэщІыкІрэ Іущагърэ зыдогъэгъуэт икІи насыпыфІэ дохъу. Хьисэ жиІащ: «Гъуэгу махуэ теуващ [Тхьэм зэрыхуэныкъуэр зыщІэхэр], ахэр Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэтщи» (Мт. 5:3, сноскэ). Дэ Алыхьым и Псалъэр диІэщ, абы нэмыщІ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къигъэсэбэпу Иеговэ езым гъунэгъу дыхуэхъуну къыддэІэпыкъу публикациехэр къыдет (Мт. 24:45). А публикациехэр дэ шхыным идогъэщхь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ди фІэщхъуныгъэр хагъахъуэ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ ящІ. Публикацие зэмылІэужьыгъуэхэр дызэриІэм хуабжьу дегъэгушхуэ! (Ис. 65:13, 14).

7. Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

7 Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэм Іущагъ къыует икІи фІыуэ угупсысэфу уегъасэ. Іущагъымрэ фІыуэ угупсысэфу узэрыхъуамрэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ упэщІэмыхуами укъахъумэнущ. (Къеджэ Притчи 2:10—14, Гъэс.) Уэ къыбгурыІуэнущ мы дунейм къыщекІуэкІ языныкъуэ еплъыкІэхэр зэрыпцІыр. Псалъэм папщІэ, Алыхьыр щымыІэу е насыпыр ахъшэмрэ мылъкумрэ елъытауэ щыІэ гупсысэхэр пэжу зэрыщымытыр. Абы нэмыщІ гуэныхь зыхэлъ уи Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсми хьэл-щэн мыхъумыщІэхэми я пщылІ ухъунукъым. Абы къыхэкІкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ Іущагъ зэбгъэгъуэтын щхьэкІэ икІи гупсысэ пэжхэм укъыхуэкІуэфу ущытын щхьэкІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ езым плъэгъунущ Иеговэ фІыуэ узэрилъагъур икІи нэхъыфІ дыдэу щыІэр къыуитыну зэрыхуейр (Пс. 34:8; Ис. 48:17, 18).

8. Иджыпсту щыщІэдзауэ Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? КъэкІуэну зэманым дауэ ар сэбэп къызэрытхуэхъунур?

8 Куэд мыщІэу ШейтІаным и ІэмыщІэм илъ дунейр зэтекъутэу щІидзэнущ. Абы щыгъуэ дэ дыкъэзыхъумэфынур икІи дызыхуэныкъуэр къыдэзытыфынур Иеговэ закъуэщ. Уеблэмэ, а зэманым Алыхьыр къыддэмыІэпыкъумэ, шхыни дымыгъуэтынкІэ хъунущ (Авв. 3:2, 12—19). Аращи, иджыпсту щыщІэдзауэ уафэм щыІэ ди Адэм гъунэгъу зыхуэтщІын хуейщ икІи сыт и лъэныкъуэкІи дзыхь хуэтщІу зедгъэсэн хуейщ (2 Пет. 2:9). Апхуэдэу пщІэмэ, мы дунейм сыт къыщымыхъуами уэри Даут хуэдэу шэч къытомыхьэу жыпІэфынущ: «Иеговэ сыт щыгъуи си пащхьэ итщ. Сэ сыгузэвэнукъым, ар си ижьырабгъумкІэ къыщытщи» (Пс. 16:8).

ИЕГОВЭ И ФІЫГЪЭКІЭ УЭ НЫБЖЬЭГЪУФІХЭР УИІЭЩ

9. 1) Иуан 6:44 зэритымкІэ Иеговэ сыт ищІэр? 2) Ди къуэш, ди шыпхъухэр зэрызэдгъэцІыхур сыткІэ къыщхьэщыкІрэ нэгъуэщІхэр зэрызэдгъэцІыхум?

9 Иеговэ зигу къабзэ цІыхухэр и деж кърешалІэри, и унагъуэм щыщ хъуну Іэмал ярет. (Къеджэ Иуан 6:44.) Уи нэгу къыщІэгъэхьэт иджыпсту зыгуэр зэбгъэцІыхуауэ. А цІыхум теухуауэ сыт уэ пщІэр? Ар Иеговэ хуэмылажьэмэ, абы и цІэмрэ и теплъэмрэ нэмыщІ зыри пщІэуэ къыщІэкІынкъым. Ауэ уэ зэбгъэцІыхуар ди къуэш, ди шыпхъухэм ящыщу щытмэ, уэ бощІэ абы Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур. Къыщыхъуари щапІа унагъуэри умыщІэнкІэ хъунущ, ауэ, абы емылъытауэ, уэ абы теухуауэ куэд бощІэ, абыи уэ птеухуауэ куэд ещІэ.

