Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2 СТАТЬЯР

Фи гупсысэкІэр зэрыфхъуэжыным фыхущІэкъу

Фи гупсысэкІэр зэрыфхъуэжыным фыхущІэкъу

«Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (РИМ 12:2).

88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Псым зыщІэдгъэуа иужьи сыт тщІэн хуейр? КъыдгурывгъаІуэ.

 УИ УНЭР щІэх-щІэхыурэ зэлъыІупхрэ? Шэч хэмылъу, уэ абы ущІэтІысхьэн ипэ ар къабзэу зэлъыІупхауэ къыщІэкІынущ. Ауэ иужькІэ къабзагъэм укІэлъымыплъу щытмэ, сыт къэхъунур? Ар сабэмрэ фІеймрэ псынщІэу зэщІащтэнущ. Ди унэр къабзэу щытын щхьэкІэ, дэ ар зэпымыууэ зэлъыІутхын хуейщ.

2 Абы ещхьу, ди гупсысэкІэр къабзэу щытын икІи хьэл-щэн Іейхэм дебэнын щхьэкІэ, къару етхьэлІэн хуейщ. ДауикІ, псым зыщІэдгъэуэн ипэ, «дипкърэ дигурэ зыгъэуфІей псори» зыхэднэн щхьэкІэ, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэтлъхьащ (2 Кор. 7:1). Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІрэ? Хьэуэ. Апостол Паул и чэнджэщым дытету адэкІи ди гупсысэкІэр зэрытхъуэжыным къару етхьэлІэн хуейщ (Еф. 4:23). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм и фІеймрэ и сабэмрэ дэ псынщІэу къыткІэрыпщІэфынущ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ, ди гупсысэкІэр, дызыщІэхъуэпсыр, ди хьэл-щэнхэр Иеговэ игу ирихьрэ иримыхьрэ зэпымыууэ зэхэдгъэкІын хуейщ.

ФИ ГУПСЫСЭКІЭР ЗЭРЫФХЪУЭЖЫНЫМ АДЭКІИ ФЕЛЭЖЬ

3. Ди гупсысэкІэр тхъуэжыным къикІыр сыт? (Рим 12:2).

3 Ди гупсысэкІэр тхъуэжын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? (Къеджэ Рим 12:2.) Библием зэрыжиІэмкІэ, «ди гум илъхэр» зэтхъуэкІын хуейщ. Ауэ дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Псалъэм папщІэ, унэм и щІыбыр зетхьэ закъуэкІэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, зэзэмызэ фІы гуэр длэжькІэ, Іуэхур зэфІэкІкъым. Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыщытын щхьэкІэ, ди гум илъыр зэхэдгъэкІын икІи ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэн хуейщ. А Іуэхум, зэзэмызэ мыхъуу, зэпымыууэ делэжьын хуейщ.

ЩІэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ лэжьыгъэ къыхэхынымрэ теухуауэ къафщтэ унафэхэм къыхэщрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм япэ увыпІэр зэрефтыр? (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.) c

4. Мы дунейм и гупсысэкІэр къытхимыпщэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

4 ЦІыху дагъуэншэ дыхъуа иужь, дэ ди ІуэхущІафэхэмкІэ сыт щыгъуи Иеговэ дгъэгуфІэнущ. Ауэ иджыпсту Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыщытын щхьэкІэ, къару етхьэлІэн хуейщ. Абы теухуауэ апостол Паул итха псалъэхэм гу лъыттэнщ. Рим 12:2 зэритымкІэ, Иеговэ зыхуейр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, ди гупсысэкІэр зэпымыууэ тхъуэжын хуейщ. Аращи, мы дунейм и гупсысэкІэр къытхипщэну хуит тщІыным ипІэкІэ ди мурадхэмрэ ди унафэхэмрэ Алыхьым и гупсысэкІэм техуэрэ темыхуэрэ куууэ дегупсысын хуейщ.

5. Ди гупсысэкІэр Иеговэ ейм техуэрэ темыхуэрэ дапхуэдэу зэрызэхэдгъэкІ хъунур? (Сурэтым феплъ.)

