Уэ «Іэмин» жыпІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ. Ар ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ икІи и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ тщІэ псори, ар Іуэху мащІэу щытми, лъапІэу елъытэ (Мал. 3:16). ЩІэх-щІэхыурэ жытІэ зы псалъэ щапхъэу къэтхьынщ. Зи гугъу тщІыр «Іэмин» псалъэращ. Иеговэ а псалъэм мыхьэнэ иритрэ? ДауикІ, ирет! Иеговэ «Іэмин» псалъэм мыхьэнэ щІритыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, а псалъэм къикІыр икІи Библием ар къызэригъэсэбэпыр къэтщІэнщ.
«ЛЪЭПКЪЫМ „ІЭМИН!“ ЖИІЭНУЩ»
«Іэмин» псалъэм къикІыр «апхуэдэу кърехъу, пэжщ» жиІэу аращ. Ар журтыбзэм хэт псалъэм къытехъукІащ икІи абы къикІыр «пэж, дзыхь хуэпщІыну зыхуэфащэ» жиІэу аращ. Иныкъуэм деж «Іэмин» псалъэр юридическэ Іуэхухэм къыщагъэсэбэпт. ЦІыхум «Іэмин» зэрыжиІэмкІэ къигъэлъагъуэт абы и псалъэр зэрыпэжыр икІи ита псалъэм епцІыжмэ, жэуап итыжыну зэрыхьэзырыр (Чис. 5:22). Зыгуэрым цІыху гупым и пащхьэм псалъэ щитрэ, «Іэмин» жиІамэ, ита псалъэр игъэзэщІэжыну нэхъ хущІэкъут (Неем. 5:13).
Второзаконие тхылъым, 27-нэ псалъащхьэм ит щапхъэм къегъэлъагъуэ «Іэмин» псалъэр къызэрагъэсэбэпу щытар. Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм израил цІыхухэр ихьа иужь, Гевал Гаризим бгитІым я зэхуакум ахэр щызэхуэсащ, Хабзэм едэІуэн щхьэкІэ. Ауэ ахэр Хабзэм зэредаІуэм нэмыщІ, зэхахам арэзы зэрытехъуэр къагъэлъэгъуэн хуейт. Дапхуэдэу? Хабзэм итым ебакъуэмэ, абы къыпэкІуэнур щызэхахым деж, абыхэм «Іэмин» жаІэн хуейт (Втор. 27:15—26). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт мин бжыгъэ хъу цІыхухъухэм, цІыхубзхэм, сабийхэм зыжьэу, ину а псалъэр зэрыжаІэр! (Иис. Н. 8:30—35). Шэч хэмылъу, а Іуэхугъуэр абыхэм я гум къинэжащ икІи псалъэ ятар яІыгъыжащ. Библием итщ: «Израилыр Иеговэ хуэлэжьащ Ехьошуа псэухуи, Израилым хуищІа псори зылъэгъуа Ехьошуа иужькІэ щыІа нэхъыжьхэр псэухуи» (Иис. Н. 24:31).
Хьисэ Мэссихьи «Іэмин» псалъэр къигъэсэбэпу щытащ (ХъыбарыфІым зэритыр «пэжыр Мт. 5:18; Ин. 1:51). АбыкІэ абы и псалъэхэм пцІы зэрыхэмылъыр къедаІуэхэм къагуригъаІуэт. Апхуэдэ хуитыныгъэ Хьисэ иІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и къалэнт Алыхьым ита псалъэхэр игъэзэщІэну (2 Кор. 1:20; Апок. 3:14).
нывжызоІэ»). Ауэ абы а псалъэр къызэригъэсэбэпым гъэщІэгъуэн гуэр хэлът. Абы «Іэмин» щыжиІэр зыгуэрым и псалъэхэм иужьтэкъым, атІэ езым зыгуэр жиІэн ипэт. АбыкІэ жиІэну зигъэхьэзырыр зэрыпэжыр къигъэлъагъуэт. Иныкъуэм деж Хьисэ «Іэмин» псалъэр къытригъэзэжурэ тІэу жиІэт (ХъыбарыфІым зэритыр «пэж дыдэр нывжызоІэ») («ЛЪЭПКЪЫМ „ІЭМИН!“ ЖИІАЩ ИКІИ ИЕГОВЭ ЩЫТХЪУ КЪЫХУИХЬАЩ»
Израил цІыхухэм «Іэмин» псалъэр къагъэсэбэпт, Иеговэ щытхъу къыщыхуахькІэ икІи тхьэлъэІукІэ абы зыщыхуагъазэкІэ (Неем. 8:6; Пс. 41:13). ТхьэлъэІум и кІэм деж «Іэмин» зэрыжаІэмкІэ къагъэлъагъуэт тхьэлъэІум и псалъэхэм арэзы зэрытехъуэр. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Иеговэ хуэлэжьэну яІэ Іэмалым ахэр щыгуфІыкІт. Щапхъэу къэпхь хъунущ пащтыхь Даут Ерусалим къалэм Иеговэ и пхъуантэр (ковчегыр) къыщихьар. А махуэр ягъэлъэпІащ икІи Даут зэхилъхьа уэрэдыр а махуэшхуэм щыжаІащ. Къапщтэмэ, а уэрэдыр Иеговэ хуэгъэза тхьэлъэІут икІи ар 1 Летопись 16:8—36 итщ. АпхуэдизкІэ а псалъэхэр лъэпкъым и гум нэсати, «„Іэмин!“ жиІащ икІи Иеговэ щытхъу къыхуихьащ». А махуэшхуэм цІыхухэм яІа гуфІэгъуэр абы игъэбэгъуащ.
Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми Иеговэ щытхъу къыщыхуахькІэ «Іэмин» псалъэр къагъэсэбэпу щытащ. Библием а псалъэм щІэх-щІэхыурэ ущрохьэлІэ (Рим 1:25; 16:27; 1 Пет. 4:11). А зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэІущІэм щыжаІэ тхьэлъэІум и кІэм «Іэмин» жаІэт (1 Кор. 14:16). Ауэ абыхэм а псалъэр емыгупсысу, пщІэншэу жаІэтэкъым. Апокалипсис тхылъым зэрыжиІэмкІэ, уафэм щыІэ мелыІычхэми Иеговэ ягъэлъапІэ, «Іэмин, аллилуя!» жаІэурэ (Апок. 19:1, 4).
«ІЭМИН» ЖЫТІЭМ ИЕГОВЭ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІРИТЫР СЫТ?
Иеговэ и лэжьакІуэхэм «Іэмин» псалъэр къызэрагъэсэбэпу щытам къыдгурегъаІуэ тхьэлъэІум и кІэм деж «Іэмин» жыпІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ди тхьэлъэІум и кІэм деж а псалъэр зэрыжытІэмкІэ къыдогъэлъагъуэ жытІа псалъэхэр ди гум къызэрыбгъэдэкІыр. ЦІыху гупым и пащхьэм щыжаІа тхьэлъэІум и кІэм деж «Іэмин» жытІэм (дигукІэ ар жытІэми) къегъэлъагъуэ жаІам арэзы дызэрытехъуэр. ТхьэлъэІум и кІэм «Іэмин» щІыжытІэм сыт иджыри и щхьэусыгъуэр?
Алыхьым дызэрыхуэлажьэм пыщІа псоми дэ мыхьэнэшхуэ идот. ТхьэлъэІур щыжытІэкІэ ди псалъэхэми ди щытыкІэми мыхьэнэ иІэщ. Зыгуэрым жиІа тхьэлъэІум и кІэм напэ къабзэ диІэу «Іэмин» жытІэн щхьэкІэ, дэ тхьэлъэІум тэмэму дыхущытын икІи абы фІыуэ дедэІуэн хуейщ.
Дэ нэхъ зэкъуэт дохъу. ЦІыху гупу Иеговэ зыщыхуэдгъазэм деж, тхьэлъэІур жызыІэм и псалъэхэм псори додаІуэ (Апост. 1:14; 12:5). Зыжьэу «Іэмин» зэрыжытІэм нэхъ зэкъуэт дещІ. А псалъэр макъкІэ жытІэми дигукІэ жытІэми Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап кърет.
Дэ Иеговэ догъэлъапІэ. Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ хуэтщІэ псор абы лъапІэу елъытэ (Лк. 21:2, 3). Абы ди гум илъыр елъагъу. ЗэІущІэм телефонкІэ дедаІуэми, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ «Іэмин» жытІэр зэхех. Апхуэдэу дэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ.
«Іэмин» псалъэм мыхьэнэшхуэ имыІэу къыпщыхъункІэ хъунущ, ауэ ар еплъыкІэ пэжкъым. «Понимание Писания» жыхуиІэ энциклопедием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм «Іэмин» щыжиІэм деж, абыкІэ къегъэлъагъуэ тхьэлъэІум Иеговэ жэуап зэрыритынур и фІэщ зэрыхъур, тхьэлъэІум хэта псалъэхэм арэзы зэрытехъуэр икІи и гум гугъапІэ пэж зэрилъыр. Дэ «Іэмин» жытІэр сыт щыгъуи Иеговэ и дежкІэ гуапэу щрет (Пс. 19:14).