ЗЭПКЪРЫПХ ХЪУНУ ТЕМЭР
Библиер куууэ зэрыдджыр дымыжейуэ дысакъыну къыддоІэпыкъу
Къеджэ Даниил 9:1—19, Библиер куууэ бджыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр къыбгурыІуэн щхьэкІэ.
Контекстым итым егупсыс. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къэхъуа икІи а Іуэхугъуэхэм дапхуэдэу Данил и гъащІэр зэрахъуэжар? (Дан. 5:29—6:5). Данил ипІэ уитамэ, сытыт зыхэпщІэнур?
Куууэ зэпкърых. Сыт хуэдэ «тхылъ лъапІэхэра» Данил зызыхуигъэзауэ къыщІэкІынур? (Дан. 9:2, сноскэ; w11-U 1/1 22, абз. 2). Сытыт Данил и гуэныхьхэм и мызакъуэу, лъэпкъ псом и гуэныхьхэм щхьэкІи Алыхьым зыщІыхуигъэзар? (Лев. 26:39—42; 1 Цар. 8:46—50; dp-U 182—184). Данил Алыхьым и Псалъэр куууэ иджу зэрыщытар и тхьэлъэІум дапхуэдэу къызэрыхэщыр? (Дан. 9:11—13).
Дерсхэр. ЗэупщІыж:
-
«Мы дунейм къыщыхъу Іуэхухэр Алыхьым сызэрыхуэлажьэм дапхуэдэу зэран зэрыхуэзмыгъэхъунур?» (Мих. 7:7).
-
«Данил хуэдэу Алыхьым и Псалъэр куууэ зджын щІыхуейр сыт?» (w04-U 1/8 12, абз. 17).
-
«Сымыжейуэ сысакъыну Библием и сыт хуэдэ темэхэр къыздэІэпыкъуну?» (Мт. 24:42, 44; w12-U 15/8 5, абз. 7, 8).