5 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Иеговэ хуейщ абы «и махуэр» къызэрысынур тщымыгъупщэну икІи «дыпэплъэну» (2 Пет. 3:12). Абы теухуауэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Мы дунейм и кІэр къызэрысар къызэрызгурыІуэр си гъащІэм къыхэщу пІэрэ? ЕджапІэмрэ лэжьапІэмрэ теухуауэ къасщтэ унафэхэм къагъэлъагъуэу пІэрэ Иеговэ сызэрыхуэлажьэм япэ увыпІэ зэрестыр? Си унагъуэри сэри дызыхуэныкъуэр Иеговэ къызэрыдитынур си фІэщ хъурэ? Хьэмэрэ, мылъкумрэ ахъшэмрэ сыт щыгъуи сытегузэвыхьрэ?» Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ, ди гъащІэр абы и мурадым техуэу щытын щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэр щилъагъум деж (Мт. 6:25—27, 33; Флп. 4:12, 13).

6. Зэпымыууэ тщІэн хуейр сыт?

6 Дэ дызэгупсысым дыкІэлъыплъын хуейщ. Абы нэмыщІ, зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэм дызэрыхуэныкъуэр тлъагъумэ, ахэр ди гъащІэм хэтлъхьэн хуейщ. Коринф къалэм дэсхэм Паул мыпхуэдэу яхуитхащ: «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж» (2 Кор. 13:5). «ФІэщхъуныгъэ пэж» уиІэным къикІыр зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэман-зэманкІэрэ ухэтыным и закъуэкъым. Абы иджыри хохьэ уи гупсысэкІэм, узыщІэхъуэпсым икІи Иеговэ ухуэлэжьэну ухуэзыгъэушым уелэжьыныр. Аращ ди гупсысэкІэр зэпымыууэ тхъуэжын щІыхуейр. Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Иеговэ и Псалъэм деджэмэ, ар зэрыгупсысэм хуэдэу дыгупсысэу зедгъасэмэ икІи игу зэрырихьым хуэдэу мы дунейм дытетмэ, ар тхузэфІэкІыу жыпІэ хъунущ (1 Кор. 2:14—16).

«ЩЭНЫЩІЭФІЫР ФАЩЭУ ЗЭФШЭКІ»

7. Ефес 4:31, 32 итым тепщІыхьмэ, сыт иджыри тщІэн хуейр икІи ар щІэмытыншыр сыт?

7 Къеджэ Ефес 4:31, 32. Дэ ди гупсысэкІэр зэрытхъуэжын хуейм имызакъуэу «щэныщІэфІыр фащэу зэ[т]шэкІын» хуейщ (Еф. 4:24). Абы къару едмыхьэлІэу щытмэ, ар тхузэфІэкІынукъым. Абы нэмыщІ лъагъумыхъуныгъэ ди гум илъмэ, къэгубжьыгъуафІэу икІи тэмакъкІэщІу дыщытмэ, а хьэлхэр зыхэднэн хуейщ. Ар тыншу щымытынкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ языныкъуэ хьэл-щэнхэм ди гум куууэ лъабжьэ щащІащ. Псалъэм папщІэ, Библием щыжыІащ языныкъуэ цІыхухэр «тыншу къызэрыгубжьыр» икІи «губжьым дихьэхыу» зэрыщытыр (Прит. 29:22). Ди гум лъабжьэ щызыщІа хьэл-щэн Іейхэр зэтедІыгъэн щхьэкІэ, псым зыщІэдгъэуа иужьи зэпымыууэ къару етхьэлІэн хуейщ. КъыкІэлъыкІуэ щапхъэр абы щыхьэт тохъуэ.

8, 9. Стивен къыщыщІам дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр хьэл-щэн Іейхэм сыт щыгъуи дызэребэнын хуейр?

8 Сти́вен зи цІэ ди къуэшыр и губжьым пэлъэщтэкъым. Абы жеІэж: «Псым зыщІэзгъэуа иужьи а хьэл Іейм селэжьын хуей хъуащ. Зэгуэр хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ дгъэІуу си машинэм ит радиор зэрадыгъур слъэгъуащ. Сэ дыгъуэгъуакІуэм сыкІэлъыжащ, ауэ ар къэзубыд пэтрэ абы радиор хыфІидзэри, щІэпхъуэжащ. Къэхъуам теухуауэ адрейхэм щажесІэжам щыгъуэ, зэхуэсым и нэхъыжьыр мыпхуэдэу къызэупщІащ: „Стивен, ар къэбубыдауэ щытамэ, сытыт пщІэнур?“» А упщІэм сызыщІигъэгупсысыжащ икІи мамырыгъэм нэхъыбэу сыхущІэкъуну сыхуигъэушащ» b.