Иеговэ хуейщ дэ абы нэхъ гъунэгъу дыхуэзыщІыну мурадхэр дгъэувыну икІи ныбжьэгъуфІхэр диІэну (9—12-нэ абзацхэм феплъ.)

10, 11. Иеговэ и Щыхьэтхэр сыт зы зыщІыр? Сыт фэ ар фІыщІэ щІэфщІыр?

10 Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр, пэжым и «бзэ къабзэ» дызэрыпсалъэмкІэ зыр зым къыдоцІыху (Соф. 3:9). Уи къуэшыр апхуэдэ бзэкІэ псалъэу щызэхэпхым деж, уэ къыбгуроІуэ абыи уэ пхуэдэу Иеговэ и фІэщ зэрыхъур, абы и хабзэхэм зэрытетыр, къэкІуэну зэманым теухуауэ уэ гугъэ уиІэм хуэдэ абыи зэриІэр. Ахэр фэ къывдоІэпыкъу дзыхь зэхуэфщІыну икІи ныбжьэгъуфІ фызэхуэхъуну.

11 Уэ Иеговэ ухуэлажьэу щытмэ, шэч къытомыхьэу жыпІэфынущ псом нэхърэ нэхъ ныбжьэгъуфІхэр уиІэу. ЩІылъэ псом уэ ныбжьэгъу куэд ущиІэщ икІи абыхэм я нэхъыбэр уэ иджыри къэпцІыхун хуейщ! Иеговэ и Щыхьэтхэм нэмыщІ апхуэдэ тыгъэ дахэ хэт иджыри зиІэр?

ИЕГОВЭ КЪЫБДОІЭПЫКЪУ МЫХЬЭНЭ ЗИІЭ МУРАДХЭР БГЪЭУВЫНУ

12. Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?

12 Къеджэ Экклезиаст 11:9—12:1 a. Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр бгъэува? Уэ мурад пщІауэ къыщІэкІынщ Библием махуэ къэс уеджэну, фІыуэ гъэхьэзыра жэуапхэр зэхуэсым щыптыну, зэрызыдгъасэ заданиехэр егугъуауэ бгъэзэщІэну, абы нэмыщІ хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ Алыхьым и Псалъэр фІыуэ къэбгъэсэбэпыну. Сыт уэ зыхэпщІэр пщІэм фІыгъуэ кърикІуэхэр щыплъагъум деж е нэгъуэщІхэм абы гу лъатэу, къыщыпщытхъум деж? Уи гум гуфІэгъуэр из хъууэ къыщІэкІынщ. Сыт ар апхуэдэу щІыщытыр? Хьисэ хуэдэу, уэри Алыхьым и мурад гъэзэщІэныр уи гъащІэм псом япэ ибогъэщ (Пс. 40:8; Прит. 27:11, Гъэс.).

13. Алыхьым хуэлэжьэныр мы дуней къытхуигъэувхэм нэхърэ сыткІэ нэхъыфІ?

13 Алыхьым хуэлэжьэныр псом япэ ибгъэщауэ щытмэ, уэ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэм ухэтщ икІи а лэжьыгъэр сыт щыгъуи лъапІэу щытынущ. Апостол Паул итхащ: «Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкІыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Іуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным хуэфщІэ Іуэхур пщІэншэ зэрымыхъунур фощІэ» (1 Кор. 15:58). Ауэ дыхущІэкъуну мы дунейм къытхуигъэув Іуэхугъуэхэм, псалъэм папщІэ ахъшэ къэлэжьыным, цІэрыІуэу щытыным цІыхур хущІэкъуу щытмэ, ар насыпыфІэу жыпІэ хъунукъым. Апхуэдэ цІыхум зыгуэркІэ ехъулІэныгъэ иІэу щытми, насыпыфІэ хъуауэ зыхищІэкъым (Лк. 9:25). Ар зэрыпэжыр пащтыхь Сэлмэн и щапхъэм къегъэлъагъуэ (Рим 15:4).

14. Сэлмэн и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?

14 Сэлмэн егъэлеяуэ къулейт икІи тепщэныгъэшхуэ иІэт. Абы мурад ищІащ «и нэгу зригъэужьу, фІыгъуэу щыІэр зригъэгъуэтыну» (Эккл. 2:1—10). Сэлмэн унэ дэгъуэхэр ищІащ, хадэхэр икІи парк дахэхэр иухуащ, зыщІэхуэпсу хъуари къехъулІащ. Абы иужь ар насыпыфІэ хъуауэ пІэрэ? Абы и жэуапыр езы Сэлмэн и псалъэхэм къыхощ. Абы жиІащ: «СызэплъэкІыжу злэжьа Іуэхухэм сыщеплъыжам... сэ къэслъэгъуащ а псом мыхьэнэ зэримыІэр... Зыми сэбэпынагъ хэлъкъым» (Эккл. 2:11). Сэлмэн и щапхъэм дэ дерс хэтхыфыну?

Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетыр сэбэп къытхуохъу, хуитыныгъэ пэжи къыдет

15. Сыт фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щІыхуейр? Псалом 32:8 зэритымкІэ апхуэдэ фІэщхъуныгъэм сыт къытхуихьыр?

15 Языныкъуэ цІыхухэм щыуагъэ ящІахэм кърикІуам пэщІэхуэжа иужькІэ абы дерс хахыу аращ. Ауэ Иеговэ хуейкъым уэ апхуэдэу къыпщыщІыну. Абы къыхэкІкІэ ар хуейщ уэ фІэщхъуныгъэ уиІэу абы жиІэм уедэІуэну икІи и мурадыр псом япэ ибгъэщыну. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэм уасэ иІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи фІэщхъуныгъэм утету унафэ пщІахэм уэ зэи ухущІегъуэжынукъым. Шэч къытомыхьэ: Алыхьым хуэбгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр зэи щыгъупщэнукъым (Евр. 6:10). Аращи, фІэщхъуныгъэ быдэ зэрызэбгъэгъуэтыным иужь ит. Ар къыбдэІэпыкъунущ унафэ пэж къэпщтэну икІи уэ езым плъэгъунущ псом нэхърэ нэхъыфІыр уафэм щыІэ уи Адэм къыуитыну зэрыхуейр. (Къеджэ Псалом 32:8 b.)

АЛЫХЬЫМ ХУИТЫНЫГЪЭ ПЭЖЫР КЪЫУЕТ

16. Сыт хуитыныгъэ диІэр лъапІэу тлъытэн икІи ар Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпын щІыхуейр?

16 Паул итхауэ щытащ: «Иеговэ и къару лъапІэр здэщыІэм хуитыныгъэри щыІэщ» (2 Кор. 3:17, ДЩІ). Иеговэ хуитыныгъэр фІыуэ елъагъу, абы хуэдэу уэри хуитыныгъэр фІыуэ плъагъуу укъигъэщІащ. Ауэ ар хуейщ уэ уи хуитыныгъэр Іущагъ хэлъу къэбгъэсэбэпыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы уэ укъихъумэнущ. Уэ къыбдеджэхэр е пцІыху ныбжьыщІэхэм языныкъуэхэр порнографие еплъу, зинэ ящІэу, гъащІэм зэран хуэхъу спортым хэту, наркотик зрахьэлІэу икІи ефэу къыщІэкІынщ. ЯпэщІыкІэ ахэр фІы гуэру къыпщыхъункІэ хъунущ, ауэ иужькІэ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм уасэшхуэ щІэптын хуеинущ. Псалъэм папщІэ, апхуэдэ Іуэхугъуэхэм хэт цІыхухэм ящІэ Іуэху Іейхэр хьэл яхуохъу, узыфэ ІейхэмкІэ зэроцІалэ, щылІи къохъу (Гал. 6:7, 8). Абыхэм хуитыныгъэ яІэу ягугъэнкІэ хъунущ, ауэ я щхьэр къагъэпцІэжу аращ (Тит 3:3).

17, 18. 1) Алыхьым жиІэм дызэредаІуэм дауэ хуитыныгъэ къызэрыдитыр? 2) Іэдэмрэ Хьэуарэ яІа хуитыныгъэр нобэ цІыхухэм яІэ хуитыныгъэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

17 Шэч хэмылъу, Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетыр сэбэп къытхуохъу. Ар ди узыншагъэр тхъумэну къыддоІэпыкъу, хуитыныгъэ пэжи къыдет (Пс. 19:7—11). Уи хуитыныгъэр Іущагъ хэлъу къыщыбгъэсэбэпым деж, нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ ущытетым деж, Иегови уи адэ-анэми ибогъэлъагъу хуитыныгъэ нэхъыбэ къыуат зэрыхъунур. Иеговэ дыкъегъэгугъэ къэкІуэну зэманым и лэжьакІуэхэм хуитыныгъэ пэж яритыну, Библиер абы «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэкІэ» йоджэ (Рим 8:21).

18 Іэдэмрэ Хьэуарэ апхуэдэ хуитыныгъэ яІат. Абыхэм ящІэ мыхъуну Иеговэ зы унафэ закъуэт яритар: Іэдэн жыг хадэм ит жыгхэм щыщу зы жыгым къыпыкІэр яшх хъунутэкъым (ЩІэдз. 2:9, 17). Гугъуу пІэрэт абыхэм дежкІэ а унафэр ягъэзэщІэну? ДауикІ, гугъутэкъым! Фегупсысыт, нобэ цІыхухэм хабзэ куэд ящІэн хуейщ икІи унафэ куэдым тетын хуейщ, ауэ Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ зы унафэт яритар.

