Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Табитэрэ сэрэ зэгъусэу хъыбарыфІыр догъэІу

БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ

Сэ Алыхьыр зэрыщыІэр си фІэщ хъутэкъым

Сэ Алыхьыр зэрыщыІэр си фІэщ хъутэкъым
  • КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1974

  • КЪЫЩАЛЪХУА КЪЭРАЛЫР: ГДР

  • ЯПЭМ: АЛЫХЬЫР И ФІЭЩ ХЪУТЭКЪЫМ

И ГЪАЩІЭМ УЩЫЗЫГЪЭГЪУАЗЭ

Сэ Саксоние щыІэ къуажэ цІыкІум сыкъыщалъхуащ. А зэманым ар ГДР-м и щІыналъэм хыхьэт. Ди унагъуэм сыт щыгъуи мамырыгъэ илът, икІи си адэ-анэм фІыуэ сагъасэт. ГДР-р коммунистическэ къэралти, абы щыпсэухэм диныр къафІэІуэхутэкъым. Сэри Алыхьыр зэрыщыІэр си фІэщ хъутэкъым. Илъэс 18 сыхъухукІэ атеизмымрэ коммунизмымрэ сыщІапІыкІащ.

Коммунистхэм зэрыжаІэмкІэ, цІыху псори зэхуэдэт икІи абыхэм мылъкур зэхуэдэу ятебгуашэмэ, къулеи къулейсызи щымыІэу псори зэхуэдэу псэунут. Апхуэдэ еплъыкІэхэр сигу ирихьти, щІалэгъуалэм я коммунистическэ организацэм сыхыхьащ. Илъэс 14 сыщыхъум дыкъэзыухъуреихь дунейр хъума хъуным икІи тхылъымпІэ тІорысэм зыгуэр къыхэщІыкІыжыным епха Іуэхугъуэм сыхэтащ. Ауэ́ жыхуаІэ къалэ цІыкІум и къулыкъущІэхэм «почетный гражданин города» цІэр къысхуагъэфэщащ. СызэрыныбжьыщІэм емылъытауэ, ГДР-м и политик цІэрыІухэм сыкъацІыхут. Сэ быдэу си фІэщ хъут си мурадхэр зэрыпэжыр икІи си къэкІуэныр зэрынэхур.

Ауэ си щхьэм илъ дуней дахэр зэгуэр напІэзыпІэм щэщэжащ. 1989-нэ гъэм Берлинская стена жыхуаІэмрэ къуэкІыпІэ ЕвропэмкІэ щыІэ коммунистическэ къэралхэмрэ лъэлъэжащ. Абы иужь иту иджыри зы хъыбар Іей къэсщІащ: ГДР-м хабзэншагъэ куэд къыщекІуэкІт. Псалъэм папщІэ, коммунистхэм я лъэныкъуэр зымыІыгъхэм нэмыплъ иратт. «Ар дауэ?»— жысІэу сгъэщІагъуэт. Дэ, коммунистхэм, ди фІэщ хъут цІыху псори зэрызэхуэдэр. Апхуэдизу си фІэщ хъур пцІыуэ къыщІэкІащ, икІи абы хуабжьу си лъэр щІихащ.

Си мурадхэр схъуэжри музыкэмрэ искусствэмрэ си гъащІэр естащ. Музыкальнэ училищер къэзыуха нэужь, университетым сыщІэтІысхьэну Іэмал сиІэт. Сэ сехъуапсэт сурэтыщІ икІи музыкант сыхъуну. Си адэ-анэм къызбгъэдалъхьа гъэсэныгъэр сщыгъупщэу хъуащ. Зэману сиІэр нэгу зегъэужьыным тезгъэкІуадэт. Псалъэм папщІэ, зы зэманым зэуэ хъыджэбз зыбжанэм сепсалъэт. Музыкэм, исскуствэм, нэгу зегъэужьыным гъащІэр тезгъэкІуадэми, си гур нэщІт. СщІы сурэт нэгъунэхэми къыхэщт си гум шынэрэ гузэвэгъуэрэ зэрытелъыр. Си щхьэм мыпхуэдэ упщІэхэр зэпымыууэ щыкІэрахъуэт: сыт къыспэщылъыр? Сыт сыщІэпсэур?

Сызыгъэгузавэ упщІэхэм я жэуапхэр куэд мыщІэу къэзгъуэтащ. Зэгуэр пщыхьэщхьэм еджапІэ нэужьым ди къэкІуэным дытепсэлъыхьу студент гупыр дызэхэст. Къыддеджэ хъыджэбз Манди * Иеговэ и Щыхьэтт. А пщыхьэщхьэм абы чэнджэщыфІ къызитащ: «Андреас, жэуапхэр къэбгъуэтыну ухуеймэ, Библием къыщылъыхъуэ».