9 Стивен къыщыщІам къегъэлъагъуэ хьэл-щэн Іейхэр зыхэднауэ дыщигугъэм дежи абыхэм зыкъыдагъэщІэнкІэ зэрыхъунур. Апхуэдэ гуэр къыпщыщІауэ щытмэ, егъэлеяуэ зомыгъэкъуэншэж икІи Алыхьым и лэжьакІуэу ущытыну пхуэмыфащэу уемыгупсыс. Апостол Паули апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуащ. Абы итхащ: «ФІы сщІэну сыхуейми, бзаджагъэр сяпэм къохутэ» (Рим. 7:21—23). Унэр фІей икІи сабэ мыхъун щхьэкІэ зэрызэлъыІухын хуейм хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри и хьэл-щэн Іейхэм махуэ къэс ебэнын хуей мэхъу. Аращ ди гупсысэкІэр къабзэу щытын щхьэкІэ, зэпымыууэ дызэлэжьыжын щІыхуейр. Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур?

10. Хьэл-щэн Іейхэм дапхуэдэу дызэребэныфынур? (1 Иуан 5:14, 15).

10 Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, хьэл-щэн Іейр зыхэбнэну къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ, икІи абы узэрызэхихынум шэч къытомыхьэ. (Къеджэ 1 Иуан 5:14, 15.) Абы телъыджэ ІуэхукІэ уи хьэл-щэныр зэрихъуэкІынукъым, ауэ, ар зыхэбнэн щхьэкІэ, къару къыуитынущ (1 Пет. 5:10). Уэ уи лъэныкъуэкІэ сыт иджыри пщІэ хъунур? Уи тхьэлъэІухэм тет икІи а хьэл-щэныжьым пыщІа Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуэщІ. Псалъэм папщІэ, уэ узэбэн хьэл-щэным зыри Іей хэмылъу къыпщызыгъэхъу гуэрым уеплъын е уеджэн ипэ фІыуэ гупсысэ. Абы нэмыщІ гурыщІэ Іейхэм уемыгупсысыну хущІэкъу (Флп. 4:8; Кол. 3:2).

11. ЩэныщІэфІыр зыхэтлъхьэн щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

11 Хьэл-щэныжьыр зыхэбна иужь хьэл-щэныфІыр зыхэплъхьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур? Алыхьым и хьэл-щэн гуэрым теухуауэ къэпщІа иужь абы щапхъэ тепхыну мурад зыхуэгъэув (Еф. 5:1, 2). Псалъэм папщІэ, Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ Библием ит пычыгъуэ гуэр укъыщеджэм деж, «сэ нэгъуэщІхэм яхуэзгъэгъуу пІэрэ?» жыпІэу узэупщІыж хъунущ. Гугъуехь пэщІэхуахэм Иеговэ гущІэгъу зэрахуищІым теухуауэ Библием итым укъыщеджэм деж, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Гугъуехь пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ сыгузавэу жыпІэ хъуну икІи ар си ІуэхущІафэхэм къыхэщрэ?» Аращи, адэкІи фи гупсысэкІэр фхъуэж, щэныщІэфІыр зыхэфлъхьэ икІи, псынщІэу зыфхъуэжыну фхузэфІэмыкІмэ, фи Іэр евмыхьэх.

12. Библием и къарур Стивен дапхуэдэу зэрызыхищІар?

12 ИпэкІэ зи гугъу тщІа Стивен хуэм-хуэмурэ щэныщІэфІыр зыхилъхьэну хузэфІэкІащ. Ар къыддогуашэ: «Псым зыщІэзгъэуа иужь сэ мызэ-мытІэу си пІэм сыкъизышын Іуэхугъуэхэм сыпэщІэхуащ. Ауэ сэ сыкъэмыгубжьу, Іуэхум мамыру сыкъыхэкІыу зезгъэсащ. Абы щхьэкІэ цІыху куэдыр, си щхьэгъусэри абыхэм яхэту, къысщотхъу. Сэри ар зэрысхузэфІэкІыр согъэщІагъуэ! Ауэ ар зи фІыщІэр сэракъым. А псор щІысхузэфІэкІар Библием цІыхухэр ихъуэжыну къару зэриІэм къыхэкІкІэщ».

ХЪУЭПСЭНЫГЪЭ ІЕЙХЭМ ФЫПЭЩІЭТЫН ЩЫВМЫГЪЭТ

13. Алыхьым тэмэму къилъытэ Іуэхухэр дигу ирихьу зедгъэсэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Галатие 5:16).

