Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Цемент зыхэлъ растворым чырбышхэр зэрызэригъэубыдым хуэдэу, пщІэ зыхэлъ псэлъэкІэм нэчыхьыр нэхъ быдэ ещІ

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ ПАПЩІЭ

3 Фи зэхуаку пщІэ дэлъыныр

3 Фи зэхуаку пщІэ дэлъыныр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку пщІэ дэлъмэ, я еплъыкІэхэр щызэтемыхуэм дежи, лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ. «Фи нэчыхьыр нэхъ быдэ зыщІыну чэнджэщипщІ» жыхуиІэ тхылъым щыжыІащ: «Унагъуэм пщІэ илъмэ, зэщхьэгъусэхэм ерыщагъ ягъэлъагъуэу хэкІыпІэншэ хъу Іуэхугъуэ иувэнукъым. Абыхэм я еплъыкІэр щызэтемыхуэ упщІэр зэпкърах, пщІэ хэлъу зым жиІэм адрейр йодаІуэ икІи зэгъусэу хэкІыпІэ къалъыхъуэ» (Ten Lessons to Transform Your Marriage).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ФІылъагъуныгъэм... езым и щхьэм и фІагъ къилъыхъуркъым» (1 Коринф 13:4, 5).

«Си щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэсщыр къызогъэлъагъуэ ар лъапІэу зэрыслъытэмкІэ икІи абы е ди нэчыхьым зэран хуэхъун гуэр зэрызмыщІэмкІэ» (Майк).

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Унагъуэм пщІэ имылъмэ, зым зыр егъэкъуаншэ, псалъэ дыдж жреІэ икІи и пщІэр иреудых. Психологхэм зэрыжаІэмкІэ, апхуэдэ зэхущытыкІэм нэчыхьыр къутэжыным ухуешэ.

«Уи щхьэгъусэм узэрыщыдыхьэшхым абы и гум уІэгъэ трилъхьэфынущ, дзыхь къыпхуимыщІыжыну ищІыфынущ икІи фи нэчыхьыр зэтрикъутэфынущ» (Брайан).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

ЗЭУПЩІЫЖ

Уи псалъэхэмрэ уи щытыкІэмрэ зы тхьэмахуэкІэ кІэлъыплъыжи, итІанэ зэупщІыж:

  • «Си щхьэгъусэр нэхъыбэу згъэкъуаншэрэ хьэмэрэ нэхъыбэу сыщытхъурэ?»

  • «Си щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэсщІыр сыт къызыхэщыр?»

ЗЭГЪУСЭУ ФЕГУПСЫС

  • Уи щхьэгъусэм пщІэ къызэрыпхуищІыр зыхэпщІэн щхьэкІэ, сыт абы къыбжиІэн икІи къыпхуищІэн хуейр?

  • Уи щхьэгъусэм пщІэ къызэрыпхуимыщІыр сыт хуэдэ и псалъэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ къыхэщрэ?

ЧЭНДЖЭЩХЭР

  • Уи щхьэгъусэм нэхъыбэу пщІэ къыпхуищІыну уздыхуей лъэныкъуищым теухуауэ тхы. Уи щхьэгъусэми ар дыдэр ищІэну елъэІу. Фтхар зэІэпыфхи, уи щхьэгъусэр зыхуейр зэрыхуэпщІэным иужь ит.

  • Уи щхьэгъусэм хэлъ хьэл-щэн дахэ удэзыхьэххэр тхы. А хьэл-щэнхэр лъапІэу зэрыплъытэр абы жеІэ.

«Уи щхьэгъусэм пщІэ хуэпщІмэ, уи ІуэхущІафэхэмкІэ къэбгъэлъэгъуэнущ ар лъапІэу зэрыплъытэр икІи ар насыпыфІэу щытыну узэрыхуейр. И нэхъыбэм махуэ къэс длэжь Іуэхугъуэ цІыкІухэращ пщІэр къызыхэщыр, атІэ игъащІэм зэ тщІа Іуэхугъуэшхуэ гуэрыракъым» (Меган).

Аращи, мыхьэнэ зиІэр уэ пщІэ бгъэлъагъуэу къызэрыплъытэракъым, атІэ а пщІэр уи щхьэгъусэм зыхищІэрэ зыхимыщІэрэщ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ГущІэгъунри, фІыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ» (Колоссэ 3:12).