Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

27 СТАТЬЯР

73 УЭРЭДЫР Тегушхуэныгъэ къыдэт

Цадок хуэдэу лІыгъэ зыхэвгъэлъ

Цадок хуэдэу лІыгъэ зыхэвгъэлъ

«Абыхэм яхэтащ къарууфІэу щыт, лІыгъэ зыхэлъ Цадок зи цІэ щІалэ» (1 ЛЕТ. 12:28).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЛІыгъэ зыхэдгъэлъыну Цадо́к и щапхъэр дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми.

1, 2. Цадок хэту щыта? (1 Летопись 12:22, 26—28).

 УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэ Хеврон и Іэхэлъахэм, къыр куэду здэщыІэ щІыпІэм, цІыху 340 000-м щІигъу щызэхуэсауэ. Ахэр абы къыщІэкІуар Даут Израил псом и пащтыхь ящІын щхьэкІэт. А цІыхухъухэр махуищкІэ абы щызэхэтащ зэдэгушыІэу, зэдэуэршэру, тхьэщІыхь уэрэдхэр жаІэу (1 Лет. 12:39). А гупышхуэм хэтащ Цадок зи цІэ щІалэ. Ар нэгъуэщІхэм зыгуэркІэ къахэщхьэхукІыу щытакъым. Ауэ Иеговэ абы гу лъитащ икІи дэр щхьэкІэ а щІалэм теухуауэ Библием ирыригъэтхащ. (Къеджэ 1 Летопись 12:22, 26—28.) Цадок хэту щыта?

2 Цадок дин пашэу щытащ. Ар дин пашэшхуэ Авиафар и гъусэу Алыхьым хуэлажьэт. Иеговэ а щІалэм Іущагъышхуэ бгъэдилъхьащ, и Іэмырри къыгурыІуэн щхьэкІэ зэфІэкІ иритащ (2 Сам. 15:27). Абы къыхэкІкІэ цІыхухэм чэнджэщ щхьэкІэ Цадок зыхуагъазэт. А щІалэм иджыри лІыгъэшхуэ хэлът. А хьэл-щэныращ дэ мы статьям дызытепсэлъыхьынур.

3. 1) Иеговэ и лэжьакІуэхэм лІыгъэ щІахэлъын хуейр сыт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Мы дунейм и иужьрей махуэхэм ШейтІаныр губжьауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм тоуэ (1 Пет. 5:8). Дэ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ ШейтІанымрэ абы и дуней бзаджэмрэ Иеговэ кІэ къащыхуигъэкІуэну зэманым (Пс. 31:24). А зэманыр къэсыху Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дэтІыгъын, къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъун икІи Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэн хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ лІыгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ. АбыкІэ Цадок и щапхъэр дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми девгъэплъ.

АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР ДЭФІЫГЪ

4. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дэтІыгъын щхьэкІэ сыт лІыгъэ дыщІыхуэныкъуэр? (Сурэтми феплъ.)

4 Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр дубыдауэ гурэ псэкІэ и лэжьыгъэр дыдоІыгъ (Мт. 6:33). Ауэ ар пщІэну щымытынши къохъу. Псалъэм папщІэ, лІыгъэшхуэ ухуейщ ШейтІаным и дуней бзаджэм Иеговэ и хабзэхэм утету упсэуну, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІри бгъэІуну (1 Фес. 2:2). Дэ теубыдагъэ тхэлъын хуейщ нейтралитетыр тІыгъын икІи политикэм епха зэдэуэныгъэхэм дыхэмытын щхьэкІэ (Ин. 18:36). Армэм зэрымыкІуэм щхьэкІэ икІи политикэм зэрыхэмыІэбэм щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм щыщ гуэрхэм мылъкукІэ хэщІыныгъэ яІащ, хэти яубэрэжьащ, языныкъуэхэри ягъэтІысащ.

Политикэм теухуа зэдэуэныгъэ нэгъуэщІхэм къыщагъэхъейм деж сыт уэ пщІэнур? (4 абзацым феплъ.)


5. Цадок Даут дэІэпыкъун щхьэкІэ лІыгъэ щІыхуэныкъуэр сытыт?