13 Къеджэ Галатие 5:16. Хъуэпсэныгъэ Іейхэм дыпэщІэтыну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ щымысхьу и къару лъапІэр къыдет. Библиер щыдджым деж, ди гупсысэкІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну дэ Алыхьым и къару лъапІэр хуит дощІ. Иджыри Иеговэ, и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ, зэІущІэхэр къегъэсэбэп. ЗэІущІэхэм дыщыщыІэм деж, дэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэманыр догъакІуэ. Дэ тхуэдэу абыхэми, Алыхьым тэмэму къилъытэ Іуэхухэм хэтын щхьэкІэ, къару ирахьэлІэ икІи абы гушхуэныгъэ къытхуехь (Евр. 10:24, 25; 13:7). Абы нэмыщІ, дэ тхэлъ хьэл Іей гуэрым дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыщыхуэдгъазэм деж и къару лъапІэр къыдет. Дэ хъуэпсэныгъэ Іейхэр икІэм нэс тхузыхэмынэми, абыхэм дыпэщІэтыну зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэр къыддэІэпыкъунущ. Аращи, Галатие 5:16 зэритым хуэдэу, Иеговэ и къару лъапІэм зыхуигъэушым тету псэухэм «гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпсым дишэхынукъым».

14. Алыхьым тэмэму къилъытэ Іуэхухэм сыт щыгъуи дыхущІэкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

14 Библиер вджын, зэІущІэхэм фыкІуэн, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъэзэн щывмыгъэт икІи абы тэмэму къилъытэ Іуэхухэр фигу ирихьу зэрызевгъэсэным сыт щыгъуи фыхущІэкъу. Апхуэдэу тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ жэщи махуи къытпэщІэт бий диІэщ. Ар — гуэныхь тхэлъыращ. Дэ псым зыщІэдгъэуа иужьи, пэІэщІэ зызыхуэтщІын хуей Іуэхугъуэ гуэр дигу зэрырихьым гу лъыттэнкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ, ахъшэкІэ джэгун, фадэкІэ егъэлеин е порнографием еплъын (Еф. 5:3, 4). Ди зы къуэш щІалэщІэр къыддогуашэ: «Сэ сызэбэн гъэунэхуапІэ нэхъ хьэлъэхэм ящыщ зыр — ар цІыхухъухэр сигу зэрырихьыращ. А гурыщІэхэр блэкІыну сэ си гугъащ, ауэ нобэр къыздэсым абыхэм гугъу срагъэхь». Хъуэпсэныгъэ Іейм хуабжьу ухигъэзыхьу щытмэ, сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?

Хъуэпсэныгъэ Іейхэм фыпэщІэтмэ, фи Іэр евмыхьэх; къуэш, шыпхъу куэдыр апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуащ икІи текІуэныгъэ яІэу а Іуэхум къыхэкІащ (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)

15. «Адрей цІыхухэри» хъуэпсэныгъэ Іейхэм зэрыпэщІэтыр зэрытщІэм дапхуэдэу къару къызэрытхилъхьэфынур? (Сурэтым феплъ.)

15 Бий бзаджэм хуэдэу щыт хъуэпсэныгъэ Іейм уебэну щытмэ, апхуэдэ гугъуехьхэм нэгъуэщІхэри зэрыпэщІэтыр зыщомыгъэгъупщэ. Библием щыжыІащ: «ЦІыхухэм гуэныхь ящІэну дезыгъэхьэх Іуэхуу адрей цІыхухэр зыхуэзэхэм фІэкІа фэ фыхуэзакъым» (1 Кор. 10:13). Мы псалъэхэр зыхуэгъэзауэ щытар Коринф къалэм дэса къуэш, шыпхъухэращ. Пэжыр къащІэн ипэ абыхэм щыщ языныкъуэхэм гуэныхь ялэжьт: хэти зинэ ищІэу, хэти гомосексуалисту, хэти фадэкІэ иригъэлейуэ щытащ (1 Кор. 6:9—11). Псым зыщІагъэуа иужь абыхэм хъуэпсэныгъэ Іейхэр афІэкІа ягу къэмыкІауэ жыпІэ хъуну? Хьэуэ. А къуэш, шыпхъухэм псоми уафэм кІуэну гугъэ яІами, ахэр гуэныхь зыхэлъ цІыхуу къэнэжт. Шэч хэмылъу, ахэр зэман-зэманкІэрэ хъуэпсэныгъэ Іейхэм ебэнын хуей хъут. Мы гупсысэм дэ къару къытхилъхьэфынущ. Дапхуэдэу? Абы къегъэлъагъуэ, сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ Іейхэм дэ демыбэнами, апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэлъэщахэр зэрыщыІэр. Аращи, фэри фхузэфІэкІынущ «фІэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкІуэтыжу фытетыну... сыту жыпІэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощІэ» (1 Пет. 5:9).

