Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Иеговэ и цІэр псоми игъащІэкІэ ягъэлъапІэу ищІынущ

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

2020-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, «Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ» жыхуиІэ статьяр тепсэлъыхьт Иеговэ и цІэр гъэлъэпІэн зэрыхуеймрэ тепщэныгъэ псор абы и ІэмыщІэм илъыну хуитыныгъэ зэриІэмрэ. Мы Іуэхугъуэхэр къызэрыдгурыІуэм теухуауэ сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм я гугъу ищІрэт а статьям?

А статьям дэ къыщытщІащ ШейтІаным къиІэтар упщІитІ зэрымыхъур, атІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы упщІэу зэрыщытыр. А упщІэр псоми — мелыІычхэми цІыхухэми — ялъоІэс. Ар Иеговэ и цІэр гъэлъэпІэн зэрыхуейм теухуащ. КъыкІэлъыкІуэ упщІитІым абы и лъэныкъуэ зырыз къагъэлъагъуэ: Иеговэ и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыгуэр щыІэ? ЦІыхухэр Алыхьым пэжу хуэлэжьэну?

Иеговэ и цІэмрэ ар гъэлъэпІэн зэрыхуеймрэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыщІыхэдгъэщыр сыт? Абы и щхьэусыгъуищыр иджыпсту зэпкърытхынщ.

Іэдэн жыг хадэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм щыщІэдзауэ нобэр къыздэсым Иблисым увыІэгъуэ имыІэу Алыхьым и цІэр егъэулъий

Япэрауэ, Иблисым Иеговэ и цІэр игъэулъиящ. Ар къыщыхъуар Іэдэн жыг хадэращ. ШейтІаным бзаджагъэ хэлъу Хьэуа ирита упщІэм къыхэщт Иеговэ быдэ хуэдэу икІи абы игъэува хабзэр ткІийуэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ я хуитыныгъэми зэран хуэхъу хуэдэу. ИтІанэ Иблисым Иеговэ пцІыупс хуэдэу жиІащ. Дауэ? Иеговэ жиІат Іэдэмрэ Хьэуарэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр яшхмэ лІэну. Ауэ ШейтІаным ахэр мылІэну жиІэри, апхуэдэу Иеговэ пцІы трилъхьащ. Аращ абы «Иблис» жыхуаІэ цІэри щІиІэр. Абы къикІыр «нэгъуэщІым пцІы тезылъхьэ» жиІэу аращ (Ин. 8:44). Хьэуа ШейтІаным и псалъэхэр и фІэщ хъури, Алыхьым и жыІэм щІэкІащ икІи абы и тепщэныгъэм пэщІэуващ (ЩІэдз. 3:1—6). Иблисым иджыри къыздэсым Иеговэ пцІы трелъхьэ икІи абыкІэ Алыхьым и цІэр егъэулъий. А пцІыр зи фІэщ хъу цІыхур, дауикІ, Иеговэ и жыІэм щІэтынукъым. Аращ Иеговэ и цІэ лъапІэр зэрагъэулъийр захуагъэ зыхэмылъ Іуэху нэхъ ин дыдэу дэ къыщІэтлъытэр. Нобэ дунейм къыщыхъу гузэвэгъуэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Иеговэ и цІэр зэрагъэпудыращ.

ЕтІуанэрауэ, Иеговэ и цІэм къыщхьэщыжынущ икІи ар игъэкъэбзэжынущ. Иеговэ и дежкІэ аращ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр икІи Алыхьым апхуэдэу зэрищІэнум абы и ІэдакъэщІэкІ псоми сэбэпынагъ къахуихьынущ. Иеговэ жеІэ: «Си цІэ иныр згъэлъэпІэнущ» (Иез. 36:23). Хьисэ Мэссихь наІуэу къигъэлъэгъуащ ди тхьэлъэІухэм япэ дыдэу хэдгъэхьэн хуейр сытми. Абы жиІащ: «Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ» (Мт. 6:9). Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Библием мызэ-мытІэу къыхегъэщ. Щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ. «Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр хуэфщІ» (1 Лет. 16:29; Пс. 96:8). «Абы и цІэ иныр уэрэдхэм щывгъэлъапІэ» (Пс. 66:2). «ИгъащІэкІэ уи цІэр згъэлъэпІэнущ» (Пс. 86:12). Зэгуэр Иеговэ езыр уафэм къепсэлъыхауэ щытащ. Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэм щыІэу Хьисэ и Адэм елъэІуат: «Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу». Иеговэ абы мыпхуэдэ жэуап иритащ: «Си цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкІи езгъэлъагъунущ» (Ин. 12:28) a.