5 Цадок Хеврон къыщІэкІуар Даут пащтыхьу зэрытрагъэувэр диІыгъын закъуэу аратэкъым. А щІалэр Іэщэ-фащэкІэ зэщІэузэдат, зэуэнуи хьэзырт (1 Лет. 12:38). Абы мурад ищІат Даут и лъэныкъуэр иІыгъыу зэуэну икІи Израилым и бийхэм пэщІэтыну. Цадок дин пашэу зэрылажьэм къыхэкІкІэ зэуэным хуэІэзэу щыту къыщІэкІынтэкъым, ауэ абы лІыгъэшхуэ хэлът.

6. Даут Цадок дежкІэ щапхъэфІу щІыщытар сыт? (Псалом 138:3).

6 Дин пашэ Цадок лІыгъэ хэлъыну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар къэзыухъуреихь цІыхухэм лІыхъужьагъ яхэлът. Шэч хэмылъу, ахэр Цадок щапхъэфІ хуэхъут. Псалъэм папщІэ, Даут лІыгъэ хэлът икІи Израилым и дзэм и пашэу щытт. Абы къыхэкІкІэ Израил цІыхухэр хуейт ар я пащтыхьу щытыну (1 Лет. 11:1, 2). Бийхэм щезауэкІэ Даут сытым щыгъуи Иеговэ щыгугът (Пс. 28:7; къеджэ Псалом 138:3). Цадок иджыри и гъусэт щІыхь зыхуэфащэ нэгъуэщІ цІыхухъухэри: Иодайрэ абы и къуэ Бенаерэ, абы нэмыщІ и лъэпкъым щыщ пашэу щыт цІыху 22-рэ (1 Лет. 11:22—25; 12:26—28). Ахэр гурэ псэкІэ Даут щІэгъэкъуэн хуэхъут, и пащтыхьыгъуэм къыщхьэщыжынуи хьэзырт.

7. 1) Ди зэманым хэт лІыгъэ зыгъэлъагъуэр? 2) Видеом хэта ди къуэш Нси́лу и щапхъэм сытым фыхуигъэса?

7 Дапхуэдэу дэ къарууфІэу икІи лІыгъэ тхэлъу дызэрыхъуфынур? Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу зыІыгъахэм я щапхъэхэм дегупсыс хъунущ. Абыхэм щыщу япэр ди Пащтыхь Хьисэ Мэссихьщ. Абы зэи идакъым ШейтІаным и дунейм къыщекІуэкІ политическэ Іуэхухэм хэтыну (Мт. 4:8—11; Ин. 6:14, 15). Ар зэи и къарум щыгугъыжу щытакъым, абы сытым щыгъуи Иеговэ дэІэпыкъуэгъу ищІт. Абы нэмыщІ щапхъэ зытепх хъун къуэш, шыпхъу куэд ди зэманми щыІэщ. Зи армэ кІуэгъуэ къэса ди къуэшхэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ армэм кІуэкъым икІи политикэм хэІэбэкъым. Абыхэм теухуауэ jw.org сайтым нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ a.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

8. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапщэщ лІыгъэ щагъэлъэгъуэн хуеинкІэ хъунур?

8 Иеговэ и лэжьакІуэхэм яфІэфІщ зыр зым дэІэпыкъуну (2 Кор. 8:4). Ауэ иныкъуэхэм деж абы щхьэкІэ лІыгъэ ухуейщ — псалъэм папщІэ, зауэ щекІуэкІ зэманхэм. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Библие, ди тхыгъэхэр, абы нэмыщІ шхыни щыгъыни ямыІэнкІэ хъунущ. Лъагъуныгъэ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми ахэр хьэзырщ Иеговэ и мэл цІыкІухэм зыхуэныкъуэр Іэрагъэхьэну (Ин. 15:12, 13). АбыкІэ ахэр лІыгъэ зыгъэлъэгъуа Цадок ещхьщ.

9. Даут сыт хуэдэ къалэн Цадок и пщэ дилъхьар? (2 Самуила 15:27—29). (Сурэтми феплъ.)