16. Сыт хуэдэ гупсысэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

16 Уэ узыпэщІэт гугъуехьыр зыми къыгурымыІуэн хуэдэу уемыгупсыс. Апхуэдэ гупсысэкІэм уи Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэ хуэдэу икІи хъуэпсэныгъэ Іейм зэи упэмылъэщыфыну къыпщигъэхъунущ. Ауэ Библием жиІэр мыращ: «Тхьэр пэжщ, флъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым. Ауэ гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху гуэр фыщыхуэзэкІэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ» (1 Кор. 10:13). Абы къыхэкІкІэ хъуэпсэныгъэ Іейм хуабжьу ухигъэзыхьми, уэ абы ехъулІэныгъэ уиІэу упэщІэтыну пхузэфІэкІынущ. Иеговэ и фІыгъэкІэ а хъуэпсэныгъэм узыхуигъэушыр умыщІэну пхузэфІэкІынущ.

17. Зэман-зэманкІэрэ хъуэпсэныгъэ Іейхэр дигу къэкІыу щытми, сыт дэ тхузэфІэкІынур?

17 Мы гупсысэр сыт щыгъуи уигу игъэлъ: гуэныхьлыуэ узэрыщытым къыхэкІкІэ хъуэпсэныгъэ Іейхэр зэман-зэманкІэрэ уигу къэкІынущ. Исуф Потифар и щхьэгъусэм зыкъыІэщІиуду зэрыщІэпхъуэжам хуэдэу, уэри тегушхуэныгъэ пхэлъу хъуэпсэныгъэ Іейхэр ІэщІыб щІы (ЩІэдз. 39:12). Аращи, гуэныхь щэныжьым узыхуигъэушыр Іэмал имыІэу пщІэн хуейуэ щыткъым!

АДЭКІИ ФИ ІЭР ЕВМЫХЬЭХ

18, 19. Ди гупсысэкІэр адэкІи тхъуэжын щхьэкІэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?

18 Ди гупсысэкІэр тхъуэжыным къикІыр — ар дызэгупсысри ди ІуэхущІафэхэри Иеговэ зыхуейм техуэным сыт щыгъуи дыхущІэкъун зэрыхуейращ. Абы щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу дызэупщІыжын хуейщ: «Дыщыпсэу зэманыр здынэсар къызэрызгурыІуэр си Іуэхухэм къагъэлъагъуэрэ? ЩэныщІэфІыр зыхэслъхьэну схузэфІэкІрэ? Хъуэпсэныгъэ Іейхэм сыпэщІэтын щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыздэІэпыкъуну хуит сщІыуэ пІэрэ?»

19 Мы упщІэхэм жэуап щефткІэ дагъуэншэу фыщытын хуейуэ къэвмылъытэ икІи ехъулІэныгъэ фиІэхэм фыщыгуфІыкІ. Иджыри зыгуэрым фелэжьын хуейуэ къэфлъэгъуауэ щытмэ, фи Іэр евмыхьэх. Филиппи 3:16 ит мы псалъэхэм фызэрытетыным фыхущІэкъу: «Дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икІи абы тету дыпсэун хуейщ». Уи гупсысэкІэр пхъуэжыну къару епхьэлІэу щытмэ, Иеговэ и нэфІ къызэрыпщыхуэнум шэч къытомыхьэ.

36-НЭ УЭРЭДЫР Уи гур хъумэ

a Апостол Паул къуэш, шыпхъухэр хуигъэушу щытащ мы дунейм и гупсысэкІэр къахипщэну хуит ямыщІыну. А чэнджэщыр дэри нобэ сэбэп къытхуэхъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дыхуейкъым мы дуней бзаджэм и гупсысэкІэр зыхэтлъхьэну. Абы къыхэкІкІэ ди гупсысэкІэр Алыхьым ейм темыхуэу щытлъагъум деж, ар зэрытхъуэжыным занщІэу иужь дихьэн хуейщ. Мы статьям ар зэрытщІ хъуным дыщытепсэлъыхьынщ.

b 2015-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Я катился по наклонной» жыхуиІэ статьям феплъ.

c СУРЭТЫР. Ди къуэш щІалэщІэр ищІэным теухуауэ йогупсыс: университетым щІэтІысхьэну хьэмэрэ полновременнэ лэжьыгъэм щІидзэну.