Си гурыщІэхэр зэхэзэрыхьат: зы лъэныкъуэкІэ къапщтэмэ, ар сфІэгъэщІэгъуэнт, ауэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, дзыхь хуэсщІтэкъым. Дауэ мыхъуами, Библием зыхуэзгъэзэну сытегушхуащ. Манди гу лъызигъэтащ Даниил тхылъым, 2-нэ псалъащхьэм ит къэхъун хуей псалъэхэм. Абы итыр хуабжьу згъэщІэгъуащ. Дунейпсо державэхэм зым зыр ихъуэжурэ къызэрекІуэкІам теухуауэ абы сыкъыщеджащ. Абы нэмыщІ Манди сэ сигъэлъэгъуащ цІыхухэм къапэщылъ гъащІэм теухуауэ Библием жиІэр. Мис иджы си упщІэхэм я жэуапхэр къэзгъуэтат! Къэхъун хуей псалъэхэр апхуэдэу пэжу хэт жызыІэфынур? Алыхьыр зэрыщыІэр пэжу пІэрэ?

БИБЛИЕМ СИ ГЪАЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР

Манди сигъэцІыхуащ Иеговэ и Щыхьэту щыт зэщхьэгъуситІ. Ар Хорстрэ Ангеликэрэт икІи сэ абыхэм я гъусэу Библиер сджыуэ щІэздзащ. Сэ псынщІэу къызгурыІуащ Иеговэ и Щыхьэтхэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми Алыхьым и цІэр къызэримыгъэсэбэпыр икІи а цІэм теухуауэ адрейхэм зэражримыІэр (Псалом 83:18; Маттэ 6:9). Сэ къэсщІащ Алыхь Иеговэ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яритыну къызэригъэгугъэр. Псалом 37:9 щыжыІащ: «Иеговэ щыгугъхэм щІыр щІэину къалъысынущ». Алыхьым и хабзэхэм тету псэуну хущІэкъу дэтхэнэ зыми а Іэмалыр зэриІэр сэ хуабжьу сигу ирихьащ.

Ауэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэслъхьэну тынштэкъым. Музыкэмрэ искусствэмрэ щызэзгъэгъуэта ехъулІэныгъэхэм цІыху пагэ сащІати, япэ дыдэу сэ Іэдэбагъым зыхуезгъэсэн хуейт. ГъащІэ мыхъумыщІэр къэзгъэнэну си дежкІэ гугъут. Ауэ Библием ит принципхэм тетын папщІэ къару куэд езыхьэлІэхэм Иеговэ шыІэныгъэ, гущІэгъу икІи зэхэщІыкІ хэлъу яхущытщ. Абы щхьэкІэ сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ!

Сэ илъэс 18-кІэ коммунизмымрэ атеизмымрэ сыщІапІыкІащ. Ауэ иужькІэ сэ мурад сщІащ си гъащІэр Библием езгъэунэтІыну. Си къэкІуэным щхьэкІэ афІэкІа сышынэжтэкъым икІи гъащІэм и мыхьэнэр къызгурыІуащ. 1993-нэ гъэм сэ псым зыщІэзгъауэри, Иеговэ и Щыхьэт сыхъуащ. Сэ 2000 гъэм ди шыпхъу Табитэ къэсшащ. Ар Иеговэ жыджэру хуолажьэ. Библием итымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэным дэ зэман куэд тыдогъэкІуадэ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ дахуозэ, сэр хуэдэу, коммунизмымрэ атеизмымрэ щІапІыкІа цІыхухэм. Абыхэм Иеговэ теухуауэ яжесІэну си гуапэщ.

СИ ГЪАЩІЭР НЭХЪЫФІ ЗЭРЫХЪУАР

Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зэрызджыр си адэ-анэм къыщащІам щыгъуэ, абыхэм я щхьэфэцым зиІэтат. Ауэ иужькІэ абыхэм къалъэгъуащ Иеговэ и Щыхьэтхэр зэрызгъэныбжьэгъум си гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжыр. Иджыпсту ахэр Библием йоджэ икІи ди зэІущІэхэм къокІуэ. Сэ абы хуабжьу сыщогуфІыкІ.

Си щхьэгъусэмрэ сэрэ дынасыпыфІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием ит чэнджэщхэм дызэрытетыным дыхущІокъу. Псалъэм папщІэ, дызэрызэхуэпэжыр къыддоІэпыкъу зыр зым дзыхь хуэтщІыну (Еврейхэм 13:4).

ГъащІэ дахэ къызэрыспэщылъыр сэ быдэу си фІэщ мэхъу. Сэ унагъуэшхуэ зэзгъэгъуэтауэ жыпІэ хъунущ. Абы зэхэгъэж зыми ищІкъым икІи мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ сыт щыгъуи илъщ. Арат сыт щыгъуи си гур зыхуэпабгъэр икІи арат сыт щыгъуи сызыщІэхъуэпсыр.

^ абз. 12 ЦІэр зэхъуэкІащ.