9 Зэгуэр Авессалом мурад ищІат и адэ Даут иукІыу, и пІэкІэ пащтыхьу теувэну (2 Сам. 15:12, 13). Даут Ерусалим икІэщІыпІэкІэ къигъэнэн хуей хъуащ. Абы и унэІутхэм яжриІащ: «Зывгъэхьэзыр, псынщІэу дыщІэпхъуэн хуейщ, армыхъумэ Авессалом псори дыІэщІэкІуэдэнущ!» (2 Сам. 15:14). И ныбжьэгъухэр и гъусэу къалэм щыдэкІым щыгъуэ Даут къыгурыІуащ Авессалом ищІ мурадхэр къыжраІэн щхьэкІэ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыху гуэрхэр Ерусалим къыдэнэн зэрыхуейр. Даут а къалэныр Цадокрэ нэгъуэщІ дин пашэхэмрэ я пщэ дилъхьащ. (Къеджэ 2 Самуила 15:27—29.) Ахэр хуабжьу сакъын хуейт. Абыхэм я мурадыр сэтей хъуамэ, я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ хъунут. Авессалом щхьэзыфІэфІт, лей мыгъэгъут, цІыху напэншэт икІи щІэпхъаджащІэт. Цадокрэ нэгъуэщІ дин пашэхэмрэ тІасхъэщІэхыу зэрыщытыр Авессалом къищІатэмэ абыхэм ярищІэнур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт!

Даут шынагъэ зыпылъ къалэн Цадок ирет (9 абзацым феплъ.)


10. Дапхуэдэу Цадокрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ Даут и гъащІэр къызэрырагъэлар?

10 Даут а Іуэхум зэрыхэкІын Іэмал къигупсысри, Цадокрэ нэгъуэщІ и ныбжьэгъу пэж Хушайрэ къыдэІэпыкъуну елъэІуащ (2 Сам. 15:32—37). Даут къигупсысам тету Хушай фэ зытригъэуэн хуейт Авессалом и лъэныкъуэр иІыгъ хуэдэу. Абы нэмыщІ Даут узэрытеуэ хъуну щІыкІэм теухуауэ Хушай Авессалом чэнджэщ иритын хуейт. А псом Даут Іэмал къритынут а зауэм зыхуигъэхьэзырыну. Хушай Авессалом ирита чэнджэщыр Цадокрэ Авиафаррэ яІэригъэхьащ (2 Сам. 17:8—16). Абыхэм Даут хъыбар ирагъэщІэжащ (2 Сам. 17:17). Апхуэдэу Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Цадокрэ нэгъуэщІ дин пашэхэмрэ Даут и гъащІэр кърагъэлащ (2 Сам. 17:21, 22).

11. Къуэш, шыпхъухэм фащыдэІэпыкъум деж Цадок игъэлъэгъуа лІыгъэм дапхуэдэу щапхъэ зэрытефхыфынур?

11 Зэман гугъухэм деж къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъун хуей хъумэ, дапхуэдэу дэ Цадок игъэлъэгъуа лІыгъэм щапхъэ зэрытетхыфынур? 1) Унафэ къыватам фытет. Гугъуехь гуэр дыщыпэщІэхуэм деж ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Филиалым къикІ унафэхэм федаІуэ (Евр. 13:17). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр а унафэхэм щІэх-щІэхыурэ тепсэлъыхьын хуейщ, гузэвэгъуэ гуэр къэхъумэ, зэхуэсым щыщхэр абы хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ (1 Кор. 14:33, 40). 2) ЛІыгъэ зыхэвгъэлъ, ауэ фымыбэлэрыгъ (Прит. 22:3). Зыгуэр фщІэн ипэ фІыуэ фегупсыс икІи зэрыхъукІэ фысакъ. 3) Иеговэ фыщыгугъ. Къуэш, шыпхъухэм фащыдэІэпыкъум деж зыщывмыгъэгъупщэ фэ фи гъащІэри къуэш, шыпхъухэм я гъащІэри Иеговэ дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр. Алыхьым Іущагъ къывитынущ нэгъуэщІхэм фащыдэІэпыкъукІэ фи гъащІэр нэхъ хъума зэрыхъун Іэмал къэвгъуэтыну.

