ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР
Библиер щыбджкІэ зыри зэран зыхуумыгъэхъу
Библие зэрыбджым сэбэп нэхъыбэ къыпхуихьыну ухуейт? Узэджэм уи акъылыр тебухуэн щхьэкІэ адэкІэ зэпкърытхыну чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъунущ:
-
Уигу ирихь тІысыпІэ къэгъуэт. ЗэрыхъукІэ къабзэу, нэхуу, зэлъыІухауэ щыт тІысыпІэ унэм къыщыгъуэт е щІыбым хьэуа къабзэм ухэсу щеджэ.
-
ЗэрыхъукІэ зыри зэран зыхуумыгъэхъу. Хьисэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэн щхьэкІэ «пщэдджыжьым жьыуэ... щІыпІэ пхыдза» гуэрым щыкІуи къэхъут (Мк. 1:35). Уи закъуэ укъэнэну Іэмал щымыІэмэ, уи унагъуэм щыщхэм е уи гъусэу псэухэм Библием узэреджэнур яжеІэ, зэран къыпхуэмыхъун щхьэкІэ.
-
УтемыплъэкъукІ. Библиер щыбджкІэ телефон е планшет къэбгъэсэбэпмэ, зыри зэран къыпхуэмыхъун щхьэкІэ уведомлениехэр гъэункІыфІ е «режим полёта» жыхуаІэр щІэгъанэ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэху гуэр уигу къэкІыжмэ, ар зэрыпщІэн хуейр пщымыгъупщэжын щхьэкІэ тхы. УтегупсысыкІыу щІэбдзамэ, зыгъэпсэху е къэтэджи тІэкІу къэкІухь.