Ещанэрауэ, Иеговэ и цІэр гъэкъэбзэжа зэрыхъуныр и мурадыр гъэзэщІа зэрыхъуным епхащ. Хьисэ Мэссихь илъэс минкІэ щытепщэну зэманыр иухрэ цІыхухэр иужьрей гъэунэхуапІэм пхырыкІмэ, сыт адэкІэ къэхъунур? А зэманым мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ дапхуэдэу Иеговэ и цІэм зэрыхущытынур? Мы упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, упщІэ нэхъыщхьэм и ІыхьитІу щыт упщІитІыр дигу къэдгъэкІыжынщ: Иеговэ и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыгуэр щыІэ? ЦІыхухэр Алыхьым пэжу хуэлэжьэну? Алыхьым зэрыхуэпэжыр зыми къигъэлъэгъуэн хуейуэ щытынукъым, сыту жыпІэмэ цІыху псори дагъуэншэу икІи иужьрей гъэунэхуапІэм пхырыкІауэ щытынущ. Абыхэм къапэщылъыр гъащІэ мыухыжщ. Иеговэ и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр зыгуэрым къыгурыгъэІуэн хуейуэ щытыну? Хьэуэ. Абы щыгъуэ уафэм щыІэхэри щІылъэм щыпсэухэри зэкъуэту щытынущ икІи гуфІэгъуэ я гум илъу Алыхьым и тепщэныгъэм щІэтынущ. Иеговэ и цІэр-щэ? Абы теухуауэ сыт жыпІэ хъунур?

А зэманым Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа икІи гъэкъэбзэжа хъунущ. Дауэ мыхъуами, Алыхьым хуэлажьэ дэтхэнэ зым и дежкІи, ар мелыІыч е цІыху ирехъу, Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зыри щыІэнукъым. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм ялъэгъунущ Алыхьым адэкІи Іуэху телъыджэхэр зэрилэжьыр. Хьисэ Іэдэбагъ хэлъу тепщэныгъэ псори и Адэм иритыжынурэ, «Тхьэр цІыху псом я дежкІи сыти мэхъу» жыхуиІэ псалъэхэр гъэзэщІа хъунущ (1 Кор. 15:28). Абы иужь цІыхухэм псоми «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэ» ягъуэтынущ (Рим 8:21). ИкІэм-икІэжым Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэжынущ — мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ зы унагъуэшхуэ зэкъуэт хъужынущ (Еф. 1:10).

А псор къэхъуа иужь, Иеговэ и унагъуэм сыт зыхищІэнур? ДауикІ, адэкІи Иеговэ и цІэ дахэм щытхъу къыхуэтхьыну диІэ гукъыдэжыр ди гум мафІэм хуэдэу илъынущ. Даут Алыхьым и къарукІэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Алыхь Иеговэ гъэлъэпІа ирехъу... Абы и цІэ лъапІэм игъащІэкІэ щытхъу къыхуэфхь» (Пс. 72:18, 19). КІэ зимыІэну ди гъащІэм къриубыдэу Иеговэ илэжь Іуэху телъыджэхэр дгъэщІагъуэу икІи ди Алыхьым щытхъу къыхуэтхьу дыпсэунущ.

Иеговэ и цІэм ар зэрыщыт дыдэр къыхощ. А цІэм дыщегупсысым деж, ди нэгу къыщІыхьэр Алыхьым и хьэл-щэн нэхъыщхьэ лъагъуныгъэращ (1 Ин. 4:8). Иеговэ и лъагъуныгъэшхуэр къыхощ гъащІэ къызэрыдитам, щхьэщэхуж къурмэныпхъэу и Къуэр къызэрытхуигъэкІуам икІи абы и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр зэрыдигъэлъэгъуам. А лъагъуныгъэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым. Абы нэмыщІ Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур дэ адэкІи зыхэтщІэнущ. Уафэм щыІэ ди Адэм гъунэгъу зыхуэтщІыну икІи абы и цІэр игъащІэкІэ дгъэлъэпІэну Іэмал дызэриІэм дэ сыт щыгъуи гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьынущ (Пс. 73:28).

a Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ сыт имыщІэми и цІэм щхьэкІэщ щІищІэр. Псалъэм папщІэ, абы и лэжьакІуэхэм я гъуэгур еунэтІ икІи абыхэм ядоІэпыкъу, кърегъэл икІи яхуегъэгъу, абы нэмыщІ я гъащІэри ехъумэ. Алыхьым а псор щІищІэр и цІэ иным щхьэкІэщ. А цІэр — Иеговэщ (Пс. 23:3; 31:3; 79:9; 106:8; 143:11).