12, 13. Викторрэ Виталийрэ къаІуэтэжам сытым фыхуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

12 Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт Викторрэ Виталийрэ Украинэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм шхынрэ псырэ хуашэт. «Дэ дэнэ щІыпІи шхын къыщытлъыхъуэт, — жеІэж Виктор. — ІэщэкІэ щызэхэуэм дежи щІэх-щІэхыурэ апхуэдэу тщІэн хуей хъут. Зэгуэр тыкуэн зыгъэлажьэу щыта ди зы къуэшыр ерыскъыкІэ къыддэгуэшащ. Абы и хьэлэлагъым и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъу куэдым зэман гуэркІэ ерыскъы яІащ. А ерыскъыр машинэм щитлъхьэм щыгъуэ метр 20 хуэдизкІэ ди гъунэгъуу ракетэ къыщехуэхащ, ауэ, ди насыпти, ар къэуакъым. А махуэм и кІуэцІым увыІэгъуэ симыІэу Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ селъэІуащ лІыгъэ къысхилъхьэну, адэкІи къуэш, шыпхъухэм садэІэпыкъун щхьэкІэ».

13 «Дэ лІыгъэшхуэ тхэлъын хуейт, — жеІэ Виталий. — Сэ япэу сызытеува гъуэгум сыхьэт 12-кІэ сытетащ. Гъуэгум сытетыху сымыувыІэу Иеговэ сепсалъэт». Виталий лІыгъэ хэлъми, ар хуабжьу сакът. Абы пещэ: «Сэ сытым дежи Алыхьым селъэІут Іущагъ къызитыну икІи си зэфІэкІыр здынэсыр сщІэжыну. Къэрал унафэщІхэм хуит уздащІ гъуэгухэрат сыздрикІуэр. Къуэш, шыпхъухэр зы Іэпкълъэпкъым хуэдэу зэрызэдэлажьэр щыслъэгъуам си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуащ. Абыхэм дызрикІуэн хуей гъуэгухэр тхузэтраухуэт, шхыни хьэпшыпхэри зэхуахьэсти, машинэм иралъхьэт, дагъашхэт икІи зыдгъэпсэхуну ахэр къыддэпыкъут».

Къуэшхэм фащыдэІэпыкъум деж лІыгъэ зыхэвгъэлъ, ауэ фысакъ (12, 13 абзацхэм феплъ.)


ИЕГОВЭ ХУЭПЭЖУ ФЫКЪАНЭ

14. ФІыуэ тлъагъу гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?

14 Ди ныбжьэгъу е ди Іыхьлы гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж абы нэхърэ нэхъ гъэунэхуапІэ хьэлъэ щыІэу къыщІэкІынкъым (Пс. 78:40; Прит. 24:10). А цІыхумрэ уэрэ фи зэхуаку лъагъуныгъэ быдэ дэлъу щытамэ, ар уэ хуабжьу къыптехьэлъэнущ. Апхуэдэ гъэунэхуапІэ уихуамэ, Цадок пэжу къызэрынам и щапхъэм уэ къару къыуитыфынущ.

15. Иеговэ хуэпэжу къэнэн щхьэкІэ Цадок лІыгъэ щІыхуэныкъуэр сытыт? (1 Царей 1:5—8).

15 Цадок Иеговэ пэжу къыхуэнащ и ныбжьэгъу Авиафар Алыхьым щепцІыжам щыгъуэ. А Іуэхугъуэр къыщыхъуар Даут и пащтыхьыгъуэм и кІэм дежщ. Даут и ныбжьыр хэкІуэтати, и къуэ Адоние мурад ищІащ пащтыхьыгъуэр зыІэригъэхьэну, Иеговэ а пащтыхьыгъуэр Сэлмэн иритыну жиІа пэтми (1 Лет. 22:9, 10). Авиафар Адоние и лъэныкъуэр иубыдащ. (Къеджэ 1 Царей 1:5—8.) Къапщтэмэ, ар Даут и закъуэкъым зэпцІыжар, атІэ Алыхьми епцІыжащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт а Іуэхугъуэр Цадок и гум къызэреуар! Илъэс 40-м щІигъукІэ абырэ Авиафаррэ зэкъуэту зэдэлэжьат: а тІур зэгъусэу дин пашэу лажьэт икІи зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм я нэІэ трагъэтт (2 Сам. 8:17; 15:29). А зэманым къриубыдэу тІуми Даут и пащтыхьыгъуэр даІыгъащ, Іуэху куэди зэгъусэу зэдащІащ (2 Сам. 19:11—14).