19. Иеговэрэ Хьисэрэ дызэрагъасэм дауэ хуитыныгъэм дызэрыхуишэнур?

19 Иеговэ Іущагъышхуэ хэлъу къытхущытщ. Хабзэ куэд къыдимыту, абы шыІэныгъэ хэлъу лъагъуныгъэм и хабзэм дытетыну дрегъасэ. Алыхьыр хуейщ абы и принципхэм дытетыну икІи Іейр тлъагъу мыхъуу дыщытыну (Рим 12:9). Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэхэм ІупщІу къыдгурагъаІуэ цІыхухэм Іейр щІащІэм и щхьэусыгъуэр (Мт. 5:27, 28). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь Хьисэ дунеищІэми дыщигъэсэнущ икІи икІэм-икІэжым пэжыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ теухуауэ езым еплъыкІэ иІэм хуэдэ дэри диІэнущ (Евр. 1:9). Абы нэмыщІ ди акъылымрэ ди Іэпкълъэпкъымрэ дагъуэншэ хъунущ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт: куэд мыщІэу гуэныхьыр ди тепщэу щытыжынукъым икІи абы къытхуихьа насыпыншагъэри тщыгъупщэжынущ. Абы щыгъуэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъа «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэр» уэ зыхэпщІэнущ.

20. 1) Дауэ Иеговэ и хуитыныгъэр къызэригъэсэбэпыр? 2) Дауэ дэ Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур?

20 ДауикІ, дэ дунеищІэм хуитыныгъэ псор диІэнукъым. Сыт щхьэкІэ, жыпІэмэ ди хуитыныгъэм гъунэ иІэнущ икІи Алыхьымрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ лъагъуныгъэ худиІэм а гъунэм дригъэбэкъуэнукъым. Лъагъуныгъэ щыдгъэлъагъуэм деж, дэ Иеговэ щапхъэ тыдох. Алыхьым гъунэ зимыІэ хуитыныгъэр, хуитыныгъэ псор иІэми, ищІэу хъуам, псалъэм папщІэ цІыхухэм зэрахущытым, лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуну мурад ищІащ (1 Ин. 4:7, 8). Аращи, хуитыныгъэ пэж зиІэфынур Алыхьым щапхъэ тезыхыращ.

21. 1) Иеговэ теухуауэ Даут сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэт? 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

21 Иеговэ фІыгъуэ къыдитхэр фІыщІэ пщІырэ, псалъэм папщІэ абы нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІ щІэныгъэхэр, ныбжьэгъуфІхэр, мыхьэнэ зиІэ мурадхэр икІи хуитыныгъэ пэжыр? (Пс. 103:5). Уэ Даут иІа гурыщІэхэм хуэдэ уиІэу къыщІэкІынщ: «ГъащІэм и гъуэгур уэ къэзбгъэщІэнущ. Уи пащхьэм ситыху гуфІэгъуэр си куэдщ, уи Іэ ижьымкІэ фІыгъуэр сыт щыгъуи щызогъуэт» (Пс. 16:11). КъыкІэлъыкІуэ статьям 16-нэ Псаломым ит мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ гупсысэхэм дытепсэлъыхьынущ. Ар къыддэІэпыкъунущ насыпыр зэлъытар сытми нэхъыфІу къыдгурыІэну.

a Экклезиаст 11:9—12:1: «ГуфІэ, щІалэ, ущІалэхукІэ икІи уи щІалэгъуэм уи гум гуфІэгъуэ ирырелъ икІи уи гум уздиунэтІымрэ уи нэр здэплъэмрэ кІуэ. Ауэ зэгъащІэ, а псом щхьэкІэ Алыхь пэжым хьэкум къызэрыптрищІыхьынур. Аращи, уи гум нэщхъеягъуэр их икІи уи Іэпкълъэпкъыр Іейм пэІэщІэ щІы, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІалэгъуэмрэ къару илъыгъуэмрэ мыхьэнэ яІэкъым. Псори къэзыгъэщІа уи Алыхь лъапІэр уи щІалэгъуэм уигу игъэлъ, зэман гугъухэр къэмыс щІыкІэ икІи „Абыхэм гуфІэгъуэ къысхуахьыжкъым“ щыжыпІэжыну илъэсхэр къэмыблагъэ щІыкІэ».

b Псалом 32:8: «ЗэхэщІыкІ пхэслъхьэнщ, гъуэгу узрикІуэнури уэзгъэлъэгъунщ. Чэнджэщ уэстынщ икІи си нэІэ ныптезгъэтынщ».