Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Хьисэ къалъхуа иужь, Исуфрэ Мэриемрэ Назарет къалэм ямыгъэзэжу Бэтлэхьэм къыщІыдэнар сыт?

Библием а упщІэм и жэуапыр иткъым. Ауэ а унафэм щхьэусыгъуэ хуэхъуфыну Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр абы къытхузэІуех.

Мэрием уэндэгъу хъууэ къуэ къызэрилъхунур мелыІычым къыжриІащ. А зэманым Мэриемрэ Исуфрэ Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм щыпсэут (Лк. 1:26—31; 2:4). ИужькІэ, зэман гуэркІэ Мысыр щІыналъэм щыІауэ, абыхэм Назарет къалэм къагъэзэж. Хьисэ а щІыпІэм къыщыхъуащ икІи абы теухуауэ «Назарет щыщщ» жаІэу хъуащ (Мт. 2:19—23). Хьисэ, Мэрием, Исуф сымэ я гугъу щытщІым деж, Назарет къалэм щІэх-щІэхыурэ дыщІытепсэлъыхьыр аращ.

Елизавет и цІэу Мэрием благъэ иІэт. Ар Иудэ щІыналъэм щыпсэут. А цІыхубзыр Зэчрей зи цІэ дин пашэм и щхьэгъусэт. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан къэзылъхуар Елизэветщ (Лк. 1:5, 9, 13, 36). Мэрием Елизэвет деж лъагъунлъагъу кІуэри, мазищкІэ абы и унэм щыІащ. ИужькІэ Мэрием Назарет къалэм егъэзэж (Лк. 1:39, 40, 56). А псом къыдгурегъаІуэ Мэрием Иудэ щІыналъэр тІэкІу нэхъ мыхъуми ицІыхуу зэрыщытар.

Куэд дэмыкІыу Римым и унафэщІхэм цІыхухэр ябжыну унафэ къыдагъэкІащ. Абы къыхэкІкІэ Исуф Назарет къалэм икІри, «Даут и къалэ Бэтлэхьэм кІуащ». Тхыгъэ ЛъапІэм ит къэхъун хуей псалъэхэм зэритым хуэдэу, а къалэм Мэссихьыр къыщалъхун хуейт (Лк. 2:3, 4; 1 Сам. 17:15; 20:6; Мих. 5:2). ИкІи апхуэдэу къэхъуащ: Мэрием а къалэм Хьисэ къыщилъхуащ. Исуф хуейтэкъым Мэрием сабий цІынэ иІыгъыу, Назарет ягъэзэжын щхьэкІэ, гъуэгуанэ кІыхь теувэну. Ахэр Бэтлэхьэм къыщынащ. А къалэмрэ Ерусалим къалэмрэ я зэхуаку километр 9 хуэдиз дэлът. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я дежкІэ гугъутэкъым, Мусэ и Хабзэм тету къурмэн къахьын щхьэкІэ, я щыпэлъхур яІыгъыу Ерусалим къалэм дэт Алыхьым и Унэшхуэм кІуэну (Лев. 12:2, 6—8; Лк. 2:22—24).

Хьисэ къалъхун ипэ Алыхьым и мелыІычым Мэрием къыжриІащ абы и къуэм «и адэшхуэ Даут и тахътэр» къызэрыІэрыхьэнур икІи ар Пащтыхь зэрыхъунур. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ Даут и къалэм къызэрыщалъхуам Исуфрэ Мэриемрэ мыхьэнэшхуэ иратауэ къыщІэкІынущ (Лк. 1:32, 33; 2:11, 17). Ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Мы щІыпІэм дыкъанэмэ икІи Алыхьым къыбгъэдэкІ нэгъуэщІ унафэхэм дыпэплъэмэ, нэхъыфІщ».

Тхьэгурымагъуэхэр (астрологхэр) къыщыкІуам щыгъуэ, Исуф и унагъуэр Бэтлэхьэм зэман дапщэкІэ щыІами дэ тщІэкъым. Ауэ абы щыгъуэ абыхэм зыщІэсын унэ яІэт икІи Хьисэ сабий цІынэу щытыжтэкъым (Мт. 2:11). А псом къыхэкІкІэ мыпхуэдэ гупсысэм укъыхуэкІуэ хъунущ: цІыхухэр ябжа иужь, Назарет къалэм ямыгъэзэжу ахэр зэман гуэркІэ Бэтлэхьэм къыдэнащ икІи абы унэ щызрагъэпэщащ.

«Бэтлэхьэм... къыщалъхуа сабий [щІалэ цІыкІухэр, ДЩІ] псори, илъэситІ зи ныбжьым нэс, яукІыну» Ирод и зауэлІхэм унафэ яхуищІащ (Мт. 2:16). Алыхьым абы теухуауэ Исуф хъыбар иригъэщІащ. Арати, Мэриемрэ Хьисэрэ къищтэри, ар Мысыр щІыналъэм щІэпхъуэжащ. Ирод лІэху, ахэр а щІыпІэм щыІащ. ИужькІэ Исуф и унагъуэр и гъусэу Назарет Іэпхъуэжащ. Сыт абыхэм Бэтлэхьэм щІамыгъэзэжар? Иудэ щІыналъэм пащтыхьу тета Архелай, Ирод и къуэм, хуэмызэн щхьэкІэщ. Абы нэмыщІ Алыхьым Исуф жриІащ гущІэгъуншэу щыт а пащтыхьым и щІыналъэм ахэр мыкІуэну. Ауэ Назарет теухуауэ сытыт жыпІэ хъунур? А къалэм Исуф зыми щымышынэу Алыхьым и хабзэхэм тету Хьисэ щипІыфынут (Мт. 2:19—22; 13:55; Лк. 2:39, 52).

Хьисэ лІэуэ нэгъуэщІ цІыхухэм уафэм кІуэну Іэмал къахузэІуихын ипэ Исуф дунейм ехыжауэ къыщІэкІынущ. Абы къыхэкІкІэ, щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ, Исуф лІахэм къахэтэджыкІыжынущ. Куэдым Іэмал яІэнущ абы хуэзэну икІи, Хьисэ къалъхуа иужь, абыхэм Назарет къалэм ямыгъэзэжу Бэтлэхьэм къыщІэнам и щхьэусыгъуэр къащІэну.