16. Сыт Цадок къыдэІэпыкъуар Иеговэ хуэпэжу къэнэну?

16 Авиафар ищІам емылъытауэ Цадок Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Цадок къызэрыхуэпэжым Даут зэи шэч къытрихьэтэкъым. Адоние и мурадыр наІуэ щыхъуам щыгъуэ, Цадок, Нафан, Бенае сымэ Даут унафэ яхуищІащ Сэлмэн пащтыхьу трагъэувэну (1 Цар. 1:32—34). Апхуэдэ цІыху пэжхэр зэригъусар Цадок къыдэІэпыкъуащ Иеговэ хуэпэжу къэнэну (1 Цар. 1:38, 39). Сэлмэн пащтыхь щыхъуам щыгъуэ, абы Авиафар и пІэкІэ Цадок дин пашэу тригъэуващ (1 Цар. 2:35).

17. Дапхуэдэу Цадок щапхъэ зэрытетх хъунур ди ныбжьэгъу е ди Іыхьлы гуэрым пэжыр къигъэнамэ?

17 Дапхуэдэу Цадок щапхъэ зэрытефх хъунур? Фи ныбжьэгъу е фи Іыхьлы гуэрым пэжыр къигъэнамэ, Иеговэ и лъэныкъуэр фІыгъыну быдэу мурад фщІы (Иис. Н. 24:15). Алыхьым къаруи лІыгъи къывитынущ Іущагъ зыхэлъ унафэ къэфщтэн щхьэкІэ. Абы фыщыгугъ, тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи Алыхьым хуэпэжхэм гъунэгъу захуэфщІ. Иеговэ фызэрыхуэпэжыр лъапІэу елъытэ икІи Іэмал имыІэу тыгъэ фхуищІынущ (2 Сам. 22:26).

18. Маркорэ Сидсерэ жаІэжам сытым фыхуигъасэрэ?

18 Ма́ркорэ абы и щхьэгъусэ Си́дсерэ я щапхъэм деплъынщ. Абыхэм балигъ хъуа я пхъуитІми пэжыр къагъэнащ. Марко жеІэ: «Уи сабийр уэ апхуэдизкІэ фІыуэ уолъагъури пхузэфІэкІыу хъуар пщІэнущ ар Іейм щыпхъумэн щхьэкІэ. Ди пхъуитІым Иеговэ къыщагъэнам щыгъуэ ар ди гум егъэлеяуэ щІыхьат». Марко пещэ: «Ауэ дэ сытым дежи Иеговэ ди гъусэт. Абы и фІыгъэкІэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ зыр зым щІэгъэкъуэн дыхуохъу. Сэ къарууншэ сыщыхъум деж, Сидсе къыздэІэпыкъут. Ауэ си щхьэгъусэм къару щимыІэм деж, сэ абы щІэгъэкъуэн сыхуэхъут». Сидсе пещэ: «Иеговэ димыгъусатэмэ, дэ а гугъуехьым дыпэлъэщынутэкъым. СощІэж си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжу зэрыщытар, ар сэ си ягъэу къэслъытэу. А гурыщІэхэмкІэ Иеговэ сыдэгуэшащ. Махуэ зыбжанэ дэкІауэ дыщызэхуэс Унэм сыщыІэу куэд щІауэ сымылъэгъуа зы шыпхъу къызбгъэдыхьащ. Абы ІэплІэ къысхуищІщ, къызэплъри, жиІащ: „Сидсе, си шыпхъу, ар уэракъым зи лажьэр“. Иеговэ къызэрыздэІэпыкъум и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэ зыфІэзмыгъэкІуэду сыхуолэжьэф».

19. Мы статьям сытым фыхуигъэушрэ?

19 Иеговэ хуейщ абы и лэжьакІуэхэм псоми Цадок хуэдэу лІыгъэ яхэлъыну (2 Тим. 1:7). Ауэ абы къикІкъым ди щхьэ закъуэм дыщыгугъыжын хуейуэ. Ди Алыхь Иеговэ хуейщ дэ абы дыщыгугъыну. ЛІыгъэ щыфхуримыкъум деж ар къывитыну Иеговэ фелъэІу. Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ Цадок хуэдэу фэри Алыхьым лІыгъэ къызэрыфхилъхьэнум! (1 Пет. 5:10).

126 УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!