Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

15-НЭ УРОКЫР

АдэкІи Иеговэ теухуа пэжыр къэпщІэн щІыхуейр сыт?

АдэкІи Иеговэ теухуа пэжыр къэпщІэн щІыхуейр сыт?

1. Библиер адэкІи бджыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм кІэщІу дызэрыхэплъам, дауикІ, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин ищІащ. Ауэ а лъагъуныгъэр сыт щыгъуи хэдгъэхъуэн хуейщ (1 Петр 2:2). Алыхьым теухуа щІэныгъэр адэкІи зэбгъэгъуэтмэ икІи и Псалъэр бджымэ, уэ гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуфынущ. (Къеджэ Иуан 17:3; Иудэ 21.)

Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэху уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. ФІэщхъуныгъэр уэ къыбдэІэпыкъунущ Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу дунейм утетыну (Еврейхэм 11:1, 6). Абы ухуигъэушынущ пщІа гуэныхьхэм ухущІегъуэжыну икІи уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэну. (Къеджэ Апостолхэм 3:19.)

2. Алыхьым теухуауэ уиІэ щІэныгъэхэр нэгъуэщІхэм дауэ зэрыдэІэпыкъуфынур?

Иеговэ и ныбжьэгъу ухъуну узэрыхуейр тхьэлъэІукІэ зыхуэгъази жеІэ

ДауикІ, уэ къэпщІамкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэну ухуеинущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми хъыбарыфІхэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну ди фІэфІщ. Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэху Библиер къэбгъэсэбэпурэ абы итыр уи фІэщ щІэхъур нэгъуэщІхэм къагурыбгъаІуэу зебгъэсэнущ. (Къеджэ Рим 10:13—15.)

Куэдыр япэщІыкІэ я ныбжьэгъухэмрэ я благъэхэмрэ хъыбарыфІымкІэ ядогуашэ. НэгъуэщІхэм я диныр зэрымыпэжыр жыпІэу я жагъуэ пщІы нэхърэ Алыхьым къыдит гугъэ дахэмкІэ уадэгуашэмэ нэхъыфІщ. Абы нэмыщІ уигу игъэлъ уэ уи псалъэхэм нэхърэ уи ІуэхущІафэхэм нэхъыбэ зэрыжаІэфынур. (Къеджэ 2 Тимофей 2:24, 25.)

3. Библиер зэрыбджым Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дауэ нэхъ быдэ зэрищІыфынур?

Библие джыныр уэ къыбдэІэпыкъунущ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуну. Хуэмурэ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку ныбжьэгъугъэ къыдыхьэнущ икІи уэ абы и унагъуэм щыщ ухъуфынущ. (Къеджэ 2 Коринф 6:18.)

4. АдэкІи Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІыну ухуейуэ щытмэ, Библие джыныр къомыгъэувыІэ (Еврейхэм 5:13, 14). Иеговэ и Щыхьэтхэм ящыщ гуэрым елъэІу «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъымкІэ Библиер уи гъусэу иджыну. Алыхьым и Псалъэм итыр нэхъыбэу къэпщІэху уи гъащІэр нэхъ насыпыфІэ хъунущ. (Къеджэ Псалом 1:1—3; 73:27, 28.)

ХъыбарыфІыр къызыбгъэдэкІыр Алыхь насыпыфІэ Иеговэщ. Уэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуфынущ, абы и лъэпкъым щыщ ухъуу щытмэ (Еврейхэм 10:24, 25). Уи ІуэхуфІхэмкІэ Иеговэ щыбгъэгуфІэм деж уэ гъащІэ пэжым — гъащІэ мыухыжым нэхъ гъунэгъу ухуохъу. Алыхьымрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ щІы. Абы нэхърэ нэхъ лъапІэ цІыхум зыри иІэфынукъым! (Къеджэ 1 Тимофей 1:11, ДЩІ; 6:19.)